Къэрэш ХьэмрутIэ

ТекIуэныгъэм хэ­лIыфIыхьахэм ящыщщ. И ныбжьэгъу куэдым хуэдэу, Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейуэ   ар  дэкIат.

 Iэщэ къищтэу бийм япэу щыпэщIэувар 507-нэ фоч­гъауэ полкым хэту Къры­мым щыкIуарщ. Зэхэуэ гуа­щIэ екIуэкIыу ди сэлэтхэр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ икIуэтырт. Абдеж ХьэмрутI япэу уIэгъэ щыхъуащ. Ягъэхъужу госпиталым къыщIэ­кIыжа иужькIэ, ар хагъэхьащ 37-нэ фочауэ дивизэм и ­75-нэ сапер батальоным. 1943 гъэм Курск щызэуащ. ИужькIэ хэтащ Белоруссиер, Польшэр хуит къэзыщIыжахэм.

 Зауэр къыщыхъея махуэхэм щегъэжьауэ ар иухыхукIэ псэемыблэжу, япэ итхэм ящыща Инарыкъуей щIалэр Кърымым щегъэжьауэ Берлин нэс кIуэцIрыкIащ. Ар щэнейрэ уIэгъэ ящIащ, ауэ абыхэм къагъэувыIэфакъым, текIуэныгъэм хуэпабгъэ щIалэфIым и гур.

 Абы зэрихьа лIыгъэм и щыхьэтщ къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр: Хэку ­зауэ орденым и япэ нагъыщэр, Вагъуэ Плъыжьыр, ЩIыхьым и орденым и ещанэ нагъыщэр, «Хахуа­гъэм папщIэ» медалитIыр, «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалыр.

  Зауэ нэужьым Къэрэшым Джылахъстэнейм къигъэ­зэжри, и гуащIэ хилъхьэу   и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ.

 1989 гъэм дунейм ехыжащ.

 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: