Тхыдэ

Псыбей-Псебай-Кхъужьыб

Краснодар крайм и Мостовской районым мы цIэр зезыхьэ жылэу итым и «тэхъуанэщ» Лабэ ЦIыкIу зи фIэщыгъэ псым и тIуащIэм Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухар.

КъэхутэкIэщIэхэм я IэмалкIэ

Илъэс мини 4,5-рэ ипэкIэ дунейм къытехьащ Хеопс и пирамидэр. Ар Пасэрей Мысырым и ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. Абы метри 139-рэ и лъагагъщ.

Хьеймащэ и пэжыпIэр

Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыпсэухэм я закъуэ мыхъуу, Урысейм къикIа къэхутакIуэхэми къахуэ­щIа­къым  ХьеймащэкIэ    ды­зэджэ хъупIэ телъы­джэм и щэхур. ЕкIэпцIэ­къуэ, Гундэлэн, Тызыл, Къармэхьэблэ я зэхуакум дэлъ щIы километр зэб­гъузэнатIэ 30-м гъэщIэгъуэ­ну къыщыхъухэмкIэ хэIуащ цIыху цIыкIум.

 

ЛIыхъужьым и гъуэгуанэ

Кхъуэхъужь Адэлджэрий Сосрыкъуэ и къуэр 1918 гъэм Курп Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ. Тырныауз къалэм дэта рудникым щылэжьэну щIидза къудейуэ, 1941 гъэм и бадзэуэгъуэм абы сэлэт шинелыр щитIэгъэн хуей хъуащ.

Дунейпсо тхыдэм халъхьа пцIы

Франджы пащтыхь Наполеон Бонапарт и зекIуэхэм (1798 - 1801 гъэхэм) я фIыгъэкIэ къэунэхуауэ жыпIэ хъунущ щIэныгъэм и къудамэщIэ - египтологиер. Мысырым (Египетым) и щэхухэр къатIэщIыну зэрехьэжьа щIэныгъэлIхэм куууэ яджащ а щIыпIэ телъыджэм къыщыщIаха мывэхэм ­тедза иероглифхэр. Анадолэмрэ Щам Ищхъэрэмрэ щIащыкIагъэххэти, а пасэрей цивилизацэхэм я гъущIы­нэтх­хэр зэщымыщу, бзэ щхьэхуэу къа­хутащ. А лъэхъэнэ дыдэм дунейм щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщыщIатIы­кIыжащ пасэрей лъэпкъыжьхэм я ­къалэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ: майем, ащыр­хэм (Ассирия), шумерхэм, илэунхэм (Троя).

Си адэшхуэмрэ нэмыцэхэмрэ

Къэхъуа

ЖьыукI Хасэ

Нарт эпосым къыхэщ хасэ лIэужьыгъуэщ, жьы хъуар зэраукIыжын унафэ къыщащтэу. ПсэукIэ хьэлъэм, гъуэмылапхъэ мащIэм, нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэми (жьы хъуарэ я псэр яфIэмыIэфIыжу, я гуащIэ зыри къимыхьыжу Iэрызехьэ хъуным) ягъэдурысу, пасэрей хабзэм игъэувыжу щытащ жьыр яукIыжын хуейуэ. ЖьыукIыныр зы лъэхъэнэкIэ лъэпкъ куэдым
яIащ. Мы IуэрыIуатэ мотивыр адыгэ лъэпкъым и гъащIэм къыхэхъукIарэ нэгъуэщI лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэкIыу адыгэ эпосым къыхыхьарэ гъэнэхуэгъуейщ, ауэ нарт хъыбархэм а мотивыр эстетикэм и хабзэкIэ узэдауэ къыщокIуэ.

Еджэрыкъуей

А цIэр зэрехьэ адыгэ лIакъуэхэм ящыщ зым. БзэщIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, еджэрыкъуейхэм къагъэсэбэпыр кIэмыргуей диалектым и псэлъэкIэ щхьэхуэрщ. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIи, лIакъуэм зэреджэр абы зэгуэр и пашэу щыта Еджэрыкъуэ и цIэм къытехъукIащ. 

Еджэрыкъуейхэр, 1849 гъэр къихьэху, Лабэ псым и сэмэгурабгъумкIэ Iусащ, Урыс-Кавказ зауэм и къызэщIэплъэгъуэм Щхьэгуащэ и адрыщIымкIэ Iэпхъуащ. 

Хуэфэщэн зэман трагъэкIуадэ

         Урысейми Европэми къикIыурэ XVIIXIX лIэщIыгъуэхэм Адыгэ Хэкур зрагъэлъэгъуну къакIуэу щыта щIэныгъэлIхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ гу лъамытэу къэнакъым адыгэ бзылъхугъэхэм я къабзагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ, шхыныгъуэ гъэхьэзырынымрэ дэрбзэрынымкIэ абыхэм яхуэдэ зэрыщымыIэм.

Жанхъуэтыпщыр

Жанхъуэтхьэблэ хъыбархэр

Псыгуэнусу къуажэм япэм зэреджэу щытар Жанхъуэтхьэблэщ. Жылэр Бгыжьымрэ БгыцIыкIумрэ я лъапэм щIэсщ Псыгуэнсуупсымрэ Шэрэджыпсымрэ я Iуфэм декIуэкIыу. Псыгуэнсу псыр, къуажэкум щызэхуэзэу, Шэрэджыпсым и сэмэгурабгъумкIэ холъэдэж.

Жанхъуэтыпщыр, уэркъхэмрэ пщылIхэмрэ и гъусэу, а щIыпIэм къыщытIыса зэманыр зыми ищIэжыркъым, зыщIыпIи тхауэ икъым, «Жанхъуэт и къуажэр Псыгуэнсу псым и ижьырабгъумкIэ щысщ» жаIэу ятха фIэкIа.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ