Зратахэмрэ къызытрахыжахэмрэ СССР-м Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьыр щыхуагъадэрт Совет Союзым и ЛIыхъужьым. Апхуэдэу къекIуэкIащ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм пщIондэ. Зэи сщыгъупщэжынукъым си къуажэгъу, Сталиным и цIэр зезыхьэ колхозым и жэмыш Пащты Салимэ Iэтауэ ягъэлъэпIауэ зэрыщытар. Iуащхьэмахуэ метр бжыгъэкIэ и лъагагъым хуэдиз (метр 5633-рэ) шэ литру жэм къэс къыщIэзыша Салимэ Москва и Кремлым яшэри, и бгъэм дыщэ вагъуэр къыщыхалъхьауэ щытащ. Ар къызэрырагъэблэгъэжым ехьэлIа дауэ-дапщэхэм хэтыну Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ Мэлбахъуэ Тимборэ я пашэу, Куба къэкIуат республикэм, Бахъсэн районым я унафэщIхэр. ЦIыхуищэхэм яуфэбгъуат къуажэ стадионымрэ абы и Iэшэлъашэхэмрэ. ЕкIуэкI Iуэху псори трахырт кинокамерэхэмкIэ. ИужькIэ куэдрэ сригушхуащ абыхэм я «нэхэм» сэри сыкъаубыдауэ зэрышытам щхьэкIэ…
Поделиться:
Читать также:
19.08.2022 - 13:41 →
ТIэкIу пасэIуэу къыщIэкIынущ
19.08.2022 - 12:45 →
Дамыгъэ нэхъыщхьэ
16.08.2022 - 13:05 →
ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ ПЩЫХЭР
12.08.2022 - 17:15 →
Киномрэ пэжымрэ
11.08.2022 - 18:44 →
«Анзорхэ я Къэбэрдейм» и тхыдэм и бзыпхъэхэр
|