Пхъэщхьэмыщхьэхэр щыкуэдщ

Пасэ зэманым Адыгэ Хэкум щыIа зыплъыхьакIуэхэм я гукъэкIыжхэм укъыщеджэкIэ, лIэщIыгъуитI-щы зэрыдэкIам хуэдэу, зытепсэлъыхьыр нобэрей махуэ къыпфIощI. 
 
Франджы сатуущIэ Тавернье Жан-Батист 1630 гъэм Адыгэ Хэкур къызэхикIухьа нэужь, и нэгум щIэкIар тхылъым щихъумэну мурад ищIат. Абы и фIыгъэкIэ, ди Хэкум и пасэрей теплъэр дэри ди нэгу къытхущIогъэхьэ. 
 «АдыгэщIыр хэгъэгу гъэщIэгъуэныщэщ теплъэгъуэ куэд уи нэгум щIигъэкIыу, - етхыж зыплъыхьакIуэм. – Абы бгылъи, тафи, Iуащхьи, мэзылъэ щIыпIи ущрохьэлIэ. Къуршхэм къыщыщIэж псыежэххэр апхуэдизкIэ уэрщи, абыхэм ящыщ зым къуажих-блы щигъэшхэф къохъу. Удз гъэгъа дахащэхэм уахуозэ губгъуэм ущитым, псом хуэмыдэу тюльпан зэмылIэужьыгъуэ куэд. МыбыкIэ иджыри губгъуэ мэракIуэ лIэужьыгъуэ гуэр къыщокI, зы лъабжьэм мэракIуитху-хы къыпыкIэу. Я нэхъ цIыкIур дэм хуэдиз мэхъу, я фэкIэ гъуэжь-сырыхуфэщ. ЩIыр апхуэдизкIэ пшэрщи, гугъу удемыхьыххэу узыхуейуэ хъуар щыпхуобагъуэ. Хадэ IэрыщI яIэххэкъым, езыр-езыру къэкI балией, мыIэрысей, къинэмыщI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр къыщыкI губгъуэхэм фIэкIа». 
Хэт и фIэщ хъужын нобэ Голландием къраша тюльпанхэмрэ мыIэрысэм хуэдиз зи инагъ щIы мэракIуэхэмрэ щагъэкI ди щIыналъэр абыхэм я къежьапIэу щытауэ?! 
 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: