Зэадэзэкъуэмрэ шыдымрэЗэгуэрым адэмрэ и къуэмрэ я шыдыр я гъусэу уэрамым дыхьат. Адэр шыдым тест, къуэм вожэр иIыгът. - Сабий тхьэмыщкIэ! - жиIащ гъуэгурыкIуэ гуэрым, - и лъакъуэ псыгъуэ цIыкIухэр шыдым лъэщIыхьэ къудейщ. Дауэ шыдым IитIэлъитIу утесыф, сабийм бэлыхьыр тебгъэлъу? Адэм и гум щIыхьащ гъуэгурыкIуэм и псалъэхэр. Езыр шыдым къепсыхри, щIалэ цIыкIур тригъэтIысхьащ. Куэд ямыкIуу, аргуэру къахуэзащ лIы гуэр. Аргуэрыр губжь щIэлъу къогуо: - ЕмыкIущ мы слъагъур! Сабийр пащтыхьым ещхьу шыдым тесщ. Нэхъыжьыр лъэсу кIэлъокIуэ. ЩIалэ цIыкIур ириукIытащ лIым жиIам, адэр къыпытIысхьэнуи елъэIуащ. - Мыр сыт гущIэгъуншагъэ! - мэхъущIэ ахэр къэзылъэгъуа фыз гуэрыр. - Зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэм и фэр апхуэдизу щхьэ ифхрэ? Зы псалъи жамыIэу зэадэзэкъуэр шыдым къепсыхри, абы бгъурыту ежьэжащ. Я гъуэгум хагъэщIаIатэкъым, зэкIуэцIылъэлъу къащыдыхьэшхыу къахуэкIуэ лIыр щалъэгъуам: - Е зиунагъуэрэ, мы шыдыр фыщIиIэм и мыхьэнэр сыт, сэбэп мыхъунумэ. ТIум яз фытетIысхьэ хъунукъэ, фымыгъэхьэулейуэ? Шыдыр зей лIым и Iэр щIалэ цIыкIум и дамащхьэм хьэлъэу трилъхьэри жиIащ: - Дауэ дщIыми, дагъуэ къытхуэзыгъуэтын дрихьэлIэнущ. Дэ езым ди Iуэху къызэрикIынум хуэдэу тщIымэ нэхъыфIщ, псоми задедгъэкIуну и ужь дихьэ нэхърэ?
Пхъэ фалъэ Жьы дыдэ хъуа лIыжьым и нэхэм щIагъуэу ямылъагъуж, и тхьэкIумэр хуэдэгу хъуат, и Iэпэлъапэхэр сысырт. Бжэмышхыр зэрыIэщIэмызагъэм къыхэкIыу, хьэнтхъупс щефэкIэ ирикIутырти, стIолтепхъуэм трикIэрт, иныкъуэхэм дежи и жьэм ихьа ерыскъыр къыжьэдэхужырт. ЛIыжьым и къуэмрэ и нысэмрэ къыщымэхъашэрти, дурэшым шэнт худагъэувэрти, хьэпщыкъу тIорысэкIэ ягъашхэрт. ЛIыжьыр нэщхъейуэ IэнэмкIэ къаплъэрти, и нэпсхэм къызэпажыхьырт. Махуэ гуэрым абы тепщэчыр къыIэпщIэхури къутати, пхъэ шынакъ къыхуахьащ, дяпэкIэ абы ирагъэшхыкIыну. Зэгуэрым зэлIзэфызыр Iэнэм пэрысу, илъэсиплI зи ныбжь я щIалэ цIыкIур унэм къыщIыхьэжащ. Абы пхъэ тыкъыр IэщIэлът. - Сыт мы пхъэ тыкъыр пIыгъым епщIэнур? - щIэупщIащ адэр. - Мыбы фалъэ къыхэсщIыкIынущ, - жиIащ сабийщ, - сэ ин сыхъумэ, мамэрэ уэрэ фризгъэшхэн хуэдэу.
ФIыщIэ Сабий гуэр зеиншэ хъури, и Iыхьлы жыжьэ гуэрым зришэлIэжат. Сабийр къэзыщтэжа лIыр къыхуэгущIэгъуншэт: щIалэ цIыкIум щIэх-щIэхыурэ удын гъущэ иридзырт, езыр шха нэужь, къанэр къыхуидзырт, и ней къыщыхуэмэ, щIыунэм щIидзэрти, сыхьэт бжыгъэкIэ щIигъэсырт, нэгъуэщI сабийхэм дигъэджэгуртэкъым. Зэгуэрым а псор хуэмышэчыжу щIалэ цIыкIур къыщIэпхъуэжащ. Куэдрэ къызэхикIухьащ абы дунейр: щIакхъуэ Iыхьэ щхьэкIэ лъаIуэу, къыздыпэщIэхуэм щыIурихыу. Зэгуэрым ар тежеящ дзэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъасэ школым и бжэщхьэIум. Школым и гъэсакIуэр апхуэдизкIэ лъэщти, и хъыбарри жыжьэ нэсат. Абы щIалэ цIыкIур зришалIэри, дзэ хуэIухуэщIэхэм хуигъэсащ. Илъэсхэр кIуащ. ЩIалэ цIыкIур и гъэсакIуэм лъэщIыхьэжащ IэзагъкIэ. ГъэсакIуэр щылIэм, и школыр щIалэм къыхуигъэнащ. Зэгуэрым щIалэр и гъэсэнхэм я гъусэу и сабиигъуэр щыкIуа щIыпIэхэм къыщыхутащ. Унэхэм язым и куэбжэпэм Iуст щIалэм и благъэ ткIийр. - Мо лIыжьращ сызыIэщIэкIауэ щытар, - яжриIащ абы и гъусэхэм. Модрейхэм я къамэхэр кърапхъуэтат, я гъэсакIуэм ялъ ящIэжыну илъу. Ауэ щIалэм къигъэувыIэжащ ахэр: - Сэ абы фIыщIэшхуэ хузощI. Иджыпсту сиIэ псори абы и фIыгъэкIэ зыIэрызгъэхьащ. Хэтыт сэ сызэрыхъунур, ар мыхъуамэ?
Кхъузанищ ЛIы Iущ гуэрым и деж зыгуэр къакIуэри жиIащ: - ПщIэрэ нобэ уэ щхьэкIэ уи ныбжьэгъум жиIар? - Зэ догуэ, - къигъэувыIащ ар лIы Iущым, - ар къызжепIэн ипэ, уи псалъэхэр кхъузанищым щIэгъэкI. - Сыт хуэдэ кхъузанищ? - ЖыпIэнIа ипэ, кхъузанищым щIэгъэкIын хуейщ. Япэрауэ, пэжым и кхъузанэм… Уэ зэхэбгъэкIа иджыпсту къызжепIэну хъыбарыр пэжрэ пцIырэ? - Хьэуэ. Сэ ар жаIэу зэхэсхауэ аркъудейщ… - Ыхьы… Абы щыгъуэм, ар хъыбар нэпцIу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунум егупсыс. Иджы етIуанэ кхъузанэм щIэгъэкI – си ныбжьэгъум укъызэрысхутепсэлъыхьынур фIы и лъэныкъуэкIэ? - Хьэуэ, абы теухуауэ бжесIэнур щIагъуэкъым. - ЗэрыжыпIэмкIэ, - пищащ лIы Iущым и псалъэм, - уэ зыбогъэхьэзыр абы екIэ утепсэлъыхьыну, ауэ щыхъукIи, хужыпIэнум и пэжагъыр зэхэбгъэкIакъым. Уи псалъэхэр ещанэ кхъузанэми щIумыгъэкIыу хъунукъым. Мыхьэнэ гуэр иIэ къызжепIэну зыбгъэхьэзырам, хъер гуэр къыпыкIыну? - Хьэуэ, жызмыIэми зыри къэхъунукъым… - АтIэ къызжепIэну узыхэт псалъэхэм яхэлъкъым пэжыгъи, гуапагъи, мыхьэнэи. Сыт атIэ щIыжыпIэнур? Сэтей къэмыхъу щIыкIэ, гъэпщкIуж.
Шыдымрэ псыкъуиймрэ
Зыгуэрым и шыдыр псыкъуийм ихуауэ кърихыжыфтэкъыми, егупсысащ: - Си шыдыр армырами жьы хъуащ, куэд къипсэужынуи къыщIэкIынкъым. ШыдыщIэ къэсщэхун хуейщ армырами. Мы псыкъуийри игъуэжащ, итхъуэжауэ, щIэ къэтIын хуейщ. Уегупсысмэ, иджыпсту си IуэхуитIри зэуэ зэфIэзгъэкIыфынущ: псыкъуийр истхъуэжынщ, апхуэдэ щIыкIэкIэ абы ихуа шыдри щIэслъхьэжынщ… ЛIым и гъунэгъухэр щIыхьэху ищIри, псыкъуийм щIы ирадзэу хуежьащ. Шыдым зихъунщIэ щхьэкIэ, абыи мыхьэнэ иратыртэкъым. Ауэ куэдыщи дэмыкIыу шыдыр щым хъужащ. ЛIыр псыкъуийм еплъыхмэ, елъагъу: шыдым и щIыбым ирадзэ щIыгулъыр зытриутхыпщIыкIыжым, лъакъуэкIэ теувэурэ къыдэбэкъуейрт. ЩIыгулъыр из щащIым, шыдыр псыкъуийм тыншу къипкIыжащ.
Зэхуэзыхьэсар ГЪУЭТ Синэщ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|