Щхьэгъусэ зэрагъасэм и хъыбар

Гъэсэпэтхыдэ

Зы лIыжь гъуэгу здытетым зы щIалэ къылъэщIыхьащ.

– Гъуэгужь апщий, тхьэмадэ! – жиIэри лIыжьым бгъурыуващ щIалэр.

– Тхьэм и щIасэ ухъу, – жиIащ лIыжьым, абы къыфIигъэкIакъым, зы теуэгъуэ якIуху: щIалэр игъэунэхуну триубыдат.

– Дэнэ укъикIрэ, дэнэ укIуэрэ? – еупщIащ лIыжьыр щIалэм.

КъыздикIыр жриIэри, здэкIуэр ибзыщIащ щIалэм.

– АтIэ сыт щыхъыбар фи дежкIэ? – щIэупщIащ лIыжьыр.

ЛIыжьым и жьакIэ ныкъуэтхъум еплъри, щIалэм жиIащ:

– Жьыр яIэщIэкIащ, щIэр уи жьакIэм хуэдэщ.

Ар зэхищIыкIакъым лIыжьым. Заул дэкIри, щIалэм къыпидзащ:

– Уа, тхьэмадэ, узытесым уепсыхрэ уи Iэдэжым ушэсыркъэ?

Абы къикIри къыгурыIуакъым лIыжьым:

– Шы Iэдэж сIыгъкъым, гъуэгу сыкъызэрытехьэрэ зышщ сызытесыр.

– Гъуэгум пкIэлъей къебдзыркъэ-тIэ, – жиIащ щIалэм.

ЩIалэр игъэунэхуну триубыдати, ари къыгурымыIуауэ фэ зытригъэуащ лIыжьым:

– ЛъатэпскIэ си уанэм епхауэ пкIэлъей къыздесхьэкIыркъым, – жиIэри.

Я жылэ нэблэгъэжауэ, лIыжьым щIалэр мэлыхъуэ пщыIэ тришащ.

– Мыр си пщыIэщ, мор си хъушэщ, – жиIащ лIыжьым. ЩIалэм зы псалъи къыпидзыжакъым. Мэлыхъуэ пщыIэм къыблишри, нэгъуэщI зы пщыIи тришащ щIалэр.

– Мыри си пщыIэщ, мор си шыбз гуартэщ, – жиIащ лIыжьым.

Абдежми зы псалъэ къыпидзыжакъым щIалэм.

ЛIыжьыр зэгуэпащ, щIалэр пщыIэм къытришыжри, гъуэгу техьэжащ, я жылэ дыхьэжри, зы куэбжэ деж щепсыхащ.

– Сэ сыкъэсыжащ, – жиIащ лIыжьым. – Ныжэбэ ущыхьэщIэн уи хэгъэрей дэс ди жылэ?

– Уэ удэскъэ? Уи хьэщIэщ сихьэнщ, – жиIэри щIалэр епсыхащ, лIыжьыр дигъэхьэжри, езыр хьэщIэщым ихьащ.

ЛIыжьыр унэм ихьэжри, и унэгуащэм еджащ.

– Зы щIалэ гъуэгум гъусэ къыщысхуэхъури сигъэбэмпIащ, си ужь икIакъым, ди хьэщIэщым къихьауэ исщ, – жриIащ щхьэгъусэм.

– Сыт уигу щIебгъар? – къеупщIащ лIым цIыхубзыр.

– Сигу ебгъэнкъэ: «Фи дежкIэ сыт щыхъыбар?» жысIэри сеупщIати, «Жьыр яIэщIэкIащ, щIэр уи жьакIэм хуэдэщ» жиIэри къызэщащ. КъригъэкIар къызгурыIуакъым.

– Мылыфрэ хъуныщIэрэ зэщIэлъэдауэ ди Iэщым яшх – аращ къригъэкIар, – жиIащ унэгуащэм. – НэгъуэщI сыт къыбжиIа?

– «Узытесым уепсыхрэ уи Iэдэжым ушэсыркъэ» къызжиIащ, шы Iэдэж зэрызмыIыгъыр илъагъурэ пэт.

– ЩIалэм и гъуэгум уэ утетт, езыр пхафэм хэтурэ къапшэрти, аращ къыуидзар. НэгъуэщI къыбжиIакъэ?

– КъызжиIакъым. ПщыIэм тесшэри, ди мэл хъушэри ди шыбз гуартэри езгъэлъэгъуати, зы псалъэ къыпидзакъым… Зы псалъэ къыпидзамэ, зыхуейм хуэдиз пысхунурэ естынут, – жиIащ лIыжьым.

– Iэщ щхьэкIэ къежьакъым – аращ псалъэ къыщIыпимыдзыжар.

– ЖыпIэр пэжмэ, ди хьэщIэм акъыл иIэщ, псэлъыхъу къежьагъэнщи, и нэ къыфIэнэр едгъэшэнщи, едгъэжьэжынщ, – жиIэри унафэ ищIащ лIыжьым. Жылэм джэгу дэтти, хьэщIэр абы иригъэшащ. Джэгум яхэплъэри, щIалэм зы пщащэ къыхихащ:

– Ар хъункъым, – къыжраIащ щIалэм. – Нэхъ сампIэимыхьэ ди къуажэ кIыхьым дэскъым, псалъэ хэзагъэркъым, сэхъуащ – ущIегъуэжынщ.

– НэгъуэщI сыхуейкъым, – икIуэтыжакъым щIалэр.

ЩIалэр хэгъэрей зыхуэхъуа лIыжьым ипхъут пщащэр. ЛIыжьым деж кIуэри жраIащ.

– Ар хъункъым, – идакъым лIым. – Си пхъур фцIыхужыркъэ фэ: ди напэр трихынущ, зэрысэхъуари зэрыжыIэмыдаIуэри фощIэ, апхуэдэ хуэфащэкъым а щIалэм – фэфI есплъащ.

Къащыпиубыдым, лIыжьым и пхъур щIалэм иратащ:

– УщIемыгъуэж, – жаIэри.

ЩIалэр гъуэгу техьэжащ, пщащэр и шыплIэ дигъэтIысхьэри. Я жылэ нэблэгъэжауэ, шыр къыжьэдикъуэри епсыхащ щIалэр, пщащэри шыплIэм къыдихащ.

– Сыкъыщежьэм къапхъэн згъэуващи, абы сеплъыху, мыбдеж щыт, – жриIащ пщащэм, шым и пащIэри хуиIуэнтIащ. – Мэзым сыкъыхэкIыжыху, зыбгъэхъеинщи, гъуэгум укъытезнэнщ, хьэм яшхыжын! – жиIэри.

ЩIалэр мэзым хыхьащ. Шыр и пIэ изэгъэнт: хъуным хэувэри IукIуэтащ. Къапхъэным еплъри, щIалэр мэзым къыхэкIыжащ, шыр IукIуэтауэ щилъагъум, щIэгубжьащ:

– Зумыгъэхъей бжесIатэкъэ! – жиIэри. Уанэр трихри, шым щэлъахъэ ирилъхьащ. – УкъыщызэмыдэIуакIэ, хьэм уезгъэшхыжынщ, гъуэгум укъытезнэнщи. – Уанэр и плIэм ирилъхьэри, щIалэр пщащэм еджащ. – Си ужь ниувэ, зыкъыскIэрумыгъэху. ЗыкъыскIэрыбгъэхумэ, си шым и махуэр къыпхуэкIуэнущ.

Я куэбжэм нэсыжауэ, щIалэр къэувыIащ:

– Мы пщIантIэм зы хьэжь къыдэзнэри сынежьащ, ныбэм къигъэдзыхауэ къыщIэкIрэ гъыуэ къыспежьэмэ, и пIэ къизгъэкIынкъым.

Ар жиIэри, куэбжэр Iуихащ. Хьэжь ныбаджэр гъыуэ ду лъабжьэм къыщIэпщащ.

– Махуищ пхуэмышэчауэ ара! – жиIэри щIалэм хьэр иукIащ.

«Гъуэгум сыкъытринакъыми, зыгуэр хъунщ. Утыкур субыдмэ, си джатэр къисхынщ», – жиIэри зиущэхуати, щIалэм хьэр щиукIым, пщащэм и псэр IукIащ: «Хьэ хей щиукIакIэ, фыз хей еплъынкъым мы слъагъур», – жиIэри.

ПщэфIапIэм гуэгуэн къыщIихащ щIалэм:

– Мыр зищIысыр пщIэрэ, дахэ?

– СощIэ, сощIэ! Сыт щIэзмыщIэр: псыхьэ сыкъикIыжмэ, жэмыр зэрысшынури сызэрыпщэфIэнури сощIэ, – жиIащ пщащэм, къэгузавэри.

– А псор пщIэуэ, дэнэ ущапIа уэ? – жиIащ щIалэм.

Гуэгуэныр къищтэри, пщащэр псыхьэ кIуащ…

Зы илъэс дигъэкIри, лIыжьыр и пхъум къылъыгъуэзащ. И пхъур бжьэхуцым хуэдэу щабэу, щынэм хуэдэу Iэсэу, ужьэм хуэдэу жан хъуауэ кърихьэлIащ лIыжьыр. И малъхъэм деж махуэ бжыгъэ къыщыхьэщIэри, игу зэгъауэ ежьэжащ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭХУЖ Иналщ.
Поделиться: