Я адэхэм ещхь хъужакъым

«Мыщэ лъхуэри дыщэ къилъхуащ, дыщэ лъхуэри мыщэ къилъхуащ», - жаIащ XVIII лIэщIыгъуэм псэуа къэбэрдейхэм. Апхуэдэу жаIэн хуей щIэхъуар мыращ: Беслъэн ПцIапцIэ и лIакъуэ Къазиипщым къуитху иIащ: ХьэтIохъущыкъуэ (ХьэтIохъущыкъуэ лъэпкъыр къызытехъукIар), Щолэхъу (бын иIакъым, пасэу дунейм ехыжащ), Жамболэт, Мысост (пщы Мысостхэ я лъэпкъыр къызытехъукIар), Ислъам («Ислъэмей» щIыжаIэр).
Арати, Къазиипщым и къуэ ещанэ Жамболэт къуищ иIащ: Бэчмырзэ, Къетыкъуэ, СулътIан-Алий.
Бэчмырзэрэ Къетыкъуэрэ лIыпIэ щиувэм, тIури адыгэпщ цIэрыIуэ хъуащ. Ауэ я хьэл-щэнкIэ ахэр зы анэ къилъхуа хуэдэтэкъым. А тIур я пщылIхэмрэ я уэркъхэмрэ зэрахущыт елъытауэ, Бэчмырзэ «мыщэкIэ», Къетыкъуэ «дыщэкIэ» еджэ хъуащ.
Ауэрэ зэманыр екIуэкIыурэ, Бэчмырзэ къуих иIэ хъуащ: Тэтэрхъан, Темырболэт, Бэтокъуэ, Къесын, Долэт-Джэрий, Елмырзэ.
Къетыкъуэ къуитху иIащ: Аслъэнбэч, Къарэмырзэ, Къасболэт, Къэнэмэт, Жамболэт (и адэшхуэм и цIэр фIащыжащ).
Арати, Бэчмырзэ «мыщэрэ» Къетыкъуэ «дыщэрэ» я бынхэр лIыпIэ иувэу пщыгъэр щаубыдым, я къуэ нэхъыжьитIыр - Бэчмырзэ и къуэ Тэтэрхъанрэ Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэчрэ - я хьэл-щэнкIэ я адэхэм зыкIи емыщхь хъуащ. Бэчмырзэ «мыщэ» и къуэ Тэтэрхъан хьэл-щэн дахэ зиIэ, цIыху Iэдэб, бзэ IэфI зыIурылъ лIы зэтес къыхэкIащ. Къетыкъуэ «дыщэ» и къуэ Аслъэнбэч, и адэм зыкIи емыщхьу, цIыху IуэнтIа, гурымыкъ, щхьэзыфIэфI пщы пагэ къищIыкIащ. Абыхэм цIыхухэр еплъри, я адэхэм зыкIи зэремыщхьым щхьэкIэ «мыщэ лъхуэри дыщэ къилъхуащ, дыщэ лъухэри мыщэ къилъхуащ», - жаIащ. А псэлъафэр абы къытекIащ.
Бекмурзин пщы лъэпкъ унэцIэр Бэчмырзэ деж къыщежьащ. Бекович-Черкасскэ пщы лъэпкъыр Бэчмырзэ и къуэ нэхъыщIэ Елмырзэ къытепщIыкIыжащ. Елмырзэ инэрал цIэ иIэу, дзэпщу Астрахань къалэм дэсащ. И бынхэри, абыхэм я щIэблэри, урыс хъужауэ, пащтыхьым къулыкъу хуащIащ.
Кайтукин пщы лъэпкъ унэцIэр Къетыкъуэ деж къыщежьащ. Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч Къэбэрдейм пщыгъэр тIэунейрэ щиIыгъащ: 1721-1722, 1736-1739 гъэхэм. «Шы пшэр уанэу» зэ УрысеймкIэ, зэм КърымымкIэ еутэкIыурэ, зы пщы гуэрми емызэгъыу, Къэбэрдейр зэIищIэу псэуащ, икIэм-икIэжым, Кърымым Iэпхъуапэри, абы щылIэжащ. Аслъэнбэч и къуэ Хьэмырзэ ЛIы КIэщIырщ 1778 гъэм «Къэбэрдей жэщтеуэр» къызэзыгъэпэщауэ щытар.
 

 

КъардэнгъущI Зырамыку.
Поделиться:

Читать также: