Тхыдэ

МДЗЫМТЭ (МЗЫМТЭ)

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сочэ и Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэ телъыджэу иужькIэ «Красная Поляна» зыфIащыжам нэхъапэхэм Къуэбыдэ (Кбаадэ) цIэмкIэ еджэу щытащ. Ар зэгъэщIылIа Мдзымтэ къуршыпс уэрыр къыщыщIидзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм дыгъапIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.

Лъэпкъ тхыдэр къызэрыщыж гъуджэ

Балъкъэр лъэпкъым, ди республикэм, я усакIуэшхуэ Кулиев Къайсын зэрызэджэжыр «Шэджэм псыхъуэ щалъхуа усакIуэ» цIэрат. Ар къыщалъхуат Шэджэм аузым - ди щIыналъэр зыгъэдахэ щIыпIэхэм ящыщ зым.

Зыхуей псори ягъуэт

ИкъукIэ залымыгъэшхуэт, илъэс 78-кIэ узэIэбэкIыжмэ, балъкъэрхэм кIэлъызэрахьар. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм, бийр хагъащIэу хуежьа къудейуэ, Совет Союзым щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ зыбжанэ хамэ щIыпIэхэм ягъэIэпхъуащ. Абыхэм яхэхуат балъкъэрхэри - 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м дашри, Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэтIысхьащ. Нэхъыбэу хамэ щIыналъэм къыщыхутар зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, цIыхубзхэрщ, сабийхэрщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а зэманым балъкъэр щIалэхэр фронтым Iутт, щхьэмыгъазэу фашист зэрыпхъуакIуэхэм езауэу.

Адыгэхэмрэ пасэрей урымхэмрэ я щIэблэ гъэсэкIэр

Пасэрей Урымым (Римым) щIалэ цIыкIухэр зэрырагъаджэу щытам теухуа пычыгъуэ Интернетым дыщрихьэлIэм, адыгэхэм я бынхэр зэрагъасэу щыта хабзэхэм едгъэпщэн щIэддзащ.

Адыгэхэм я фIыщIэр зэи кIуэдынукъым

Ди лъэпкъыр щалъхуа щIыпIэм ирахуауэ щыщыта илъэсхэр сигу къыщыдридзеижкIэ, ноби си нэпсхэр къысфIокIуэ… Ар дауэ?.. Лъэпкъ псо залымыгъэкIэ щIыпIэм ипшыну, лажьэ ямыIэу. Зи цIыхухэм я процент 15-р фронтым Iутрэ бийм текIуэным къэмылэнджэжу пэщIэт балъкъэр лъэпкъым апхуэдэ лей кIэлъызепхьэныр захуагъэтэкъым. Дэ абы щыгъуэ, дауи, дыщыгъуазэтэкъым Сталинымрэ Бериерэ ди щIыналъэ дахэм, щIыуэпс къулейкIэ цIэрыIуэм гугъэ гъэтIылъахэр зэрыхуаIэм: абыхэм я мурадащ балъкъэрхэр, къэрэшейхэр, шэшэнхэр, нэгъуэщIхэри ирахуу а щIыпIэхэр Куржым иратыну.

ХъымыщкIей - Хамышки

Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыт щIыпIэм деж къыщыщIэбдзэрэ километр 16 хуэдизкIэ укъекIуэтэхыжмэ, сэмэгумкIэ къыщыкъуэунэхукI къуэ гъуэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым деж щысщ.

                   ЩIыпIэцIэм теухуауэ

Индием щызекIуэ хабзэжьхэр

Индие цIыхубзхэм я гъэсэныгъэр я тхылъ лъапIэхэм быдэу епхащ. НысащIэр икIыжынри, ар лэжьапIэм хамэ цIыхухъухэм хуиту щабгъэдэтынри яфIэемыкIу къудей мыхъуу, гуэныхьхэм хабжэу къекIуэкIащ XX лIэщIыгъуэ пщIондэ.

Нартхэр

Адыгэ эпосыр зытеухуа миф лIыхъужь щэджащэхэрщ. Адыгэм ещхьу, нарт хъыбархэр яIэщ нэгъуэщI лъэпкъхэми: абхъазхэм, абазэхэм, убыххэм, осетинхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм, шэшэнхэм, ингушхэм. Нарт хъыбар яIэщ куржы лъэпкъ гуэрхэми – сонэхэм (сванхэм), рачэхэм, хевсурхэм. 
Лъэпкъ псоми нарт хъыбархэр зэхуэдэу щызекIуэркъым. Адыгэхэм, абазэхэм, абхъазхэм, осетинхэм я нарт хъыбархэр нэхъ бжьыфIэщ, нэхъ гъэпсыкIэ дахэ яIэщ. Мыбы я эпосым къыхэщ нартхэр фIыщIакIуэщ, ем пэщIэтщ, Нарт Хэкур яхъумэ.

ЛЪЭПКЪ ХАБЗЭ

Нарт Ерокъуэ хьэщІапІэ ихьауэ здисым хэгъэрейм я пщащэм зы щауэ къылъыхъуащ. Пщащэр арэзы щыхъум, щауэм пІалъэ иритащ.
ПІалъэр къэсмэ, пщащэр иратыну зэгурыІуэри, щауэр дэкІыжащ, нысашэм зыхуищІын хуейти.
Нарт Ерокъуи дихьэхащ пщащэм. Дихьэхри, яфІихьыну триубыдащ.
И хьэщІэгъуэр зэфІэкІати, нарт Ерокъуэ къежьэжащ. Къежьэжа щхьэкІэ, жыжьэ къыІукІакъым - псыхъуэ чыцэм хэуващ:
- Пщащэр зэ мыхъуми зэ псыхьэ къэкІуэнкъэ, - жиІэри.

Щхьэгъусэ зэрагъасэм и хъыбар

Зы лIыжь гъуэгу здытетым зы щIалэ къылъэщIыхьащ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ