Махуэгъэпс

Нобэ

ФIагъым и дунейпсо махуэщ

Израилым и адыгэ уэрамхэр

Израилым ис адыгэхэм щапхъэ зытехыпхъэ Iуэхугъуэ дахэу, я адыгагъэр зэрахъумэж Iэмалу, пщIэрэ щIыхьрэ яIэу хамэ хэку зэрисым и щыхьэту къадокIуэкI ахэр зыдэс Кфар-Камэ къуажэ уэрамхэм адыгэцIэхэр зэрызэрахьэр.  

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ
Энергиер зэгъэзэхуэным и дунейпсо махуэщ
Щэхуэным и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Экономистым и махуэр
Польшэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

Япэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. Ар екIуэкIащ 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м къыщыщIэдзауэ 1918 гъэм щэкIуэгъуэм и 11 пщIондэ икIи къалъытэ къэрал нэхъыбэ дыдэ зыхэта зауэхэм ящыщу.

Нобэ

♦Мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэлажьэ щIэныгъэм и дунейпсо махуэщ

♦Бухгалтерым и дунейпсо махуэщ

♦ФIагъым и дунейпсо махуэщ

♦Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм я махуэщ

1741 гъэм Черкасский Алексей (адыгэщ) Урысейм и канцлеру ягъэуващ.

1982 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэу Брежнев Леонид дунейм ехыжащ.

НОБЭ

♦Фашизмэм, расизмэм, лъэпкъхэр зэхэгъэж щIыным япэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦Радиацэм пэщIэтыным хуэунэтIа акцэхэм я дунейпсо махуэщ

♦Украинэм щагъэлъапIэ я тхыбзэмрэ я бзэмрэ я махуэр

♦Азербайджан Республикэм и лъэпкъ ныпым и махуэщ

1911 гъэм урыс IэпщIэлъапщIэ Котельников Глеб и IэдакъэщIэкI парашютыр ягъэунэхуащ икIи а Iэмэпсымэр зэрищIам щыхьэт техъуэ тхылъыр дунейм щыяпэу къратащ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 8, блыщхьэ

♦КВН джэгукIэм и дунейпсо махуэщ.
♦Радиологием и дунейпсо махуэщ
♦Пианистым и дунейпсо махуэщ
♦1914 гъэм
къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Жыгун Тимэ. 
♦1924 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шорэ Ибрэхьим.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 7, тхьэмахуэ

1917 гъэм Урысейм щекIуэкIащ Жэпуэгъуэ революцэшхуэр.
1928 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ Акъбащ ГЭС-м.
1914 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ ЕхъулIэ Сэфар.
1924 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист ЩоджэнцIыкIу Нурий.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 6, щэбэт

♦Дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр зауэ щекIуэкIым деж къэмыгъэсэбэпыным и дунейпсо махуэщ
♦ЦIыхухъухэм я дунейпсо махуэщ
♦1857 гъэм
къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэ къулыкъущIэ, маршал, зыхъумэжыныгъэмкIэ, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру щыта Абыкъу Ахьмэд-пэщэ.
♦1936 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыIэ зиIэ и артист ПащIэ Ахьмэд.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 5, мэрем

♦Урысейм Дзэ тIасхъэщIэхым и махуэр щагъэлъапIэ
♦1867 гъэм
къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, полковник, I9I0-I9I7 гъэхэм Налшык округым и унафэщIу щыта Къылышбий СулътIанбэч.
♦1942 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график Къып Мухьэмэд.
♦1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Истамбыл щыIэ Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм и гуащэ Шурдым Гюнсел. 

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 4, махуэку

Урысейм щагъэлъапIэ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр
1742 гъэм Черкасский Алексей (адыгэпщ) дунейм ехыжащ.
1942 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Думэн Хьэсэн.

*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 44-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 53-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти 10-рэ дакъикъи 9-рэ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс