ЖанхъуэтыпщырЖанхъуэтхьэблэ хъыбархэр Псыгуэнусу къуажэм япэм зэреджэу щытар Жанхъуэтхьэблэщ. Жылэр Бгыжьымрэ БгыцIыкIумрэ я лъапэм щIэсщ Псыгуэнсуупсымрэ Шэрэджыпсымрэ я Iуфэм декIуэкIыу. Псыгуэнсу псыр, къуажэкум щызэхуэзэу, Шэрэджыпсым и сэмэгурабгъумкIэ холъэдэж. Жанхъуэтыпщыр, уэркъхэмрэ пщылIхэмрэ и гъусэу, а щIыпIэм къыщытIыса зэманыр зыми ищIэжыркъым, зыщIыпIи тхауэ икъым, «Жанхъуэт и къуажэр Псыгуэнсу псым и ижьырабгъумкIэ щысщ» жаIэу ятха фIэкIа. Жанхъуэт, пщышхуэ лъэпкъым къыхэкIауэ, Беслъэн пцIапцIэ и л1акъуэхэм ящыщт. 1. Беслъэн и къуэр Къетыкъуэщ, 2. Къетыкъуэ и къуэр Пщыапщокъуэщ, 3. Пщыапщокъуэ и къуэр Къазийщ, 4. Къазий и къуэр Жамбулэтщ, 5. Жамбулэт и къуэр Бэчмырзэщ, 6. Бэчмырзэ и къуэр Тэтэрхъанщ, 7. Тэтэрхъан и къуэр Жанхъуэтщ. Аращи, къуажэр зыгъэтIыса, зи цIэ зэрихьэу щыта Жанхъуэтыр Беслъэн и ебланэ лIакъуэщ. Пэжыр жытIэмэ, Къэбэрдейр зезыхьар Беслъэн и лIакъуэрщ. Идар и лIакъуэр – Темрыкъуэрэ Къаниболэтрэ я бынхэр – Урысейм зрагъэхьри, абыхэм яхэкIуэдэжащ, яхэшыпсыхьыжащ. Талъостэнрэ Джылахъстэнрэ я бынхэм зэзэмызэххэ фIэкIа пщыгъэр ирамыгъэубыду, Беслъэн и лIакъуэм Къэбэрдейр зэрихьащ. Къэбэрдейхэм жаIэу щытащ: «Мыщэ лъхуэри, дыщэ къилъхущ, дыщэ лъхуэри, мыщэ къилъхущ». Апхуэдэу щIыжаIэр мырат: ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Бэчмырзэ и теплъэкIи и хьэл-щэнкIи къэбэрдейхэр зэреджэр «мыщэт». Абы и анэ къилъхуа и къуэш нэхъыщIэ Къетыкъуэ и цIыхуфIагъэм, и теплъэ дахэм къыхэкIыу къэбэрдейхэр зэреджэр «дыщэт». Ауэ а зэкъуэшитIым къалъхуа я къуитIыр я адэхэм зыкIи ещхь хъужатэкъым. Бэчмырзэ-«мыщэ» лъхуэри, Тэтэрхъан-«дыщэ» къилъхуат, Къетыкъуэ-«дыщэ» лъхуэри, Аслъэнбэч-«мыщэ» къилъхуат. Арати, къэбэрдейхэр Тэтэрхъан «дыщэкIэ» еджащ, Аслъэнбэч – «мыщэкIэ». А къомыр къыщIыжытIэр Тэтэрхъан-«дыщэ» и къуэщ Жанхъуэтыр. Бэчмырзи Тэтэрхъани я кхъэлэгъунэ чэщанэхэр Шэджэм псым и Iуфэ иджыри Iутщ. Жанхъуэт Къэбэрдейм пщы уэлийуэ тIэунейрэ тетащ. Япэу 1753 - 1759 гъэхэм, етIуанэу 1770 - 1780 гъэхэм. Жанхъуэт етIуанэу пщы уэлийуэ щытетам щыгъуэ, Аслъэнбэч и къуэ Хьэмырзэ лIы кIэщIрэ ХьэтIохъущокъуэ Мысострэ, тетым емыдаIуэу, «жэщтеуэ зауэр» зэхашауэ щытащ. Хьэмырзэ и адэшхуэ Къетыкъуэ IэщIэлъа «Къетыкъуей тIуащIэкIэ» зэджэ щIыр (иджы Алътудыр, Псыншокъуэр, Къэрэгъэшыр зэрыс щIыпIэхэр) урыс пащтыхьым иубыдати, ар къытрихыжыну, Къетыкъуэ и къуэ Хьэмырзэ лIы кIэщI, Къэбэрдейри, Псыжь адрыщI щыпсэу адыгэхэри къызэщIиIэтэри, жэщу урыс станицэм теуауэ щытащ. А зауэм адыгэхэр урысыдзэм гущIэгъуншэу къыщызэтраукIат. Езы Хьэмырзи а зауэм хэкIуэдат. «Жэщтеуэ» уэрэдыр яусыныр къызыхэкIари а зауэрщ. Аслъэнбэч и къуэ Хьэмырзэ зэхишауэ щыта зауэр Жанхъуэтыпщым игъэзэхуакъым. «Къэралыжьым феныкъуэкъункIэ фымащIэщ, фи IэмыщIэм къимытIысхьэнум фыщIокъу», - жиIауэ щытащ Жанхъуэт. «Жэщтеуэ» уэрэдым а псалъэ дыдэхэр халъхьащ: «Къэбэрдейр Жанхъуэтыпщым федаIуэркъым» жаIэу. Жанхъуэт лIащ 1785 гъэм. Езыр щыпсэуа и къуажэкум, зэрыса щIапIэм и хадапхэм деж Iуащхьэ щыхуащIри, абы щыщIалъхьэжащ. ИужькIэ а Iуащхьэм деж щыщIалъхьащ Кушыкуи абы и бынхэри. А Iуащхьэр иджыри щытщ. КIасэм и цIэр зезыхьэ уэрамымкIэ удэжейуэрэ КъардэнгъущI хьэблэм узэрыблэжу, щыгу цIыкIум унэса нэужь, ижьырабгъумкIэ щытщ. Жанхъуэт лIа нэужь, абы и къуэ Кушыку ди къуажэпщу щытащ, нэхъ иужьыIуэкIэ Къэбэрдей псом я пщышхуэу хахащ. Кушыку къалъхуащ 1785 гъэм, уэлиигъуэ пщыгъэр къылъысащ илъэс 27-м иту. Кушыку фызищ иIащ: Щэхугъуей гуащэр, Хъаний, ещанэм и цIэр тщIэркъым. Щэхугъуей гуащэм къилъхуащ Хъымсад гуащэрэ Чэбэхъан гуащэрэ.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
16.04.2024 - 17:52 →
Де Марикур Леон
|