Жыгхэр щIрахым и щхьэусыгъуэр![]() Иужьрей зэманым къалэ уэрамхэм щыдолъагъу гъуэгу Iуфэм Iут жыгхэр ирахыу, я щхьэкIэр пахыу. Къалэдэсхэр абыкIэ арэзыкъыми, «сыт ди бынхэр зэрыбэуэнур, къалэр жыгыншэ ящIмэ?», - жаIэу Интернетым щызэхуотхьэусыхэж. Сыт-тIэ, жыгхэр къыщIратхъыжыр? Коммунальнэ, мэз IуэхущIапIэхэм я пщэрылъщ къалэм къэкIыгъэу дэтым кIэлъыплъыныр. Мы IуэхущIапIэхэр зэуIуу мэлажьэ, икIи уз зыпкърыт, зи кур ифыкIа, зэран хъу, теплъэм къемызэгъ, лейуэ къащыхъу жыгхэр ираупщIыкI. Ауэ абы и пэ къихуэу биологхэр кърагъэблагъэри, Iуэхур зэхагъэкI. Псалъэм папщIэ, дамыгъэ плъыжь зытедза жыг къэфлъагъумэ, зэвгъащIэ - ахэр куэд дэмыкIыу ираупщIыкIынущ.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
05.07.2026 - 10:00 →
ЗэбгрыкIыжащ ящIэнур яубзыхуауэ
| ||





