|
ЩIалэгъуэ
23 августа, 2019 - 05:15
Гу зылъытапхъэ
Иджы еплIанэу мы гъэмахуэм екIуэкIынущ «Кином и жэщ» федеральнэ лэжьыгъэр. Ар къызэрагъэпэщыну я мурадщ шыщхьэуIум и 24-м (щэбэтым).
Мы жэрдэмым хиубыдэу цIыхухэм ирагъэлъагъунущ кино еплъхэм я урысейпсо IэIэтым щытекIуа «Балкан- ский рубеж», «Домовой», «Полицейский с Рублёвки» фильмхэр.
Сыхьэт 20-м щегъэжьауэ а фильмхэр щагъэлъэгъуэнущ Налшык щыIэ «Форум» (ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрам, 28), «Кругозор» (Толстойм и уэрам, 182) кинотеатрхэм, Театр ЩхъуантIэм.
Сеансхэр пщIэншэщ.
23 августа, 2019 - 05:10
Псыхуабэ щызэхэт щIалэгъуалэ зэхыхьэм и етIуанэ Iыхьэм мы махуэхэм лэжьэн щIидзащ. Ар къыщызэIуахым хэтащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Мишин Михаил, Ставрополь щIыналъэм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Кувалдинэ Иринэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
21 августа, 2019 - 05:08
Илъэс епщIанэ хъуауэ Мэшыкъуэ бгы лъапэм деж къыщызэрагъэпэщ щIалэгъуалэ зэхыхьэм Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэр зэхуишэсым къищынэмыщIауэ, абыхэм я проектхэм гъуэгу щрагъэгъуэт. Ди республикэм а форумым и фIыгъэкIэ IуэхуфI куэд щалэжьащ.
16 августа, 2019 - 05:20
ШыщхьэуIум и 13-м «Мэшыкъуэ-2019» щIалэгъуалэ зэхыхьэм Кавказ Ищхъэрэм и махуэр щагъэлъэпIащ. Абы иращIэкIыну дауэдапщэхэм хэтыну яхуеблэгъат Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр, щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, лIыкIуэхэр.
31 июля, 2019 - 05:15
«Зыгъэпсэхугъуэр Жылагъуэ советым щIыгъуу» Iуэхум ипкъ иткIэ, зэIущIэ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкI узыншагъэр щрагъэфIакIуэ сабий лагерхэм.
5 июля, 2019 - 05:05
Щапхъэ
ЦIыху зыгъасэ псэм и щIасэщ
Тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIа псалъэжьым гупсысэшхуэ щIэлъщ. Ар хуэгъэзауэ къызолъытэ зи гугъу фхуэсщIыну цIыху щыпкъэм хуэдэхэм. Ар си адэ шыпхъу, Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Жыгун Ленэ Хьэтал ипхъурщ. Ленэ илъэс 30-м щIигъуауэ щIэблэм яхэтщ, абыхэм лъэпкъ гъэсэныгъэрэ щIэныгъэ куурэ ябгъэдилхьэу.
5 июля, 2019 - 05:02
СызэрыцIыкIурэ сэ сыдахьэхырт дыщыпсэу Дзэлыкъуэ къуажэм ихъуреягъкIэ къекIуэкI Iуащхьэхэм. ЦIыкIуми инми апхуэдэ Iуащхьэу 10-м нэблагъэ плъагъурт ди къуажэм удэту. Нэхъыжьхэм къыджаIэрт ахэр пасэ зэманым псэуа цIыху къулейхэм я кхъащхьэу зэрыщытыр.
3 июля, 2019 - 05:04
Дыкъэзыухъуреихь дунейр тхъумэныр, абы пщIэ хуэтщIу, сакъыу дыхущытыныр, къызэрысщыхъумкIэ, дэтхэнэ цIыхуми ди къалэнщ. ЩIыуэпсым и къулеягъым зыкъомкIэ елъытащ дэ, цIыхухэм, диIэну зэпэщыныгъэм и лъагагъри, ди гъащIэм хэлъ щIэщыгъуагъхэри, нэгъуэщIхэри.
3 июля, 2019 - 05:02
Хабзэу къищтауэ Тэрч щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм гъэ еджэгъуэм и кIэм ирихьэлIэу ехъулIэныгъэу зыIэрагъэхьахэр къепщытэжри, гъэфIэж пшыхь ирегъэкIуэкI. Мы гъэми къызэрагъэпэща зэхыхьэр иджыблагъэ щекIуэкIащ Тэрч къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм.
3 июля, 2019 - 05:02
Адыгэ лъэпкъым къытхэкIа цIыхушхуэ, жылагъуэ ущиякIуэ, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр псэужатэмэ, мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут. Дунейпсо Адыгэ Хасэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, 2019 гъэм адыгэ щыпсэу республикэхэм ар щагъэлъапIэ. Ди республикэм жыджэру щылажьэ «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэми абы ехьэлIа Iуэху дахэ иджыблагъэ къызэригъэпэщат - КъБР-м щыщ сабийхэр Къалмыкъ Юрэ къыщалъхуа республикэм зыплъыхьакIуэ ишащ.
Страницы
|