Зауэм хэтахэм ящыщу 600-м щIигъум цIэ лъапIэр зэрахьэ1943 гъэм советыдзэхэм Сталинград деж текIуэныгъэ къыщахьащ. Сталинград зауэм Гитлер къришэлIат дзэ хэплъыхьауэ дивизие 22-рэ, псори зэхэту зауэлI мин 330-рэ. * * * 1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ. ЩIалэ дыдэу езыр щIэлъэIури, ар зауэм кIуащ. 1942 гъэм танкист хахуэр фронтым Iухьащ икIи адрейхэм сыт щыгъуи я щапхъэт. 1945 гъэм Мэсейм и закъуэ зэтрикъутащ бийм и топу 11, бронемашинэу 10, автомашинэуи апхуэдиз, гу зэщIэщIауэ 25-рэ, танк зыбжанэ, нэмыцэ офицеру, сэлэту щэ бжыгъэхэр зэтриукIащ. Абы къыхэкIыу 1945 гъэм мазаем и 27-м «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, езы Аслъэнджэрий ТекIуэныгъэм и гуфIэгъуэр илъэгъуакъым, зауэм лIыхъужьу хэкIуэдащ. * * * Адыгэхэм ящыщуи тхакIуэхэм къахэкIауи япэ дыдэу Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуар Андырхъуей Хъусенщ. 1940 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну ар ираджащ. Илъэс нэхъ дэмыкIауэ Хэку зауэшхуэр къэхъейри, къэралым и щхьэщыжакIуэу япэу биидзэм пэщIэувахэм яхэтащ. * * * 2010 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. * * * Берлин папщIэ екIуэкIа зауэм хэтахэм ящыщу 600-м щIигъум «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, адрей псоми «Берлин къызэращтам папщIэ» медалыр иратащ. * * * Адыгэ кхъухьлъатэзехуэ Къуэныкъуей Назир 1943 гъэм фокIадэм и 1-м «ЯК-1» зэребгъэрыкIуэ кхъухьлъатэмкIэ зэуэн щIидзащ икIи зауэр иухыху абы лIыхъужьу хэтащ. Къалэн хэха иIэу ар 276-рэ уэгум ихьащ икIи 65-м бийм япэщIэуващ. Къуэныкъуейм фашист кхъухьлъатэу къриудыхащ и закъуэу 15, гупым я гъусэу 8, щIым щикъутащ кхъухьлъатэу 8, автомашинэу 15, зы мафIэгу. А псом нэмыщI, Берлин щхьэщыхьэри, сурэт трихащ а къалэм и гуащIэгъуэу щебгъэрыкIуэм яхэту. Абы къыхуагъэфэщащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. * * * 1942 гъэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шу дивизэр зауэм Iухьащ.
Поделиться:
Читать также:
06.07.2022 - 19:21 →
Зратахэмрэ къызытрахыжахэмрэ
05.07.2022 - 09:00 →
И щхьэгъусэм и лъэIукIэ властыр тридзат
04.07.2022 - 18:12 →
ХьэщхьэрыIуэхэми тIасхъапIэ яIэщ
01.07.2022 - 16:59 →
Псыхуабэ и псы хущхъуэхэр
01.07.2022 - 14:41 →
ШыфIыр лIыгъэм и ныкъуэщ
|