Тхыдэ

Ди хэгъуэгухэр

Къэбэрдейр хэкуиплIу зэпыудауэ щытащ:
ХьэтIохъущыкъуей: 1. Къармэхьэблэ (Каменномост), 2. Бабыгуей (Сэрмакъ), 3. Ашэбей (Малкэ), 4. Абыкъухьэблэ (Дзэлыкъуэ), 5. Хьэсэнбий и къуажэ (Куба), 6. Лафыщхьэблэ (Псыхъурей), 7. Къуэнхьэблэ (Къулъкъужын), 8. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ - Атажукин I (Зеикъуэ), 9. ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ - Атажукин 2 (Къызбрун I), I0. Тохъутэмыщей (Лашынкъей), II. Къундэтей I (Шэджэм I), I2. Къундэтей 2 (Шэджэм 2).

«Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ»

Шыхулъагъуэ (Млечный путь). Жэщым гъуэгу пхыша фIэкIа умыщIэну уафэм щызэхэт вагъуэбэм «шыхулъагъуэ» фIащащ адыгэхэм. «ЖэщкIэ зекIуэ лIыхъужьхэр ШыхулъагъуэкIэ мэзекIуэ», - жаIэрт абыхэм. Пасэрей алыджхэр «галактикэ»-кIэ зэджэ, урысхэм «Млечный Путь» зыфIаща вагъуэ зэрыбыным щхьэкIэ адыгэхэм апхуэдэу щIыжаIар шы зэраху лъагъуэм ирагъэщхьауэ ятх щIэныгъэлIхэм. КIахэ адыгэхэм «Шыгъушэмэ я гъогу» («путь везущих соль») жаIэ.

Дыжьын лIэщIыгъуэми и мывэ…

«СердроликкIэ» зэджэр мывэ цIугъэнэщ. 

Черкасскэхэм я хьэмтетыгъуэр

Къэбэрдей пщышхуэ Идар Темрыкъуэ пхъуищрэ къуитхурэ иIащ. Урысейми Къэбэрдейми я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пщышхуэм и къуэхэу Думэныкъуэ, Мамсырыкъуэ, Белгъэрыкъуэ, МатIэ, СулътIан сымэ ящыщу Мамсырыкъуэщ лIыгъэшхуэ зыхэлъу, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ нэхъри благъэ зэхуэхъуным хэлIыфIыхьа дзэпщу, лIыщхьэ цIэрыIуэу къахэщхьэхукIар.

Гитлер зиукIыжар пэж?

1945 гъэм накъыгъэм и 4-м Германием и Iэтащхьэм и бункерым пэгъунэгъу дыдэу сэлэт Чураков Иван къигъуэтащ мафIэм иса хьэдэр. «Смерш» контрразведкэм и лэжьакIуэхэм иужькIэ къалъытащ ар Гитлер Адольф и хьэдэу. Фюрерым къыбгъурылът нэхъ Iеижу мафIэм иса Браун Евэ и хьэдэри. Совет тIасхъэщIэххэм къадэIэпыкъуащ Гитлер и щхьэхъумэхэм ящыщ Менгесхаузен Хари. Абы тхьэ щиIуэжырт а хьэдитIыр Гитлеррэ Браун Евэрэ яйуэ. АрщхьэкIэ, уеблэмэ а зэманми шэч къытрахьащ абы и псалъэхэм. ЗызыукIыжахэм я щхьэхэр Москва къагъэсыну унафэ ящIащ IэщэкIэ зэщIуэда къарухэм я музейм щIалъхьэну мурадкIэ.

Ныбэжь Сергей

Инарыкъуей къуажэ щыщу Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу  хэтахэм  ящыщщ  Ныбэжь Сергей. ХахуагъэкIэ псыхьауэ абы  и хъыбар куэд сызэрыцIыкIурэ зэхэсхырт.   

Къэрэш ХьэмрутIэ

ТекIуэныгъэм хэ­лIыфIыхьахэм ящыщщ. И ныбжьэгъу куэдым хуэдэу, Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейуэ   ар  дэкIат.

 Iэщэ къищтэу бийм япэу щыпэщIэувар 507-нэ фоч­гъауэ полкым хэту Къры­мым щыкIуарщ. Зэхэуэ гуа­щIэ екIуэкIыу ди сэлэтхэр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ икIуэтырт.

Хъыбий Балилэ

 Хэку зауэшхуэм и тхыдэм зи цIэ къыхэщыжхэм ящыщщ Тэрч щ1ыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм къыдэк1а Хъыбий Нэгъуей и къуэ Балили.

ЩIэныгъэм и япэ бзылъхугъэ

Ди лъэхъэнэм и 4-5-нэ лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм, Урым пащтыхьыгъуэр щызэпкърыхужым ирихьэлIэу, псэуащ Гипатие цIыхубз телъыджэр (370 - 415 гъэхэм). Ар математикэмкIэ, астрономиемкIэ, философиемкIэ щIэныгъэрылажьэу щытащ, математикэм и профессор Александрийскэ Теон  ипхъут.

 Гипатие и теплъэкIи, и дуней тетыкIэкIи, и хьэлкIи цIыхубз дахэу, гуакIуэу щытащ. Уеблэмэ тхьэIухудт.

ЗауэлI мини 7-м я щхьэр ­ща­гъэтIылъащ

Инарыкъуей джабэхэм  Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм  щекIуэкIа зэпэщIэувэныгъэ гуащIэм и щыхьэтщ абы нобэхэми къыщагъуэтыж  Iэщэ-фащэр, сэлэтхэм я къупщхьэлъапщхьэхэр,  джабэм иIэ щIытI  бжыгъэншэхэр, цIыхухэм я гум къина хъыбар  гуузхэр.   

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ