Тхыдэ

Тумэн-бей и вагъуэ

Мамлюкхэм я дзэр тыркухэм къызэрызэхакъутами, Къанщауэ Гъур зэрылIами я хъыбар щIэх дыдэу нэсащ Мысырым и къалащхьэм. Ар щымыпсэужкIэ, жари, сулътIану хах Тумэн-бей. Тумэн-бей лIы хахуэт, Къанщауэ Гъур и къуэшым и къуэт, илъэс плIыщIым нызэрыхьэса къудейт.

Алмэсты

Мыр миф псэущхьэ шынагъуэщ, езыр цIыху сурэту, цы Iув тету, и нэхъыбэм – бзылъхугъэу къокIуэ. ЦIыхум зэран хуэхъу бзаджэнаджэхэм ящыщщ.

Розэ Нэху и псэр

Истамбыл хиубыдэ Бейогълу куейм Голландие сэрейкIэ еджэу зы уардэунэ дэтщ. 1700 гъэхэм и пэщIэдзэм абы къыщыхъуа зы лъагъуныгъэ хъыбарщ фхуэсIуэтэжынур. ГурыщIэр яку къыдэхъуауэ щытащ адыгэ пщащэмрэ Голландием и лIыкIуэмрэ (посолымрэ).

«Ленинград къикIа хъыджэбз»

Ди тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ Къаныкъуэ СэIэдулэ и «Ленинград къикIа хъыджэбз» тхылъыр.

Адыгэхэр - Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм

Этнограф, тхыдэдж цIэрыIуэ Волковэ Татьянэ 1974 гъэм Москва къыщыдигъэкIа «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр: XVIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ XX нэсыху» и тхылъ купщIафIэм и япэ Iыхьэм, къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ ятеухуам, мыпхуэдэ сатырхэм дыкъыщоджэ:

Жыжьэ къыщожьэ

Адыгэхэр Урысейм ис лъэпкъи 180-м язщ. Езыхэр зэрызэджэжыр «адыгэщ», ауэ лъэпкъ тхыдэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ этноним куэд игъуэтащ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ жьы хъуауэ къагъэсэбэпыжыркъым, языныкъуэхэр нобэми къогъуэгурыкIуэ. Адыгэхэр япэ дыдэу урысхэм къызэрацIыхуар «касогкIэщ», абы IX лIэщIыгъуэм къыщыщIедзэ. Византийхэр «зихкIэ» еджэрт абыхэм. XIII лIэщIыгъуэм монгол-тэтэр зэхэуэм адыгэхэр щхьэмыгъазэу пэщIэувауэ щытащ, а лъэхъэнэм щегъэжьауэ абыхэм экзоэтноним яхуохъу «шэрджэс» цIэр.

Дамэ пэлъытэ

IуэрыIуатэм игъэбелджылыркъым нартхэм я ныбжьыр,  ауэ шэч зыхэмылъыр зыщ: щIэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Нарт» эпосым и купщIэм  илъэс  минищ  нэхърэ  нэхъ мащIэ ныбжь  иIэкъым. Апхуэдэ ныбжь яIэщ  Сосрыкъуэ и хъыбархэми.

Зэкъуэш псори зы анэ къилъхуркъым

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI а псалъэжьым щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ Малкэ къуажэм дэт, Хэку зауэшхуэм хахуагъэ щызезыхьа Уэщхъун Шэбанрэ Лаурсэнрэ я фэеплъымрэ абыхэм къызэранэкIа цIыхугъэ лъагэмрэ. 

БлэкIам ухагъэплъэжыф

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм епха гукъэкIыжхэр куэдым яIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм и ихьэпIэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэ щхъуантIэм псори дехьэх. Илъэс 80-м щIигъуауэ зыгъэпсэхупIэм «драгъэблагъэу» аслъэнхэм я теплъэ гъэжа жыг хадэ ихьэпIэм деж щытщ. Сигу къокIыж дыщысабийм абыхэм я жьэм къыжьэдэж псымкIэ ди псыхуэлIэр идгъэкIыу зэрыщытар. Ноби плъагъунущ ныбжьыщIэхэм шынапэурэ я Iэ цIыкIухэр а аслъэнхэм зэрыхуашийр.  

И цIэр тхыдэм къыхэнащ

Головко Арсений - советскэ дзэ унафэщIщ, флот унафэщIщ, адмиралщ. 1927 гъэм щегъэжьауэ КПСС-м хэтащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым Ищхъэрэ флотыр и унафэ щIэтащ. 1947-1950 гъэхэм – СССР-м и дзэ-тенджыз флотым и штаб нэхъыщхьэм, 1950-1952 гъэхэм – тенджыз генеральнэ штабым, 1952-1956 гъэхэм – Балтийскэ флотым и унафэщIщ, 1956-1962 гъэхэм - СССР-м и дзэ-тенджыз флотым и командующэ нэхъыщхьэм и япэ къуэдзэщ. 1946-1950, 1954-1958 гъэхэм Совет Нэхъыщхьэм и депутатщ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ