Илъэси 192-рэ и ныбжьщ

 

Адыгэ ныпыр къыздикIар къэпщIэн щхьэкIэ, инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмунд «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» зыфIища и тхыгъэм ухэплъэн  хуейщ.

А гукъэкIыжхэр 1839 гъэм  тхылъ щхьэхуэу Лондон къыщыдэкIауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIым щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ныпым тепсэлъыхьурэ, Спенсер етх: «Iэтащхьэ къэсар къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувыIэу, екIуу хуэпа зауэлI мин шууэ къытпежьэри, асыхьэтым шэрджэс щIалэ бжьыфIэ гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыгуэкIыу, мэкъумэшыщIэхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм Iэщэ-фащэр къакIэрылыдыкIырт. Абдежым Хъерсыс СулътIан зи цIэ тхьэмадэ махуэм къыщызэкIуэцIихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщIэшхуэ щызиIэ пщы гуащэм IэкIуэлъакIуэу хидыкIа бэракъ дахащэр. Апхуэдизу зыщIэхъуэпс лъэпкъ бэракъыр къызэралъагъуу, а цIыху къомым я гум из хъуауэ къыщыпкI гуфIэгъуэр нэхъри щIиIэтэу джатэ мин уафэм хуэгъэзауэ дыгъэм пэлыдащ».

Адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм къэхутакIуэхэр зэтемыхуэу топсэлъыхь. Языныкъуэхэм ар адыгэ лъэпкъ пщыкIутIым я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу ябж. Адрейхэм ахэр ЩIыми, Уафэми, Псыми щыIэрыхуэ Лъэпщ и шабзэшэхэм я дамыгъэу къалъытэ. Ауэ бэракъым щIэлъ гупсысэ куум улъэIэсын папщIэ, аргуэру тхыдэм гъэзэжыпхъэщ.

Домбеякъ лъэхъэнэм хиубыдэу хьэтхэм къащIэна фэеплъхэм захуэбгъазэмэ, нэрылъагъу мэхъу адыгэ бэракъым и зэхэлъыкIэми и купщIэми адыгэ-хьэт дамыгъэхэр я лъабжьэу зэрыщытыр. Гъуаплъэм, домбеякъым, дыщэм къыхэщIыкIа хьэт дамыгъэ хъурейхэр ди  эрэм и пэкIэ минитI гъэхэм щыIа Аладжэ Хъукъуэ щэнхабзэм хеубыдэ. А лъэхъэнэр археологхэм Мейкъуапэ щэнхабзэм ирапх. Абырэ Хьэт пащтыхьыгъуэм дыгъэр и лъабжьэу яIа дамыгъэ зэпрыдзымрэ тещIыхьауэ жыпIэ хъунущ XIX-нэ лIэщIыгъуэм «къагъэщIэрэщIэжа» адыгэ ныпыр. Дыгъэм и къэухь узыIуплъэм вагъуибгъу тету дамыгъэ хъурей ирокIуэ. Ику ит къэухьым вагъуэ цIыкIуий итщ. Шабзищ зэблэдзам хьэтхэм я дамыгъэ зэбгъузэнатIэр нэхъ зэщIэкъуауэ къегъэлъагъуэ: мамырыгъэм, мэкъумэшым теухуар IуагъэкIуэтри, шабзэшэхэм я теплъэ папцIэхэмкIэ зауэм пыщIа Iыхьэр нэхъ къыхагъэщащ.

УпщIэ къоув: дауэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ анадолэрыс алыджхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зэрызэлъэIэсар? Абы и жэуапыр тхыгъэжьхэм къыбжаIэфынущ. Псалъэм папщIэ, XX-нэ лIэщIыгъуэм къагъуэтыжа Кархемих къраха гъущIым тетхам къраджыкIащ «атхэмрэ хьэтхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм икIыу Азие ЦIыкIум зэрыIэпхъуар». КъищынэмыщIауэ, Псыкупсэ къыхэлъадэ Хьэтыпс деж къыщагъуэтыжащ кхъуэщынхэм я убыдыпIэм тегъэуа мейкъуапэ-хьэт дамыгъэхэр.

Лъэпкъ псом къызэдащтэуи, лIакъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэуи адыгэхэм нып зыбжанэ зэрахьауэ къыхощ тхыдэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэу къанэр адыгэхэм 1830 гъэм къаIэта, я Хэкур щахъумэжым зи лъабжьэ щIэува ныпращ. Илъэси 192-рэ дэкIащ япэ адыгэ лъэпкъпсо ныпыр къызэрыунэхурэ. Ноби адыгэхэм дызэкъуэувэн зэрыхуей къалэнышхуэр къытпэщылъщ. Аращ вагъуэ пщыкIутIрэ шабзэ зэблэдзаищрэ зытет бэракъ удзыфэм и пщIэр ди зэманми щIэиныр.

 

 

Поделиться:

Читать также: