Хьэ хьэулейхэм псэупIэ хуащIащНалшык къалэм и уэрамхэм сабии балигъи ягъэшынэу дэт хьэ хьэулейхэм унафэ ягъуэтащ. Къалэ уэрамыщхьэхэм хьэ куэд зэрытетым иригузавэу цIыхухэр куэдрэ къалэ администрацэм тхащ, ауэ иджыщ а гукъеуэм кIэ щигъуэтар. Налшык къалэ округым и администрацэм и лэжьакIуэ АфэщIагъуэ Руслан зэрыжиIэмкIэ, хьэхэр щаIыгъ, щагъэхъуж IуэхущIапIэр Къэбэрдей уэрамыр щиухыу Прохладнэм хуэкIуэ гъуэгур щыщIидзэм деж тетщ. Къэрал хабзэхэм къызэрагъэувым тету, а IуэхущIапIэм псэущхьэхэм щакIэлъоплъ, щоIэзэ, щаIыгъ. - Хьи 130-рэ зэуэ щIэхуэнущ а ухуэныгъэм, ар гектари 2-м нэс щIым тетщи, нэхъыбэж щаIыгъыфын хуэдэу иджыри къыпыпщIыхьыжыну Iэмал щыIэщ. Ауэ нобэкIэ дызыхуэныкъуэ псори диIэщ, лэжьакIуэхэри ди куэдщ. Пэжщ, зэман куэд ихьащ мы ухуэныгъэр къызэгъэпэщыным, къытхуагъэува пIалъэми дизэгъакъым. Ар къызыхэкIар – къыдата щIыр нэхъапэIуэкIэ кIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэу щытати, щIыр пхрыхурт. Ухуэныгъэр быдэн, кIуэцIрымыщэтын папщIэ, куууэ ех бетон щIэгъэкъуэни 170-рэ хэдгъэжыхьри, абы унэр тетщIыхьыжащ, - жеIэ АфэщIагъуэм. Тамбий Гуащэмахуэ.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
|