26.04.2024, 17:06 - Тхыдэ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу лъэхъэнэ кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуам къиутIыпща дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм езым и къарукIэ зэщIигъэуIуа хэкулI гупышхуэмрэ.

26.04.2024, 15:42 - Жылагъуэ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.

25.04.2024, 17:30 - Спорт

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену 600-м нэблагъэ.

25.04.2024, 17:00 - Спорт

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024, 14:33 - Жылагъуэ

Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ.

25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
06.03.2022 - 16:59 | 👁 27

Подробности...

Жыгхэр щIрахым и щхьэусыгъуэр

Иужьрей зэманым къалэ уэрамхэм щыдолъагъу гъуэгу Iуфэм Iут жыгхэр ирахыу, я щхьэкIэр пахыу.
Жылагъуэ
06.03.2022 - 13:40 | 👁 19

Подробности...

«Сариа»

УсакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и пьесэм къытращIыкIа спектакль щагъэуващ Абхъаз къэрал драмэ театрым.
ЗэIущIэхэр
06.03.2022 - 12:28 | 👁 33

Подробности...

Къэбэрдей театрыр ефIэкIуэнырщ си хъуэпсапIэр

«Псым езым и жапIэр къегъуэтыж» жиIэ хабзэщ адыгэм, цIыхур къызыхуигъэщIар, зыхуэIэижьыр къыхихын папщIэ зрикIуа гъащIэ гъуэгуанэхэр къригъэлъагъуэу.
Спорт
06.03.2022 - 12:28 | 👁 10

Подробности...

«Спартак-Налшыкым» зэпеуэм пещэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и ­Япэ гупым 2021 - 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм мы махуэхэм щIадзэж.
Спорт
06.03.2022 - 12:28 | 👁 11

Подробности...

Гъатхэпэм екIуэкIыну зэIущIэхэр

Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым и Япэ гуп ЕтIощIанэ джэгугъуэ
Жылагъуэ
06.03.2022 - 12:28 | 👁 9

Подробности...

Къуаншагъэр зэрагъэзэкIуэж IэмалыщIэ

Урысей ФСИН-м илъэситху хъуауэ къегъэсэбэп зэхащIыхьа щIэпхъаджагъэр зэхагъэкIыу суд унафэкIэ тезыр зыт­ралъ­хьахэм я къуаншагъэр лэжьыгъэкIэ егъэпшыны­жы­ным хуэунэтIа Iэмалыр.
ЩIалэгъуэ
06.03.2022 - 11:40 | 👁 19

Подробности...

НэхъыфIу къалъытэ

«Компьютер Iэмалхэр педагогикэ щIэныгъэр хэзыгъахъуэщ» урысейпсо онлайн олимпиадэм кърикIуахэр къап­щытэжащ. КъБКъУ-м педагогикэмкIэ, физическэ щэнхабзэмрэ спорт егъэ­джэ­ныгъэмкIэ и институтым и...
ЩIалэгъуэ
06.03.2022 - 11:14 | 👁 23

Подробности...

Псэуныгъэм лIыгъэ хэлъщ

Хэти къыгурыIуэ къыщIэкIынщ цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ къызэпызыуд Iэмалу экст­ре­миз­мэмрэ терроризмэмрэ зэрыщытыр.
ЗэIущIэхэр
06.03.2022 - 10:35 | 👁 22

Подробности...

НаркотикхэкIхэр къыкъуах

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэм и полицэм жыла-гъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэ­щынымкIэ и плъыр гуп хэхам и лэжьакIуэхэм 2022 гъэм мазаем и­ ­21-м Кэнжэ къуажэм къалэныр щрахьэкI
Жылагъуэ
05.03.2022 - 15:54 | 👁 11

Подробности...

Мэлгъэбэгрэ Мэздэгурэ щахъумэм...

115-нэ шу дивизэм и цIэр зезыхьэ Налшык лъыхъуа­-­кIуэ гупым хэтхэм Курп Ипщэ яхъумэу иIэ щIыпIэ хэхам (КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм епхащ) и лэжьакIуэхэр я ­гъусэу...
Жылагъуэ
05.03.2022 - 14:55 | 👁 39

Подробности...

Асфальтыр узыншагъэмкIэ зэранщ

Зи бжыгъэр зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэм ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкъырыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шына­гъуэжщ.
Жылагъуэ
05.03.2022 - 13:31 | 👁 38

Подробности...

Япэ адыгэ скульптор

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ адыгэ скульпторщ Къалмыкъ ­Фёдор. Ар къызэралъхурэ мазаем и 15-м илъэс 90 ирикъуащ. 
ЗэIущIэхэр
05.03.2022 - 12:00 | 👁 15

Подробности...

Зэманым къигъэув Iуэхугъуэхэр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ вэсэмахуэ хабзэгъэув IэнатIэм и чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. 
Жылагъуэ
05.03.2022 - 11:22 | 👁 15

Подробности...

Лейр зэи гъуркъым

Мы гъатхэм илъэс 78-рэ ирокъу балъкъэр лъэп­къым политикэ щхьэусы­гъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ. 1944 гъэм ­гъатхэпэм и 8-м балъкъэрхэр я щIыналъэм за­лы­мыгъэкIэ ирахуауэ щытащ.
ЗэIущIэхэр
05.03.2022 - 10:53 | 👁 29

Подробности...

Гугъуехь къыкъуэкIахэм я хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэхэмкIэ Правительствэ комиссэм и штабым хэтхэм я зэIущIэм. Ар теухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм я...
Абы дегъэпIейтей
05.03.2022 - 10:00 | 👁 24

Подробности...

Нэщхъеягъуэр дагуэш

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужь­рей гъуэгуанэм щы­трагъэхьащ Донецк, Луганск республикэхэм щы­псэухэр яхъумэн папщIэ зэхаубла спецоперацэм хэту я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда зауэлIхэр.

Страницы