ГъащIэм и унэтIыныгъэхэр

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ щыгъуазэ зыхуищIащ Москва щекIуэкI «Урысей» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-форумым и утыкум езыр зи пашэ щIыналъэм хыхьэ щIыпIэхэм ирахьа экспозицэхэм. КИФЩI-м и унафэщIхэм я лIыкIуэхэм лIыщхьэр щыгъуазэ хуащIащ я гъэ­лъэ­гъуэ­ныгъэхэм къызэщIрагъэу­быда унэ­тIыныгъэхэм. Абыхэм хохьэ щIыналъэхэм я тхыдэм, щIыуэпс телъыджэ къызэ­ры­мыкIуэм, промыш­лен­ностымрэ мэкъумэш хозяйст­вэмрэ, егъэджэныгъэмрэ щIэны­гъэм­рэ, щэнхабзэмрэ туризмэмрэ щы­зы­Iэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. 

Къыхэдгъэщынщи, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм дунейпсо гъэлъэ­гъуэныгъэм и утыкушхуэхэм щигъэ­лъагъуэхэм щIэуп­щIэш­­хуэ яIэщ, куэ­дым яфIэхьэлэмэтщ. Махуэ къэс а  утыкухэм щокIуэкI лъэпкъ IэпщIэ­лъапщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыгъуазэ ухуэзыщI мастер-классхэр, творческэ гупхэм зыкъыщагъэлъа­гъуэ, интерактивнэ Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэри къыщызэрагъэпэщ. КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я гъэлъэгъуэ­ны­гъэхэм махуэ къэс йоплъ цIыху мин бжыгъэхэр. 
«Кавказ Ищхъэрэр нобэ ещхьыжкъым ипэкIэ зэрыщытам. Абы я гуапэу щрагъэблагъэ хьэщIэ, нэгузегъэужьа­кIуэ куэд. Мы илъэсым зэрыщIидзэрэ апхуэдэхэм я бжыгъэр процент 57-кIэ хэхъуащ икIи мелуани 5-м щIигъуащ. ЩIыналъэр зэпIэзэрытщ, мамырыгъэр щытепщэщ, щIэпхъаджагъэхэр нэхъ мащIэ щыхъуащ. Абыхэм щагъэзащIэ инвестицэ проектхэр, зыщаужь промышленностым, мэкъумэш IэнатIэм, санаторэ Iуэхум. Нэхъыщхьэращи, цIыхухэм я псэу­кIэр йофIакIуэ, - къыхигъэщащ Чайкэ Юрий. - Дызыхэт форумым хуэдэ Iуэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ цIыхухэм щыгъуазэ зыхуащIыф щIыналъэхэм ябгъэдэлъ къулеигъэм, зэ­фIэкIым, зрагъэлъагъуф зыIэрагъэхьа ехъу­лIэныгъэхэр, ди къэрал лъэпкъыбэмкIэ гуш­хуэныгъэ зыхащIэу. Гъэлъэгъуэныгъэр ди къэралым и щIыналъэ псори зэзыпх шхэпс бы­дэщ, абы и къаруушхуэр, зэфIэкI лъагэр, Урысейр зэрыщыIар, зэрыщыIэр, дяпэкIи зэрыщыIэнур къыуигъащIэу». 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Урысей» гъэ­лъэ­гъуэныгъэ-форумыр Москва и ВДНХ-м къыщызэIуахащ 2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м. Ар лэжьэнущ махуи 161-кIэ, 2024 гъэм и мэлыжьыхьым и 12 пщIондэ: ЦIыхубэ зэкъуэ­тыныгъэм и махуэм къыщегъэжьауэ Космонавтикэм и махуэм нэсыху. Къэралым и иджырей тхыдэм къриубыдэу ар хэкум хыхьэ щIыналъэ псоми щыгъуазэ зы­щыхуэпщIыф хъуну япэ утыкушхуэщ. Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ экс­позици 131-рэ. Абы хохьэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ 89-м, гъэ­зэ­щIакIуэ IэнатIэхэм, къэрал корпорацэхэм, компание абрагъуэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэ­ныгъэхэмрэ къызэрагъэ­пэща гъэлъэгъуэ­ныгъэхэр.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ 
я пресс-IуэхущIапIэ .

Поделиться: