|
Тхыдэ
18 июля, 2022 - 12:00
ЦIыхум и зыхуэпэкIэмрэ и щхьэцым иIэ теплъэмрэ куэд къыбжаIэфынущ, псалъэм щхьэкIэ, зыщыщ зэманым, лъэпкъым, и беягъэм теухуауэ. Щхьэцым дыкъытеувыIэмэ, дапщэщ парик жыхуэтIэр къыщежьар?! Парик зэрахьэу щытащ египет фараонхэм, европей дворянхэм, урыс жьакIэупсхэм (цирюльник).
XVII-XVIII – нэ лIэщIыгъуэхэм европей цIыху хуэкъулейм и теплъэр уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнутэкъым парик щымыгъыу. А лъэхъэнэр къэзыгъэлъэгъуэж цIыху сурэтхэм щыдолъагъу гъэутIэрэза, ухуэна, пыпхыкIа парик Iувхэр.
15 июля, 2022 - 09:00
ЩыIэщ хьэпшып, куэд дыдэ щIауэ къэдгъэсэбэпу, ауэ ар къэзыгупсысамрэ къызэрежьамрэ хэтщIыкIышхуэ щымыIэу. Къэтщтэнщ глобусыр. Хэт и цIэ абы епхар, сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIа и къежьэкIар?! «Глобус» псалъэр латиныбзэм къытекIащ, «шар» жиIэу къокI. ЩIыр къызэрапщытэ Iэмал нэхъ нэщIыса дыдэщ. И градус сеткэри, меридианхэр, щIыпIэхэм я зэхуаку дэлъ жыжьагъхэри – псори белджылыуэ къыщыгъэлъэгъуащ. Глобусыр куэдым къагъэсэбэп пэш кIуэцI ирагъэдахэуи, тыгъэуи ят. ЩыIэщ цIыху IэкIэ ящIа глобус дахэм доллар мелуани 5-м нэс щIэзыт.
15 июля, 2022 - 08:55
XIX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм Къэбэрдейм шыхъуэу 192-рэ ист. Шы куэд зезыхуэхэм хабжэрт полковник ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ (300), Кушмэзокъуэ Кушмэзыкъуэ (200), Тыжь Пакъ (600), Тыжь Алий (500), подполковник Къэсейр (200), юнкер Шалборовымрэ и къуэшхэмрэ (1500), ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэ (250), ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил (200), ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ (300), ТэукIэщ Цурэ (225). А гупым щыщт шы зехуэнкIэ щапхъэ къэзыгъэлъагъуэ Къуэдзокъуэри.
14 июля, 2022 - 17:07
Зауэ IэнатIэм Iута чыристан дин лэжьакIуэхэм я бжыгъэр куэдыкIейщ.
14 июля, 2022 - 13:44
1962 гъэм мазаем и I0-м и пщэдджыжьыпэм метрищэ зи кIыхьагъ Глиникер Брюкке лъэмыжым (ар Берлин и къухьэпIэ гъунапкъэмрэ абы и гъунэгъу Потсдамрэ я кум дэтт) и бгъуитIым Iухьащ автомашинэ зыбжанэ. Языхэзым ист совет разведкэм и полковник, американхэм Абель Рудольфу къацIыху тIасхъэщIэхыр. Адрей лъэныкъуэмкIэ къыщыт автомобилымкIэ къашат США-м и кхъухьлъатэзехуэ Пэуэрс Фрэнсис Гэри.
14 июля, 2022 - 09:32
НаIуэу зэрыщытщи, Браун Евэ фюрерым бын къыхуилъхуакъым. АрщхьэкIэ I98I гъэм Франджым и цIыху Лоре Жан-Мари жиIащ и адэр Гитлер Адольфу, и анэр Люберже Шарлоттэу. Пэжи пцIыи… Хэт зыщIэр?
13 июля, 2022 - 12:06
Пасэ зэманым цIыху гъащIэм и кIыхьагъыр зыхуэдизыр къызэралъытэу щытамкIэ жа1эхэр зэтехуэркъым. Археологхэм жаIэ ар илъэс 20-30-м щIигъуу щымытауэ. Иныкъуэхэм цIыхур лIэщIыгъуи 7-8-кIэ псэуауэ трагъэчыныхь. Пэжыр а жаIэхэм я зэхуэдитIым щыIэнкIэ хъунущ.
12 июля, 2022 - 11:55
Апхуэдэ къэхъурэ? Лъэпкъ лIыхъужьыр иужькIэ епцIыжакIуэу къыщIидзыну? Къохъу, ауэ власть нэхъыщхьэр зыIэщIыхьахэм япэ итахэр щагъэулъийхэм деж.Ауэ нобэ дэ зи гугъу тщIынур абыхэм ещхькъым. Франджым и маршал Петен мазэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIыу лIыхъужьым икIри, псоми зи цIэр зэхахыну хуэмей епцIыжакIуэм хуэкIуащ.
ЛIэщIыгъуэм и Iыхьэ плIанэм нэскIэ Петен франджыхэм я къегъэлакIуэу, зэрыгушхуэ цIыхуу, лъэпкъ лIыхъужьу къекIуэкIащ. Ауэ зэуэ псоми хьэIупс ящIа бзаджэнаджэ хъуащ. Сыт щхьэкIэ?
8 июля, 2022 - 10:54
Адыгейм «Куэшхьэблэ» зи фIэщыгъэу ит къуажэшхуэр зэпэплIимэу дахэщ, и уэрам Iэхуитлъэхуитхэр языныкъуэ щIыпIэхэм я деж щызэхыхьэжрэ адэкIэ щызэхэкIыжу.
Мы къуажэр километр 60-кIэ пэжыжьэщ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ, и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэу.
6 июля, 2022 - 16:21
СССР-м Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьыр щыхуагъадэрт Совет Союзым и ЛIыхъужьым. Апхуэдэу къекIуэкIащ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм пщIондэ. Зэи сщыгъупщэжынукъым си къуажэгъу, Сталиным и цIэр зезыхьэ колхозым и жэмыш Пащты Салимэ Iэтауэ ягъэлъэпIауэ зэрыщытар. Iуащхьэмахуэ метр бжыгъэкIэ и лъагагъым хуэдиз (метр 5633-рэ) шэ литру жэм къэс къыщIэзыша Салимэ Москва и Кремлым яшэри, и бгъэм дыщэ вагъуэр къыщыхалъхьауэ щытащ.
Страницы
|