Ди тхыдэм уриплъэжмэ…Зиххэр адыгэ лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ахэр ди эрэм ипэкIэ I лIэщIыгъуэмрэ ди эрэм и V лIэщIыгъуэмрэ Кавказ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыпсэуащ. Ауэ языныкъуэ еджагъэшхуэхэм зэратхыжымкIэ, VI лIэщIыгъуэм псэуа зиххэм тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щIыналъэшхуи щаIыгъащ. *** Зиххэм хуэдэ къабзэу, VIII лIэщIыгъуэм Кавказым и картэм къохутэ адыгэхэр къызытепщIыкIыжа нэгъуэщI зы лъэпкъым и цIэри – ар кIэсэгъухэрщ. X лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу абыхэм щIыналъэшхуэ яIыгъащ – КъухьэпIэ Кавказыр, Псыжь (Кубань) Iуфэ, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэшхуэ. Ахэрщ къызыхэкIар адыгэ (кIэсэгъу) дзэзешэ ин, пелуан Ридадэ, 1022 гъэм тмутэрэкъаныпщ Мстислав гъэпцIагъэкIэ къиукIар. *** Адыгэ (шэрджэс) мамлюкхэм Мысырым и пащтыхьыгъуэр илъэси 135-кIэ яIыгъащ, 1382 гъэм къыщыщIэдзауэ 1517 гъэм нэсыху. Япэу а пащтыхьыгъуэр иубыдат Бэркъукъу Анчокъу. Абы а къулыкъур тIэу Iэрыхьащ икIи псори зэхэту илъэс 16-кIэ иIыгъащ. Абы и зэманым шэрджэс мамлюкхэм я IэмыщIэ къихуащ Бейбэрсрэ Къэлэунрэ зэрагъэпэщауэ щыта къэрал абрагъуэр. *** 1501 гъэми Мысырым и сулътIан хъуар Биберд и къуэ Къанщауэ Гъурщ. Ар а къулыкъум илъэс I6-кIэ пэрытащ икIи куэдрэ еныкъуэкъуащ Тыркуми, Иранми, Португалиеми икIи хьэрып къэралхэр зэригъэбыдэным иужь итащ. И дзэр нэхъ лъэщ ищIын папщIэ, гъэр мин I3 къищэхуат, абыхэм я нэхъыбэр езыр зыщыщ Шэрджэс (Адыгэ) щIыналъэм иришат. Илъэс 75-рэ ныбжьым иту дунейм ехыжащ. *** 1468 гъэм сулътIан тахътэр еубыд Мысыр къэралыр илъэс 28-кIэ зезыхьа Iэшрэф Сэфудин Къеит-бей. Абы и анэдэлъхубзэр ищIэжырт икIи щалъхуа адэжь хэкур сыт щыгъуи игу илът. Ар къэралым хуабжьу хуэлэжьащ. Абы еджапIэ, гъуэгу, лъэмыж, быдапIэ куэд иригъэухуащ. Къеит-бей хуабжьу Iущт. Абы къыгурыIуат Тыркум афIэкIа упэщIэт зэрымыхъужынур, ауэ ар къызэрытеунэнури фIыуэ ищIэрт. А псоми къыхэкIыу Тарс, Аданэ къалэхэр иритыжащ. 1498 гъэм дунейм ехыжащ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
|