Псыхуабэ и псы хущхъуэхэр

Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм зыщызыубгъуа псы хуэщхъуэхэм пасэу тетхыхьахэм язщ император музейм и япэ директор Жиль Флориан Антуан. 
Кавказымрэ езыр нэхъ щызекIуэ Псыхуабэрэ я фIагъыр зыхуэдизыр зэхигъэкIын мурад ищIам ещхьу, Жиль I859 гъэм итхырт: 
 «Псыхуабэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэ къыщIыхэкIын щхьэусыгъуэ псори бгъэдэлъщ. Гум цIыкIу абы псыфI дыдэ къыхуехь. Хьэцыбанэ тхьэмбылыфэхэм я деж щегъэжьауэ жыгей мэзхэм я деж щиухыжу, Мэшыкъуэ и лъапэм къыщымыкI къэкIыгъэ укIуэдыж. ЩIыфI зэрытелъым къыхэкIыу, абы и щIыIум къыщыкI мэзыр кIуэ пэтми нэхъ Iув хъунущ. ЛъапIэ хъуа пхъэр иджыпсту псоми Къэбэрдейм къраш. Мэшыкъуэ и лъапэм къыщIах сэхум и закъуэ урикъунщ, ухуэныгъэхэм къыщыбгъэсэбэпыну. 
АдэкIэ зыплъыхьакIуэр топсэлъыхь псы хущхъуэхэм яхуэгъэхъужыну узхэм: 
«Псыхуабэрэ губгъуэм лантIэу зыщызыукъуэдий Гум цIыкIурэ нэгум къыщыщIэувэ щIыпIэм унэмысыпэу сутIыпщыжащ си щхьэхъумэхэр, Горячеводскэ станицэмрэ а цIэ дыдэр зезыхьэ, Псыхуабэ унэсыпэу узыхуэзэ къалэ цIыкIумрэ я зэхуакум. Къуэ дахэм дэт а къалэр ищхъэрэкIэ Мэшыкъуэ йокIуэлIэж. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Псыхуабэ пщыIэ зыбжанэ фIэкIа дэтакъым, мыбы щыIэ псы хущхъуэхэм къакIуэурэ зызыгъэхъуж сымаджэхэр зыщыпсэуахэр. Псыхуабэ цIэр тэтэрыбзэкIэ Бещто (Бгитху) цIэр зезыхьэ бгым и фIэщыгъэу аращ. Езыр-езыру къэхъуа пирамидитхум ещхьу, гъэщIэгъуэну зеубгъу абы, ику ит къуршым и къуапэхэм фIэкIа къимыгъэлъэгъуэну мурад ищIам ещхьу. 
Георгиевск и пIэкIэ щыхьэр хуэдэу хъуа Псыхуабэ иджы цIыху 6000-м нэс щопсэу. ЩIымахуэм абыхэм я бжыгъэр тIэкIу нэхъ мащIэ мэхъу. Ар къызыхэкIыр мыбы щыщ куэд Железноводск, ЕсэнтIыгу, Нартсанэ зыхыхьэ, къызэщIэубыдауэ «Минводы»-кIэ зэджэ псы хущхъуэ къыщIэжыпIэм Iэпыдзлъэпыдз хуэдэу зэрыщылажьэрщ. Абы и унафэщIщ барон Штенберг Унгерн. 
Псыхуабэ щыIэ псы хущхъуэхэр зэрызэщхьэщыкIыр псым и хуабагъымрэ абыхэм фIамыщI чызэп зыхэлъ гъуэзу (углекислый газ) хэтым и куэдагъымкIэщ. Ахэр я сэбэпщ лъыр гуащIэ зэрыхъум къыхэкI къупщхьэ уз псоми (артритхэм, ревматизмхэм), кIэтIийузым, тэмакъыдзэм, IувыIуэ хъуа лъым, къинэмыщI кIуэцI узхэм. Берсийузми (кахексия), зи щIэлъэныкъуэр иубыдахэми, псчэ уз, лъатэуз, бгъэуз зиIэхэми яхуэфIщ. Е екIуа къупщхьэхэр хъужынымкIи, нэгъуэщI уIэгъэхэмкIи сэбэпщ. I857 гъэм Псыхуабэ зыщызыгъэхъужхэм я бжыгъэр цIыху 700-м нэсырт. Абыхэм ящыщу нэрыбгэ 400-р езы Кавказым щыщт». 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: