|
Махуэгъэпс
3 марта, 2022 - 11:24
Адыгэ Республикэм и псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Щхьэгуащэ и тIуащIэ бгъуфIэшхуэм ищхьэхэмкIэ щыIэ Гъуазэрыплъ къуажэ цIыкIум егъэщIылIа Iэгъуэблагъэм зыщхьэщиIэтыкIауэ нэхъ узыIуплъэ Iуащхьэ джафэ зэпэхъуреишхуэм «Iэбагъуэ» - кIэ йоджэ.
Мэз IувыжьхэмкIэ къэухъуреихьыжа жылэ цIыкIум укъыщежьэу, а бгым и щхьэкIэм нэс лъэсу удэкIынумэ, километр II хуэдиз къызэбнэкIынущ. А гъуэгуанэм ику иту сыхьэти 6 - 8 токIуадэ.
2 марта, 2022 - 13:16
Пасэрей алыджхэм щIакхъуэ лIэужьыгъуэу 24-рэ ягъажьэрт. Псом нэхърэ нэхъ IэфIу къалъытэр «самидамита» щIакхъуэрат. Ар хьэжыгъэ нэхъыфI дыдэм къыхащIыкIырт. Пасэрей эллинхэм щIакхъуэу ягъэжьэну тхьэвым хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, кхъуейхэр халъхьэрт. Апхуэдэуи иджырей пыченэхэм, бисквитхэм, пряникхэм ещхьхэр ягъажьэрт.
* * *
Сахариныр япэ дыдэу къэзыгъуэтар химик Фальбергщ. Ауэ илъэс бжыгъэ куэд дэкIауэщ ар къызэрыгуэкI фошыгъум нэхърэ 500-кIэ зэрынэхъ IэфIыр къыщахутар.
* * *
2 марта, 2022 - 11:44
♦МафIэдзым (сенычым) и дунейпсо махуэщ
♦Индием щагъэлъапIэ гъатхэмрэ плъыфэ зэмыфэгъухэмрэ я махуэр
1 марта, 2022 - 14:55
Ди республикэр щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ бей щIыналъэу къалъытэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу куэд щопсэу. Абыхэм яхэтщ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэнухэри. Ар къыхокI ди щIыгум щIыIагъэ-хуабагъэ, псыIагъэ-гъущагъэ я лъэныкъуэкIэ щыщыIэ щытыкIэмрэ лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу и геологием къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ.
1 марта, 2022 - 09:28
ЩIым къыхуэблагъэу зыхужаIа уафэщIым, къызыхэкIар къахуэмыщIэу, лъэныкъуэкIэ ириIуэнтIэкIыжащ.
«2022 AEI» нагъыщэр зрата астероидым япэу гу щылъатар щIышылэм и 6-рщ. Жэщ-махуэ зэрыдэкIыуи, абы и зыгъэзэкIэм кIэлъыплъа, къыр дзакIэ абрагъуэхэр хьэршым зэрыщызекIуэр (орбитэр) къыIэрыхьа хъыбархэмкIэ езыр-езыру зэхэзыгъэкI AstOD Iэмалыр щыхьэт техъуащ зи гугъу тщIы уафэщIыр дыщыпсэу планетэм дежкIэ шынагъуэ ин дыдэ къэзышэу зэрыщытым.
1 марта, 2022 - 05:00
Нобэ
Граждан зыхъумэжыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Гуапагъэ зэжеIэным и дунейпсо махуэщ
СПИД узыфэр зыпкърытхэм ящымымэхъэшэным и дунейпсо махуэщ
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и эксперт-криминалистым и махуэщ
Къэзахъстаным фIыщIэ щIыным и махуэр щагъэлъапIэ
Японием щрагъэкIуэкI мамырыгъэм щIэбэныным и махуэм теухуа дауэдапщэхэр
28 февраля, 2022 - 08:12
Нобэ
♦Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ
♦ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ
♦Исландием щагъэлъапIэ пирожнэ IэфIыкIэм и махуэр
♦1732 гъэм Петербург Урысейм щыяпэ Кадет корпусыр - дзэм къулыкъу щызыщIэну зи мурад щIалэгъуалэр абы щыхуагъэхьэзыр IуэхущIапIэр - къыщызэIуахащ.
♦1854 гъэм США-м и Республикэ партыр къызэрагъэпэщащ.
24 февраля, 2022 - 12:44
Нобэ
♦Эстонием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
♦Мексикэм и къэрал ныпым и махуэщ
♦Кубэм и щхьэхуитыныгъэм папщIэ иригъэкIуэкIа зауэм щIидзащ (1895 гъэм)
♦1466 гъэм Бельгием и Брюгге къалэм дунейм щыяпэу лотерее щагъэджэгуащ.
♦1881 гъэм Панамэ кIэнауэр ухуэн щIадзащ.
♦1942 гъэм «Америкэм и макъ» радиостанцым и япэ нэтыныр эфирым кIуащ.
24 февраля, 2022 - 12:00
КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту дунейм къытехьащ 2022 гъэм и махуэгъэпс. КъыдэкIыгъуэр дунейм къытехьэным хэлIыфIыхьащ республикэм фIыуэ къыщацIыху тхылътедзэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес.
Нэр игъафIэу, инрэ щхъуэкIэплъыкIэу традза махуэгъэпсым и IуплъапIэм тетщ Налшык зыгъэщIэращIэ ухуэныгъэхэм яхыубжэну зыхуэфащэ, Къанокъуэ Арсен иригъэщIа, Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэр щылажьэ мэжджытышхуэр. Дэтхэнэ зы мазэми адыгэ, балъкъэр къуажэхэм дэт мэжджытхэм ящыщ зым и сурэтым уIуегъаплъэ.
22 февраля, 2022 - 14:55
1922 гъэм Iэ традзащ Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсиплI зэрырикъур мазаем и 23-м Iэтауэ гъэлъэпIэным теухуа Указым. Ауэ ипэ ита илъэсхэм а гуфIэгъуэр зэи хаIэтыкIакъым.
1923 гъэм къэрал псом гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ Дзэ Плъыжьыр илъэситху зэрырикъум ехьэлIауэ. Мис абы къыщыщIэдзауэ мазаем и 23-р илъэс къэс ягъэлъапIэ.1946 гъэм мазаем и 23-р Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз Флотымрэ я Махуэ хъуащ.
Страницы
|