|
Махуэгъэпс
22 февраля, 2022 - 05:17
Нобэ
ЩIэпхъаджагъэ зыкIэлъызэрахьа цIыхухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
Мысырым и Зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
Индием Анэм и махуэр щагъэлъапIэ
1714 гъэм Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэщащ Аптекарскэ хадэр. Иджыпсту ар РАН-м и Ботаническэ хадэрщ.
1819 гъэм Флоридэр Испанием къыхэкIри, США-м и штат хъуащ - ар Америкэм доллар мелуанитхукIэ иращат.
1921 гъэм СССР-м и Къэрал планыр къызэрагъэпэщащ.
21 февраля, 2022 - 10:00
ХъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ
Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Анэдэлъхубзэр бзэ къудейкъым - ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.
21 февраля, 2022 - 09:44
Нобэ
♦Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ. ЮНЕСКО-м I999 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ.
♦Экскурсиер езыгъэкIуэкIым и дунейпсо махуэщ
♦США-м и президентхэм я махуэщ
♦1784 гъэм Кърымым щыIэ кхъухь тедзапIэмрэ быдапIэмрэ Севастополь цIэр фIащащ.
♦1819 гъэм Санкт-Петербург къэрал университетыр къызэIуахащ.
20 февраля, 2022 - 12:33
Анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэщ.
Анэдэлъхубзэр хущхъуэ пэлъытэщ.
Бзэр гурылъыр къызэраIуатэ Iэмалщ.
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм нэхъыфIу щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур абы и анэдэлъхубзэмкIэщ.
Бзэр лъэпкъым и гупсысэхэр къызэрыщ гъуджэщ.
Акъыл закъуэкIэ бзэр къыпхуэгъэщIынукъым, ар лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ.
ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ.
20 февраля, 2022 - 10:22
«Зи бзэр фІыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуиІэнукъым. Зи бзэр къызыфІэмыІуэху цІыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщІыфІэмыІуэхур и лъэпкъым и блэкІари, нобэри, къэкІуэнури зыуи къридзэркъыми аращ», - жиІэгьащ Паустовскэм.
20 февраля, 2022 - 09:20
«Адыгэбзэр сыт щIэдджынур,
Здынэсыр КъалэкIыхьырщ», -
Ар ауану Iэджэм жаIэр,
Мышыу псалъэм тIэкIу хэчыхьу.
18 февраля, 2022 - 15:27
♦Урысей Федерацэм и Транспорт полицэм и махуэщ
♦УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэхэр зыхуей хьэпшыпхэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ къызэзыгъэпэщ и IэнатIэм и махуэщ
♦1911 гъэм пощтыр зэбгрыхыным кхъухьлъатэ япэ дыдэу къыщагъэсэбэпащ. Ар къыщыхъуар Индиерщ: Аллахабад икIыу Наини кIуэ кхъухьлъатэм письмо мини 6,5-рэ нэгъуэщI корреспонденцэу 250-рэ илъащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми «КхъухьлъатэкIэ зэбграха япэ пощт» жиIэу мыхъур тегъэуат.
♦1924 гъэм Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу къыщызэIуахащ.
17 февраля, 2022 - 07:00
♦ГумащIагъэр къэгъэлъэгъуэным и дунейпсо махуэщ
♦Урысей студент гупхэм я махуэщ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэм ипкъ иткIэ ар 2016 гъэм къыщыщIэдзауэ щагъэлъапIэ ди къэралым.
♦1600 гъэм Рим къалэм щагъэсащ Италием щыщ дин лэжьакIуэ, философ, усакIуэ Брунэ Джорданэ (и цIэ дыдэр Филиппщ).
♦1852 гъэм Эрмитажым, пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм зэхуихьэса сурэтхэр щахъумэ IуэхущIапIэу 1764 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытам, и бжэхэр абы зыщызыплъыхьыну хуейхэм къахузэIуихащ.
16 февраля, 2022 - 13:59
Нобэ
Литвам щагъэлъапIэ Урысеймрэ Германиемрэ я унафэм къыщIэкIыу я къэралыгъуэр щызэфIагъэувэжа (1918 гъ.) махуэр
1571 гъэм Грозный Иван Iэ тридзащ «Плъырхэм, гъунапкъэхъумэ IэнатIэхэм я IуэхукIэ» унафэм. Аращ Урысейм и дзэм теухуа япэ хабзэу къалъытэр.
15 февраля, 2022 - 06:04
♦Лышх узыр зэфыкI сабийхэм ядэIэпыкъуным и дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэмрэ Беларусь Республикэмрэ щагъэлъапIэ я къалэн ягъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэр
♦Канадэм и лъэпкъ ныпым и махуэщ (ар 1965 гъэм къащтауэ щытащ)
♦Сербие Республикэм и къэралыгъуэм и махуэщ
♦1895 гъэм макъамэм щыхурагъаджэ урысей академиер къызэIуахащ. Абы зэрехьэ и къызэгъэпэщакIуэ Гнесин зэшыпхъухэм я цIэхэр.
Страницы
|