Тхыдэ

Тхыдэм и лъагъуэхэр

«Тхыдэм и лъагъуэхэр» – аращ зэреджэр «Антарес» щIыналъэ центрым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэмрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ зэщIыгъуу ягъэхьэзыра литературэ-лъахэхутэ программэм.

Джылахъстэн

Нарт эпосым щыщ лIы бзаджэщ, Алыдж и къуэщ. Хъыбархэм ар зэм Акуандэ и адэу, зэм и дэлъхуу къыщокIуэ.
Алыдж, Джылахъстэн, Акуандэ сымэ ныкъуэкъуэгъуу яIэхэм ящыщщ Сосрыкъуэрэ Бэдынокъуэрэ. Ахэр зэрызэхущытыр, зэрызэныкъуэкъур зэтемыхуэу къокIуэ. Апхуэдэу, Алыдж Нарт Хасэм и тет хъуну щыхуежьэкIэ, Бэдынокъуэ ар имыдэу Алыдж Хасэм къыхехури и тхьэкIумэр пеупщI. 

«Титаник» кхъухьым и гъусэу щIилъэфа хъугъуэфIыгъуэхэр

1912 гъэм мэлыжьыхьым и 14 - 15 махуэ-жэщ зэпылъыпIэм дунейм нэхъ ин дыдэу тета, «Титаник» зи фIэщыгъэ кхъухьыр щIилъэфауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар хым щыжьэхэуащ псы щIагъым щIэт мылыбгым. 
 
Инджылызым щыщ Саунтгемптон кхъухь тедзапIэм икIыу Нью-Йорк американ къалэм кIуэ кхъухьым цIыху 1000-м нэс ист, тIысыпIэ 200-р япэ классым хабжэ, хуэкъулейуэ псэухэм яIыгъыу. 
 Нобэми зи хъыбарыр мыужьыха «Титаник»-м иса цIыхухэм тхыдэ щхьэхуэ зэраIэжым хуэдэу, кхъухьым илъа гъуазджэм и хъугъуэфыгъуэхэми куэд топсэлъыхь. 

Я адэхэм ещхь хъужакъым

«Мыщэ лъхуэри дыщэ къилъхуащ, дыщэ лъхуэри мыщэ къилъхуащ», - жаIащ XVIII лIэщIыгъуэм псэуа къэбэрдейхэм. Апхуэдэу жаIэн хуей щIэхъуар мыращ: Беслъэн ПцIапцIэ и лIакъуэ Къазиипщым къуитху иIащ: ХьэтIохъущыкъуэ (ХьэтIохъущыкъуэ лъэпкъыр къызытехъукIар), Щолэхъу (бын иIакъым, пасэу дунейм ехыжащ), Жамболэт, Мысост (пщы Мысостхэ я лъэпкъыр къызытехъукIар), Ислъам («Ислъэмей» щIыжаIэр).
Арати, Къазиипщым и къуэ ещанэ Жамболэт къуищ иIащ: Бэчмырзэ, Къетыкъуэ, СулътIан-Алий.

Пщыжылагъуэ къэс езым и хабзэ иIэжщ

Анзорхэ я лэгъунэпытхэм я илъэс хьэкъхэр гъэщIэгъуэнщ. Мыбыхэм япхъу лIы иратамэ, абы къыпэкIуэ уасэм щыщу [лIэкъуэлIэшым] зыри лъысыркъым. Лэгъунэпытым и шым езым и Iизыныншэу зы шэскъым е зыIэщIиубыдэркъым, ауэ лIэкъуэлIэшыр шы хуей хъумэ, и лъэIукIэ е и унафэкIэ, иритыпхъэщ. Лэгъунэпытым уэкъулэ IуэхукIэ зыгуэр къекIуэлIарэ гъавэхэкI, мэкъумылэ, гъэсыныпхъэ, е нэгъуэщI зыгуэр щхьэкIэ къелъэIуамэ, лIэкъуэлIэшым и Iизыныншэуи иритыну хуитщ.

Гум имыхужым и махуэ

Мэзкуу къалэшхуэр бийм щахъумэу екIуэкIа зауэзэрылIыр Хэку зауэшхуэм и тхыдэм лIыгъэрэ псэемыблэжыгъэкIэ гъэнщIа напэкIуэцIу хыхьащ. Абы лъандэрэ илъэс 80 дэкIами, нобэр къыздэсым щIэныгъэри цIыхури зыщымыгъуазэ Iуэхугъуэ куэд архив хъумапIэхэм къыхокIыж, зэхэуэ гуащIэр зэрекIуэкIамрэ абы кърикIуахэмрэ щIагъуэ дэмыкIыу Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ къэхутэныгъэщIэхэмрэ иращIылIэ.

Пщым я зэныкъуэкъур уэркъым я мыгъуэщ

Пщыуэлий Щоджэныкъуэ и къуэ Алыджыкъуэ лIы пхъашэт, ерыщу Къэбэрдей псор зэригъэдэIуэну и унафэ щIигъэувэну хущIэкъу пщыуэлийт. Ер къызэрыкIар цIыхут хабзэжьыращ. Къырым хъаныгъуэр чэзукIэ къызылъыса тэлъэустэней малъхъэ Джэнбэч Джэрий и деж фIыщIэ лей къыщихьын мурадкIэ Алыджыкъуэ 1626 гъэм нэрыбгэ 140 саугъэту хуригъэшащ. Апхуэдэ IуэхузехьэкIэмкIэ мыарэзыуэ уващ Идархэ, Жэнсэхъухэ, Анзорхэ, арщхьэкIэ фIы щIахакъым. Жэнсэхъухи лъапсэкIуэд къыхуагъэкIуащ. IуэрыIуатэр щыхьэт зэрытехъумкIэ, ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ.

Махуэрытхым къиIуатэ хъыбар

Тхыдэм  ущриплъэжкIэ,  абы дыщызрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм е цIыху щхьэхуэхэм лъэхъэнэ блэкIам и къэхъукъащIэхэр нэхъ гурыIуэгъуэ къытщащI, абыхэм я мыхьэнэмрэ нобэрей зэманым щаIэ увыпIэмрэ  нэхъыфIу къыдгурагъаIуэ. Апхуэдэхэм ящыщщ Шаек Ван. Пащтыхь унагъуэм и мыхамэу щыта а австриец щIалэр, къулыкъу лъагэхэрэ ехъулIэныгъэрэ зыIэрагъэхьэну Урысейм къэкIуа куэдым хуэдэу, абы щилъэгъуахэмрэ зыIущIа цIыхухэмрэ ятеухуа тхыгъэ куэд къыщIэнащ.

Алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэуэкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр

Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэуэкIэми зэщхь мымащIэхэр яхыдолъагъуэ. Пасэрей адыгэ хабзэмкIэ, зауэлI къаукIарэ абы и хьэдэр бийхэм яIыгъ щIыпIэм къыщынамэ, адыгэхэм абы и хьэдэр къащтэжын е къащэхужын хуей хъурт. Я ныбжьэгъум и хьэдэр зыIэрагъэхьэжын папщIэ, бийхэм ебгъэрыкIуэурэ гупышхуэ щыхэкIуадэ щыIэт. Ар къемыхъулIамэ, къащэхужырт.

Анзорей хабзэ

Анзорей тхыдэми, хабзэми и къежьапIэр лIакъуэлъэщ Анзорхэщ. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ