Тхыдэ

Джылахъстэней шу зекIуэ

Адыгэ щыпсэу республикэхэр къызэщIэзыубыдэ «Шу Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм мэкъуауэгъуэм и 22-м ирегъэкIуэкI Хэку зауэшхуэм хэта II5-нэ шу дивизэм и цIэкIэ зекIуэ.

Бабыгу

Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ хэлъэдэж псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ. Шытхыщхьэр ТхьэщIы псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. 

Уэшхеджэ

XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм, XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Штат Зэгуэтхэм уэшхым хьэрычэт иращIэныр къэунэхуауэ щытащ.

Зауэм хэтахэм ящыщу 600-м щIигъум цIэ лъапIэр зэрахьэ

1943 гъэм советыдзэхэм Сталинград деж текIуэныгъэ къыщахьащ. Сталинград зауэм Гитлер къришэлIат дзэ хэплъыхьауэ дивизие 22-рэ, псори зэхэту зауэлI мин 330-рэ.

*   *   *

Пасэрей алыдж кхъуэщынхэм тет тхыгъэхэм адыгэбзэкIэ укъоджэ

Ди эрэм и пэкIэ 6-5-нэ лIэщIыгъуэхэм ящIауэ зыхуагъэфащэ кхъуэщынхэм тетым иджыри къэс зыри къеджэфыртэкъым. Ауэ иужьрей къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ахэр адыгэбзэрэ абазэбзэкIэщ зэрытхар.

Адэжьхэм я щIэин

Саратов щыщ археологхэм хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Лазаревск (ПсыфIыпэ) къалэ цIыкIум къедза къуажэхэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. IэщIагъэлIхэм къатIэщIыжащ тхыдэ щIэныгъэм ирилажьэхэр зэIусэну иджыри къыздэсым зыхунэмыса кхъащхьэ пщIы бжыгъэхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр хы ФIыцIэ Iуфэм ижькIэрэ Iусыгъа адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыным я щIэинщ. 

Польшэмрэ Адыгэ Хэкумрэ

2019 гъэм Псыхуабэ къыщыдэкIащ Клычников Юрийрэ Лазарян Сергейрэ я IэдакъэщIэкIыу «Польшэм щыщ дзэхэр бгырысхэм зэрагуэтар» лэжьыгъэр. Урыс-Кавказ зауэм щыщу зыхэдмыщIыкI куэдым ущрохьэлIэ а тхылъым. КъухьэпIэ Кавказым мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэ Урысейм ирищIылIа нэужьи, Iэщэр зыгъэтIылъа бгырысхэр щIэрыщIэу къызэщIэзыгъэстыжахэм я цIэхэр япэу зэхыдох. 

Зэманыр куэд щIауэ пебжыкI

Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхур хущIэкъурт зэманыр къызэрибжыным. НэхъапэкIэ, ар иригъуазэу щытащ дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм. Къапщтэмэ, Пасэрей Мысырым зэманыр жэщ-махуэкIэ зэщхьэщагъэкIыу щытауэ аращ. Зэманыр нэхъ наIуэу зэкIэлъыхьыныр дыгъэ сыхьэтым деж къыщежьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыкIэ къэббжыфынур махуэрат. Ди эрэм и пэкIэ илъэс 2500 - 600-кIэ узэIэбэкIыжмэ Пасэрей Персымрэ Пасэрей Китаймрэ къыщежьауэ щытащ псыкIэ лажьэ сыхьэтхэр. Нэхъ иужькIэ, ар Мысырми Алыджми нэсащ. ЩыIащ мафIэ сыхьэтхэри. Шэху уэздыгъэм и кIыхьагъкIэ лэдэххэр хуащIырти, абы иригъуазэрт. ПшахъуэкIэ къэзыпщытэ сыхьэтхэр къежьауэ хуагъэфащэ ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм.

Мэздэгу зэраухуар

Къэзакъ тхыдэтх Потто Василий и тхыгъэхэм къыхощыж етIанэгъэ илъэси 260-рэ ирикъуну Мэздэгу къалэр къызэрежьар.

Бахъсэн деж къыщыхъуахэр

Фон Штрадман Густав Кавказ зауэм хэта урыс дзэпщщ. Абы и нэкIэ илъэгъуащ илъэс щитIым щIигъу ипэкIэ Бахъсэн псыхъуэм щыпсэуа ди лъэпкъэгъухэм къащыщIар. Лей зезыхьа лъэныкъуэм зэрыхэтам щхьэкIэ къэмынэу,  щIалэм уи нэгум къыщIигъэувэ сурэтыр уи фIэщ мэхъу. ЩIыналъэр нобэрей теплъэм хуэзыша гъэунэхугъуэ  мытыншхэм уриплъэжынми  щхьэпагъ хэлъщ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ