АдыгэлIым теухуа шэшэн уэрэд

 Димаев Алий шэшэн уэрэджыIакIуэщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы утыку кърихьащ «Лули ДжэбрэIил» пшыналъэр. Ауэ цIыхухэр абы зэреджэр «адыгэхэм ятеухуа шэшэн уэрэдщ».

 Уэрэдым щекIуэкI Iуэхугъуэр къыщыхъуар Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэрщ. Пащтыхьыдзэм ирихужьа адыгэ щIалэ гуэр Шэшэным щтапIэ щихьэжын и мураду щIэпхъуэри, къыпэщIэхуа къуажэм дыхьащ. Абы япэу къыхуэзахэм язт уэрэдым зи цIэр къыхэщ Лули и къуэ ДжэбрэIил.

 «Мы уэрэдыр лIы хуэдэу ди хабзэмрэ ди лъэпкъым и напэмрэ зыхъумэфа Лули ДжэбрэIил теухуащ, - жеIэри къедаIуэхэм захуегъазэ Димаев Алий, ар игъэзэщIэн щIимыдзэ щIыкIэ. - ЩIэблэщIэм абы и цIэр ягу ирелъ, щапхъэ зытрахын яIэн хуэдэу».

 И ужьым плъыр зэритыр, къыдэIэпыкъухэми фIы зэрыщIамыхынур занщIэу жызыIа адыгэр Къэбэрдейм къызэрикIуэсыкIар уэрэдым и псалъэхэм къыхощ. Ежьур адыгэ щIалэм бысым зыкъыхуэзыщIа ДжэбрэIил хэлъа лIыгъэм и щыхьэту къоув. «Лъэпкъым и напэр дунейм нэхърэ нэхъ лъапIэщ», - а псалъэхэращ уэрэдым и купщIэри, къытригъэзэху нэхъ куужу гум хохьэ.

 Ежьу: «ДжэбрэIил кIыфIым хэкIуатэу зигъэпщкIуакъым, къуэшыр «къыздэIэпыкъу» жиIэу къыщекIуэлIа сыхьэтым. «Умыгузавэ, къуэш, мы дунеишхуэм нэхърэ си дежкIэ си лъэпкъым и пщIэмрэ си цIыхухъу напэмрэ нэхъапэщ», - жриIэри, иригъэблэгъащ.

 Уэрэдым и макъамэр щIэзылъхьэжар езы Димаевырщ, ар икIи композиторщ. Псалъэхэр зейр Шэшэным щыцIэрыIуэ усакIуэ Ахмадов Мусащ. АдыгэбзэкIэ зэддзэкIын хуэдэу тхыгъэр зыIэрыдгъэхьэфакъым зэкIэ, ауэ макъамэкIи гъэзэщIэкIэкIи зыри зыдумыгъуэн уэрэдым и псалъэхэр интернетым щедэIуахэм я лъэIукIэ шэшэн щIалэ гуэрым адыгэхэм папщIэ зэридзэкIащ.

 «ЛъыкIэ ди къуэш адыгэхэм папщIэ мы уэрэдым и зэдзэкIыгъэр сотхри, ткIийуэ фемыплъ, - етх шэшэн щIалэм. - Си Iэмалым къызэрихькIэ, сэ къызэрызгурыIуэм хуэдэу зэздзэкIауэ аращ. Фи къуэш шэшэн», - дыкъыщоджэ и гу къабзэм и Iэужьыр хуит къытхуэзыщIам и тхыгъэм.

ЩIалэр усакIуэу щымытрэ пэт, псалъэхэр къызэрыбгурыIуапхъэм тету зэридзэкIащ. Уеблэмэ уэрэдыр шэшэныбзэрэ инджылызыбзэкIэ зэгъусэу зэзыдзэкIаи щыIэщ. А псор япэ лъэбакъуэу къэтлъытэнщ мы уэрэд дахащэр адыгэбзэкIи ягъэзащIэу хъун папщIэ.

Уэрэдым и хъыбарымкIэ къэдгъэзэжынщи, шэшэн унагъуэм адыгэр зэрыщагъэпщкIур мыгувэу цIыхухэм къащIащ. ХьэщIэр иджыри и пIэ изэгъатэкъым, фIы зигу имылъхэм пащтыхьыдзэм бзэгу щыхуахьам. Плъырхэр къосри, Къэбэрдейм къикIа хьэщIэр здэщыIэм щIоупщIэ. ДжэбрэIил адыгэ щIалэр щIегъэпхъуэжри, езыр зыпэува дзэм IэщIокIуадэ. Уэрэдым и мыхьэнэм гуитIщхьитI уищIыркъым: «ди лъэпкъ напэр зытхьэщIыжа ДжэбрэIилщ» абы хэт лIыхъужьым зэреджэр. АдэкIэ едзыгъуэ-едзыгъуэу уэрэдым и псалъэхэр зэдзэкIакIуэм зэритхам хуэдэу къэтхьынщ.

 «Япэ едзыгъуэ: «Пщыхьэщхьэ гуэрым, Валерик псыежэхым деж, мышэшэну зы цIыхухъу къекIуэлIащ. Пащтыхьым и унафэ пхэнжым Къэбэрдейр бэлыхь зэрыхидзам кърихужьауэ арат ар. Шэшэным и псэр къихьри къэкIуэсат, тепщэ бзаджэм хуэжыIэщIэн имыдэу, къыхихари и псэм нэхъ пэгъунэгъу лъэпкъырт. «ДжэбрэIил укъихъумэнщ, къуэш», - а псалъэхэр щIалэм бысым зэригъуэтам и щыхьэту къоув.

 ЕтIуанэ едзыгъуэ: «ДжэбрэIил хьэщIэр щIигъэхьэну хунэсатэкъым, епцIыжакIуэр епIэщIэкIыу адыгэ щIалэ щIэпхъуэжар ДжэбрэIил егъэпщкIу жиIэу бзэгу щихьам. Плъырхэр и ужь итагъэнущ. Тхьэмахуэ дэмыкIыу, пащтыхьыдзэм ДжэбрэIил и унэр Iэщэ яIыгъыу къаувыхьащ».

 Ещанэ едзыгъуэ: «ДжэбрэIил зигъэхьэзыращ, и хьэщIэм къыщхьэщыжу, и гъащIэр итыну. Къэбэрдей щIалэм щIэпхъуэжыпIэ иритри, езым и лъэпкъым напэтехыр щхьэщихащ. Уэрэдым и мыхьэнэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, ДжэбраIил сэлэтхэм япэщIэувэри, лIыхъужьу хэкIуэдащ».

 Уэрэдыр зэхэзылъхьахэм ятеухуауэ. Псалъэхэр зей Ахмадов Мусаи (1956 гъ.) макъамэр щIэзылъхьа, зыгъэзэщIа Димаев Алии Къыргъыз ССР-м къыщалъхуащ. Ахмадовыр тхакIуэщ, усакIуэщ, Шэшэн республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, республикэм и цIыхубэ усакIуэщ, «Вайнах» журналым и редактор нэхъыщхьэщ, 2006 гъэм къыхуагъэфэща «Дыжьын жьынду» саугъэтыр и ехъулIэныгъэхэм хуащIа гулъытэм и зы щапхъэщ. Ахмадовым Шэшэн къэрал университетым щригъэджащ, республикэм щэнхабзэмкIэ и министерствэм щылэжьащ. Абы и IэдакъэкъэщIэкIхэр зэрадзэкIащ балъкъэрыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, японыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ.

 Димаев Алий (1953 гъ.) - совет музыкантщ икIи композиторщ. Шэшэнми Ингушми я цIыхубэ артистщ. Уэрэд 500-м нэс зэхилъхьащ. 1970 гъэхэм Айдамиров Абузар и псалъэхэм Димаевым щIилъхьа макъамэр шэшэн гимну къащтауэ щытащ. Мы зи гугъу тщIы уэрэдри абы Iэзагъышхуэ зэрыбгъэдэлъым и щыхьэтщ.

Уэрэдым и псалъэхэр Ахмадов Муса и IэдакъэщIэкIыу щыщыткIэ, хьэзыру щыIэн хуейщ. Ауэ шэшэныбзэ зэрыдмыщIэм ди Iэр кIэщI ещI. КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр зычыфын къыкъуэкIмэ, уэрэдыр къызэрымыкIуэу дахэщ, Димаевым ар Iэмэпсымэ къыдемыжьууи, пшынэ макъым щIэтуи жеIэ. ДызэрыщыгъуазэмкIэ, Апэнэс Астемыр шэшэныбзэкIэ егъэзащIэ адыгэшым теухуа «Черкази» уэрэдыр. Хэт ищIэрэ, «Лули ДжэбрэIилри» зыгуэрым и нэ къыфIэнэнкIи хъунщ. Абы Кавказым щызекIуэ лъэпкъ зэкъуэшыныгъэр нэхъ быдэж ищIыну фIэкIа, Iей кърикIуэн хуейкъым.

Поделиться:

Читать также: