Тхыдэ

И щхьэгъусэм и лъэIукIэ властыр тридзат

«Диктатор» псалъэм фIы къикIыркъым, ар зыфIащахэри тхыдэм къызэрыхэнэр бзаджэнаджэущ. Апхуэдэ лъэужь къигъэнащ зи гугъу фхуэтщIыну цIыхуми.
Чили къэралыр куэдым къыщытщIар 1962 гъэм абы и командэр футболымкIэ дунейпсо чемпионатым дыдейхэм 2:I-уэ къытекIуа иужькIэщ. Ар ди гум щIыхьат. Зэман дэкIри, тщыгъупщэжащ къэхъуари езы къэралри.

ХьэщхьэрыIуэхэми тIасхъапIэ яIэщ

 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэу наIуэ къэхъуащ къыттеуа зэрыпхъуакIуэхэм ефIэкIыныгъэшхуэ зэраIэр. Ахэр нэхъ лъэщт техникэкIэ я мызакъуэу я зэфIэкIкIи. А псоми я гугъу тхуэщIынкъым, жытIэн къудейщ фашист Германием и Лютваффер  (авиацэр) занщIу уэгум тепщэ зэрыщыхъуар. Абыхэм къызэрагъэпэщырт танкхэмрэ лъэсырыкIуэ дзэхэмрэ я ехъулIэныгъэхэр. Зауэм и дэтхэнэ щIыпIэми. Ауэ дэ зэкIэ зи гугъу фхуэтщIынур Ленинград къебгъэрыкIуа 54-нэ эскадрэрщ. Абы лъэужьышхуэ икIи ди дежкIэ гуауэ къыщигъэнащ тхыдэм.

Псыхуабэ и псы хущхъуэхэр

Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм зыщызыубгъуа псы хуэщхъуэхэм пасэу тетхыхьахэм язщ император музейм и япэ директор Жиль Флориан Антуан. 

ШыфIыр лIыгъэм и ныкъуэщ

                                             

ЦIыхум шыр унагъуэ псэущхъэ щищIар ди лъэхъэнэм ипэкIэ е 3-нэ илъэс минрауэ хуагьэфащэ.

Ди лъэпкъым и гушхуапIэ нартхэр щыщыIа зэманым шымрэ цIыхумрэ пхузэкIэрымыхыжын зэхуэхъуагъэххэт. Шы лъэпкъ къэгъэщIынкIи, а псэущхъэ угъурлыр  зехьэнымкIи гъэсэнымкIи IэмалыфIэ хъуагъэххэт.

Тхыдэ уэрэдыжьхэр я щыхьэтщ

ЦIыхубзым и пщIэр хъумэныр нэхъыщхьэ дыдэт адыгэ лIыхъужьхэм я дежкIэ. «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ» псалъэжьми къегъэлъагъуэ адыгэ бзылъхугъэм пщIэшхуэ зэриIар. IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжщи, абы къигъэувыIэфынут лъыгъажэ ящIыну зэпэува цIыхухъуитIыр.      

Гуащэмахуэ и гъыбзэмрэ абы и хъыбарымрэ

ЛIым я леймрэ рэуиуа, а-а, шым я леймрэ

Айра, сынырахьэжьэри, рэуэ ией,
Уой, сы-Гуащэмахуэт, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сыгуащэ хужьт, атIэ!

Зэманым и хабзэм тети…

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70-80 гъэхэм «биоритмхэм я махуэгъэпс» щыIащ. ИнагъкIэ зэхуэмыдэ дискищыр бжыгъэ зэпыхукIахэм я хъуреягъкIэ щызекIуэрт. Ар къэзыгупсысахэм жаIэрт цIыхухэм я физическэ, зэрызыхищIэ, зэрыгупсысэ биологическэ ритмхэм я зыужьыкIэхэр къриппщытэ хъууэ. Абы папщIэ махуэгъэпсым иребгъэубыдэн хуейт укъыщалъхуа гъэр, мазэр, махуэр. Зэман дэкIри, щIэныгъэм махуэгъэпсыр лъабжьэншэу, мыхьэнэ имыIэу къилъытащ. Ауэ биоритм жыхуаIэжыр щыIэщ, абы емылъытауэ. ЦIыхум и закъуэкъым, псэ зыIут псоми яIэщ ар. ГурыIуэныгъэ щыщыIэкIэ, ар зыдж щIэныгъи щыIэщ – «хронобиологие».

Плъыфэхэм куэд къыбжаIэ

ЦIыху балигъым плъыфэу мини I00-м нэс зэщхьэщегъэкIыф. СурэтыщIхэм къалъэгъуф плъыфэ мелуани I0-м нэблагъэ. ЩIэныгъэлIхэм, психологхэм зэрыжаIэмкIэ, плъыфэхэмрэ цIыхумрэ зэпыщIэныгъэшхуэ яIэщ. ЦIыхум и гукъыдэжыр елъытауэ щытынкIэ хъунущ абы. 

Тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ зэподжэж

Адыгэ тхыдэм и къуэпсыр жыжьэ дыдэ къызэрыщежьэм щыхьэт тохъуэ нарт эпосми нэгъуэщI IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэхэми куэдрэ узыщрихьэлIэ «уащхъуэ» псалъэр. Тхьэ яIуэн (псалъэ быдэ ятын) хъумэ, адыгэхэм нобэр къыздэсым я псэлъафэщ ар - «Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ!» «Мыващхъуэ кIанэр» гурыIуэгъуэщ, хэт (сыт) хъуну «уащхъуэр», сыт абы и цIэкIэ тхьэ щIаIуэр - псалъэ быдэ щIатыр?

Пхъэщхьэмыщхьэхэр щыкуэдщ

Пасэ зэманым Адыгэ Хэкум щыIа зыплъыхьакIуэхэм я гукъэкIыжхэм укъыщеджэкIэ, лIэщIыгъуитI-щы зэрыдэкIам хуэдэу, зытепсэлъыхьыр нобэрей махуэ къыпфIощI. 
 
Франджы сатуущIэ Тавернье Жан-Батист 1630 гъэм Адыгэ Хэкур къызэхикIухьа нэужь, и нэгум щIэкIар тхылъым щихъумэну мурад ищIат. Абы и фIыгъэкIэ, ди Хэкум и пасэрей теплъэр дэри ди нэгу къытхущIогъэхьэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ