Урысей Федерацэм футболымкIэ и Премьер-лигэм и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ Санкт-Петербург и «Зенит»-р иджыблагъэ щыхьэщIат Азербайджаным и «Нефтчи»-м деж. Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр, бжыгъэр 2:1-уэ, хэгъэрейхэм яхьащ абя щыгъуэ, пэжыр жыпIэмэ, дызэримыгугъауэ. Ауэ дапхуэдэу мыхъуами, футболым кIэлъымыплъхэми хэзыщIыкIхэми, мыхьэнэшхуэ зимыIэ къызэрыгуэкI джэгугъуэу къалъытэнкIэ хъунт мы зыр хэмылъатэмэ: хьэщIэхэм топитIри яхудэзыгъэкIар Урысей Федерацэм щыщ футболист Мырзэ Резуану щымытамэ.