|
Махуэгъэпс
21 декабря, 2021 - 07:35
Нобэ
Илъэсым къриубыдэу махуэр щынэхъ кIэщIщ, жэщыр щынэхъ кIыхьщ
1610 гъэм яукIащ Урысейм пащтыхьыгъуэр щызыубыдыну хущIэкъуа Лжедмитрий ЕтIуанэр.
1891 гъэм США-м и Спрингфилд къалэм дунейм щыяпэу баскетболымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. А джэгукIэ лIэужьыгъуэр къигусысат физкультурэмкIэ егъэджакIуэ Нейсмит Джеймс.
1899 гъэм Санк-Петербург къыщыдэкIащ «Огонёк» журналым и япэ номерыр.
20 декабря, 2021 - 15:20
♦ЦIыхухэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м Къэралым шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщынымкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Армением, Белоруссием, Къыргъызым Къэрал, лъэпкъ шынагъуэншагъэмкIэ я органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1699 гъэм Пётр Езанэм Iэ тридзащ Урысейм ИлъэсыщIэр щыщагъэлъапIэ махуэу щIышылэм и 1-р гъэувыным теухуа унафэм. Нэхъапэм ар фокIадэм и 1-м техуэу щытащ.
17 декабря, 2021 - 08:00
♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм стратегие мыхьэнэ зиIэ я ракетэдзэхэм я махуэщ. Ракетэдзэхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэр СССР-м и Правительствэм1959 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къыдигъэкIауэ щытащ, РВСН-м и махуэр ягъэлъапIэ 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ.
16 декабря, 2021 - 06:42
♦Къэзахъстан Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ - я къэралыгъуэм и махуэр ягъэлъапIэ. 1991 гъэм дыгъэгъазэм и I6-м Къэзахъстаным и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ ар СССР-м къыхэкIыу къэрал щхьэхуэ зэрыхъуам теухуауэ.
15 декабря, 2021 - 13:44
♦Шейм и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и Дзэ-хьэрш къарухэм я Радиотехникэ дзэхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
♦Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэщ
♦1699 гъэм Урысейр Юлиан махуэгъэпсым хуэкIуащ.
♦1749 гъэм Тэн Iус Ростов къалэм япэ псэупIэхэр ухуэн щыщIадзащ ягъэтIылъащ.
♦1762 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ къэралым цIыху мащIэ дыдэ фIэкIа зэрымыс и щIыналъэхэм хамэ хэкухэм щыщхэр къитIысхьэну хуит щIыным теухуауэ.
14 декабря, 2021 - 12:54
Мыщэм и махуэр, дыгъэгъазэм и 13-р, Урысей Федерацэм имызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэми щагъэлъапIэ.
14 декабря, 2021 - 06:00
♦Чернобыль АЭС-м къыщыхъуа аварием и лъэужьхэр зыгъэкIуэдыжахэр щагъэлъапIэ махуэщ
♦Номинхэм я дунейпсо махуэщ
♦Академик Сахаров Андрей и фэеплъ махуэщ. Совет физик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Сахаров Андрей 1989 гъэм дунейм ехыжащ.
♦1542 гъэм Шотландие пащтыхьыгъуэм и унафэщIу ягъэувауэ щытащ Стюарт Марие. Абы и гъащIэр гъэщIэгъуэныщэу къызэрекIуэкIар зыфIэтелъыджэу щытар и лъэхъэнэгъухэм я закъуэкъым. Ноби абы теухуа тхылъхэр къыдокI, фильмхэр трах.
13 декабря, 2021 - 09:15
Нобэ
1476 гъэм Инджылызым щыяпэу а къэралым тхылъ щытрадзащ. АбыкIэ Инджылызыр Европэм и адрей щIыналъэхэм лIэщIыгъуэ Iыхьэ плIанэм нэблагъэкIэ къакIэрыхуат. Япэ тхылъыр а къэралым къыщыдэзыгъэкIар типограф Кэкстон Уильямщ.
1642 гъэм Голландием щыщ, хым тету щIыпIэ-щIыпIэхэр къызэхэзыкIухь Тасман Абель къихутащ Новая Зеландия щIыналъэр зэрыщыIэр.
10 декабря, 2021 - 06:30
♦ЦIыхум и хуитыныгъэхэм я дунейпсо махуэщ. 1948 гъэм Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм цIыхум и хуитыныгъэхэр щыубзыхуа, псоми я зэхуэдэ Декларацэр къищтащ. 1950 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зэхуэсым унафэ къыщащтащ илъэс къэс дыгъэгъазэм и 10-м а махуэр гъэлъэпIэным теухуауэ.
9 декабря, 2021 - 04:56
Нобэ
ЛъэпкъгъэкIуэд щIэпхъаджагъэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж, геноцидыр мыдэным я дунейпсо махуэщ
Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. 2003 гъэм Меридэ къалэм (Мексикэ) щекIуэкIа конференцым Iэ щытрадзауэ щытащ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм Коррупцэм пэщIэтыным хуэунэтIауэ къищта Конвенцэм.
Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр
Страницы
|