«Спартак-Налшыкым» зэпеуэм пещэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и ­Япэ гупым 2021 - 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм мы махуэхэм щIадзэж. Мазищым щIигъуэкIэ зэпеуэр зэрызэпагъэуа зэманым къриубыдэу загъэпсэхунуи, зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкIынуи, футболистыщIэхэмкIэ загъэлъэщынуи командэхэм яхузэфIэкIащ. АдэкIэ кIэух зэIущIэ гугъухэр къапэ­щылъщ.

Зэхьэзэхуэм и бжьыхьэ лъэхъэнэр нэхъ пасэу зэрызэфIэ- кIам и фIыгъэкIэ зыгъэсэныгъэхэм щIамыдзэ щIыкIэ ди футболистхэм тхьэмахуищкIэ загъэпсэхуну Iэмал къахукъуэкIащ. А зэманыр ­яхурикъуащ нэгъэсауэ я къарур зэтрагъэувэжыну икIи я узыншагъэм кIэлъыплъыжыну.
Налшыкдэсхэм щIалэщIэ куэд яхэтащ зыгъэсэныгъэхэм щIа­кIэлъыплъу, ягу ирихьмэ зэхьэзэхуэхэм джэгупIэ губгъуэм къыщ­рагъэхьэну. Дыгъэгъазэм и 12-м щIадза тренировкэхэм командэм лэжьыгъэшхуэ щызэфIигъэкIащ. «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Биджиев Хьэсэнбий зэрыжиIамкIэ, щIалэхэм гукъыдэжышхуэ яIэу зыгъэсэныгъэхэр кърахьэлIащ.
ЗэхъуэкIыныгъэхэри щыIэщ. Хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, ­лъэ­ныкъуитIри зэдэарэзыуэ командэм хэкIыжащ налшыкдэсхэм             я ехъулIэныгъэхэм хэлъхьэныгъэ мымащIэ хуэзыщIа футболист Iэзэ Багъэтыр Альберт. КъищынэмыщIауэ, Осетие Ищхъэрэ - ­Аланием и «Алания»-м и гъусэу зыгъэсэныгъэхэр ирегъэкIуэкI Черткоев Дато. «Спартак-Налшыкым» хэту зэхьэзэхуэм и кIэух Iы­хьэм щIидзэнущ Масленников Игорь. Абы теухуа зэгурыIуэ­ныгъэ налшыкдэсхэм я унафэщIхэм иращIылIащ Ярославль и «Шин-ник»-м и гъэсэн гъуащхьэхъумэныкъуэм. Адрей щIалэхэр «Спартак-Налшыкым» и гъусэу зэхьэзэхуэм и гъатхэ лъэхъэнэм техьэну я мурадщ.
ЕсэнтIыгу къалэм зи чэзу зыгъэсэныгъэхэр щригъэкIуэкIащ «Спартак-Налшыкым». ЩIымахуэ зыгъэхьэзырыгъуэ Iыхьэм хиу­быдэу налшыкдэсхэм япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр драгъэ­кIуэкIащ Ставрополь крайм футболымкIэ и чемпионатым 2021 гъэм ещанэу пашэныгъэр къыщызыхьа Невинномысск къалэм и «Ставрополь-АгроСоюз»-м. Хабзэ хъуауэ зыгъэсэныгъэ къэс зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ зыдрагъэкIуэкI командэм Къэбэрдей-­Балъкъэрым и футболистхэр 1:0-у ефIэкIащ. ЗэпэщIэтыныгъэм и 35-нэ дакъикъэр екIуэкIыу невинномысскдэсхэм я штрафнойм щихьэм топыр къыIэрыхьащ ЛIуп Ислъам. Абы къыпежьа ­гъуащхьэтетым ди щIалэм топыр Iэзэу щхьэпридзри, «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэ къыхуэзыхьа бжыгъэр къызэIуихащ.
Япэ ехъулIэныгъэм гукъыдэж къезыта Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэм зыгъэсэныгъэ иригъэкIуэкIам хиубыдэу къы­кIэлъыкIуэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ дригъэкIуэкIащ Грознэ къа­-лэм и «Ахмат»-м и щIалэгъуалэ командэм. Абыи налшыкдэсхэм те­кIуэныгъэ къыхуахьащ сымэджауэ ди командэм гъусэ яхуэхъу-жа къудейхэу ХъутIэ Анзоррэ Ашуев Мурадрэ я топхэм. Зэ­пэ­щIэтыныгъэм хухаха зэманыр 2:0-у иухащ.
Зыгъэсэныгъэхэм хиубыдэу адэкIэ зи чэзу зэныбжьэгъугъэ зэ­IущIэр «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIащ. Мазаем и ­25-м плъыжь-хужьыфэхэм 1:0-у хагъэщIащ «Мэшыкъуэ-КМВ»-р.
Зэхьэзэхуэр щIидзэжыным и пэ къихуэ иужьрей зэIущIэр нал-шык­дэсхэм драгъэкIуэкIащ Белгород и «Салют»-м. ЗэпэщIэтыныгъэм и япэ дакъикъэ дыдэм ЛIуп Ислъам дигъэкIа топым «Спартак-Налшыкым» къыкIэлъыкIуэ текIуэныгъэр къыхуихьащ.
Апхуэдэу, 2021 - 2022 гъэ джэгугъуэм и гъатхэ лъэхъэнэм зыхуа­гъэхьэзыру ди щIалэхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIитхуми пашэныгъэр къыщахьащ. Уеблэмэ ди хьэрхуэрэгъухэм зы топи ди гъуэм ­къыдагъэкIыфакъым.
Зыгъэсэныгъэ иригъэкIуэкIам гукъыдэж къритам лъэхъэнэ-щIэм къа­руущIэ къыщыхилъхьэну дыщогугъ «Спартак-Налшыкым». Мы гъэм хиубыдэ япэ официальнэ зэIущIэр ди щIалэхэм гъатхэпэм и 7-м ЕсэнтIыгу къалэм щыдрагъэкIуэкIынущ щIыпIэ командэм.
 

 

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: