Къэрал мылъкум къыпэкIуэ хэхъуэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ республикэм щIымрэ мылъку IуэхухэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ IэнатIэр 2023 гъэм зэрылэжьамрэ къэкIуэну лъэхъэнэм я мурадхэмрэ.

И гугъу ящIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал мылъкур фIагъ пылъу къэгъэсэбэпынымкIэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм кърикIуахэм, респуб­ликэм ЩIымрэ мылъку IуэхухэмкIэ и министерст­вэм и унафэм щIэт IэнатIэхэм щIыналъэм и бюджетым къыхуахьа хэхъуэм. 
Апхуэдэу блэкIа илъэсым и хэхъуэр сом мелуани 108,6-рэ мэхъу, зыхуагъэувыжауэ щытар сом мелуан 92-рэт. Къэрал мылъкур приватизацэ щIыным къыпэкIуэ хэхъуэмкIи зыужьыныгъэ ­хъарзынэхэр яIэщ, зи гугъу ящI лъэхъэнэм ар сом мелуан 292,8-рэ мэхъу. Къапщтэмэ, 2023 гъэр къызэщIэпкъуэжмэ, КъБР-м ЩIымрэ мылъку IуэхухэмкIэ и министерствэм республикэ бюджетым къыхуихьащ сом мелуан 416-рэ.
Къэралым и Iыхьэ зыхэлъ хозяйствэ зэгухьэныгъэхэр мылъкуншэ мыхъунымкIэ, абыхэм я финанс Iуэхухэр зэпIэзэрыт щIынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. Къэрал, муниципальнэ мылъкухэр егъэфIэкIуэным хуэу­нэтIауэ Урысейм и ФАС-м и чэнджэщкIэ предприятэхэм я лэжьыгъэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъ­хьэ.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ акционер зэгухьэныгъэхэм, къэрал предприятэхэм мы зэманым я финанс щытыкIэм, инвестицэ проектхэр къагъэсэбэпкIэрэ ямыгъэIэпхъуэ мылъкухэм фейдэ къызэрырагъэщIыну Iэмалхэм.

Поделиться:

Читать также: