|
Тхыдэ
28 июля, 2022 - 09:55
Мэш щIэным, Iэщ гъэхъуным мыхьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр къогъуэгурыкIуэ. Мылъку нэхъыщхьэу яIари абыхэм къыпах хъерырщ. Апхуэдэу пхъэщхьэмыщхьэ зехьэнми, хадэхэкIхэр щIэнми, бжьэ гъэхъунми гулъытэшхуэ хуащIырт.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а IэнатIэхэр пыухыкIауэ ди деж зэрыщызэтеувэрэ илъэс миниплIрэ щитхум щIегъу. Абы и щыхьэтщ адыгэхэм я лIакъуэхэр щыпсэуа, ноби щыпсэу щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIа археологие къэхутэныгъэхэр.
28 июля, 2022 - 06:00
Тхыдэм зэпымыууэ зэIумыбзыныгъэ куэдым дрешалIэ. Абыхэм ящыщщ 1920-1930 гъэхэм совет театрым и вагъуэу щыта Райх Зинаидэ и кIуэдыкIар.
А цIыхубзыр я лъагъуныгъэу щытащ усакIуэшхуэ Есенин Сергейрэ а зэманым цIэрыIуагъэкIэ абы къыкIэрымыхуа театр режиссер Мейерхольд Вселоводрэ. Япэм илъэси 4-кIэ дэпсэуа иужь, ар иужьрейм дэкIуэри, 1939 гъэр къэсыху и гъащIэр насыпыфIэу ирихьэкIащ. Ауэ псори зэуэ къэкъутэжащ: и щхьэгъусэр «цIыхубэм и бийуэ къыщIидзри, мыгувэу яукIащ. Езыр абы зы мазэ къудейкIэ кIэлъыпсэуауэ аращ.
27 июля, 2022 - 11:41
Адыгэ ныпыр къыздикIар къэпщIэн щхьэкIэ, инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмунд «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» зыфIища и тхыгъэм ухэплъэн хуейщ.
27 июля, 2022 - 08:25
1838 гъэм университетыр къиуха нэужь, Къуэдзокъуэ Дмитрий Мэзкуу дэт уголовнэ судым и палатэм уват. Абы къыхэщт имыIэу мэзкуудэс къулыкъущIэм и гъащIэ тынш ирихьэкIыфынут, ауэ и натIэ хъуар нэгъуэщIщ.
1839 гъэм бадзэуэгъуэм и кIэм Къуэдзокъуэр Кавказ Ищхъэрэм къоIэпхъуэжри, и къэбэрдей благъэхэр къегъуэтыж. Ар щIэхъуэпсырт цIыхубэ лэжьакIуэу, лъэпкъ узэщIакIуэу, бэ къыщхьэщыжакIуэу псэуну.
26 июля, 2022 - 15:02
Ди бзэкIэ газет къыдэгъэкIыным иужь ихьа, а гупсысэр зигу къэкIа цIыхухэм, дауи, фIыщIэ яхуэфащэщ.
21 июля, 2022 - 10:27
Тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэщыж гузэвэгъуэхэм ящыщщ Богдановкэ къуажэм къыщыхъуар. А жылэр Мэздэгу пэжыжьэкъым, Ставрополь крайм и Степновскэ районым щыщщ. Журтхэращ зауэм ипэкIэ абы нэхъыбэу дэсар.
I942 гъэм а къуажэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм къелахэм ящыщ зыщ Призовэ Алисэ. Илъэс I5-м итт ар абы щыгъуэм. Пщащэр ажалым къезыгъэла урыс фызыжьыр хэтми къахуэщIакъым. Призовэ Алисэ и закъуэщ I964 гъэм Шифер Федор и хьэкумыр щащIэм, ар зэрагъэкъуаншэмкIэ щыхьэту судым хэтар. Федори Богдановкэ къуажэм щыщт. Абы фашист комендантым бзэгу хуихьащ: «Къуажэм дэсым я нэхъыбэр журтщ», - жиIэри.
20 июля, 2022 - 08:34
Зиххэр адыгэ лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ахэр ди эрэм ипэкIэ I лIэщIыгъуэмрэ ди эрэм и V лIэщIыгъуэмрэ Кавказ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыпсэуащ. Ауэ языныкъуэ еджагъэшхуэхэм зэратхыжымкIэ, VI лIэщIыгъуэм псэуа зиххэм тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щIыналъэшхуи щаIыгъащ.
***
19 июля, 2022 - 08:44
СССР-р лъэщыр лъэлъэжа иужь, абы хэта союз республикэ I5-ри щхьэхуэ хъуащ. Абы кърикIуар дэ долъагъу:къэрал зыбжанэм я щхьэр яхуогъэпсэуж, адрейхэр къулейсызщ, къаугъэрэ бэлыхьрэ хэкIыркъым. Аращи, укъыхэкI къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым, ипэкIэ плъэн хуейщ.
18 июля, 2022 - 14:00
Ивашко Владимир цIэрыIуэу щытакъым, куэдми яцIыхуркъым. Ауэ Горбачев Михаил и къулыкъум текIа иужь аращ КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзэщIар икIи тхыдэм и зыгъэзэкIэр нэгъуэщIу щытамэ, СССР-м и Iэтащхьэ хъункIэ зэхуэIуа щыIэтэкъым.
Страницы
|