Дэфтэрхэм къызэраIуэтэжымкIэ

Мэш щIэным, Iэщ гъэхъуным мыхьэнэшхуэ ирату ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр къогъуэгурыкIуэ. Мылъку нэхъыщхьэу яIари абыхэм къыпах хъерырщ. Апхуэдэу пхъэщхьэмыщхьэ зехьэнми, хадэхэкIхэр щIэнми, бжьэ гъэхъунми гулъытэшхуэ хуащIырт. 
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а IэнатIэхэр пыухыкIауэ ди деж зэрыщызэтеувэрэ илъэс миниплIрэ щитхум щIегъу. Абы и щыхьэтщ адыгэхэм я лIакъуэхэр щыпсэуа, ноби щыпсэу щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIа археологие къэхутэныгъэхэр. 
Псалъэм папщIэ, Псыжь Iуфэ, Налшык, Долинск и Iэшэлъашэхэм, нэгъуэщI щIыпIэ куэдым къыщагъуэтащ ди лъэпкъым зэрихьэу щыта гъавэхэкIхэр, хьэр, хур зэрахъумэ кхъуэщынхэм я къутахуэхэр, Iэ щхьэлхэр, зэрызэтрауд Iэмэпсымэхэр. 
Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адыгэхэм адэкIэ зэрызаужьар, археологхэм я бзэкIэ жыпIэмэ, гъуаплъэмрэ домбеякъымрэ я зэманым, къыкIэлъыкIуэр — Скиф-щэрмэт лъэхъэнэкIэ дызэджэм тохуэ. Къэбэрдеймрэ Адыгеймрэ къыщагъуэта гъавалъэхэм кърахыжа хугу хьэдзэхэр адыгэхэр мэш щIэным хуэIэзэу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ.
Дыщыпсэу лъэхъэнэм и пэщIэдзэхэр зыхуэдар нарт эпосми къыхощ. Абы дыщрохьэлIэ адыгэхэм IэрыгъэкI ящIа гуэдзым, хьэпцIийм, хум, къищынэмыщIауэ, а къэкIыгъэхэр зэрыIуахыжу, зэракIыщтэу щытари хыдолъагъуэ. Хьэрып щIэныгъэлI Ин Эль-Омари епщыкIуплIанэ лIэщIыгъуэм итхыгъащ ди лъэпкъыр щIыгу лэжьыгъэм зэрыхуэIэзэр, адыгэхэм я деж щыпсэуа венециан зекIуэлI Барбарэ и нэгу щIэкIар, илъэгъуар фIэтелъыджэу мыпхуэдэ псалъэхэр тхыдэм къыхинащ: «Адыгэхэм къамыгъэкI щыIэкъым, я щIыналъэр бейщ, гъавэр, Iэщыр яхуобагъуэ, фор я куэдщ». Апхуэдэ тхыгъэхэр мымащIэу щыIэщ.
ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэри хыхьэу, а лъэхъэнэ блэкIахэм европей авторхэм адыгэ хэкур куууэ яджащ. Абыхэм къыхагъэщырт ди лъэпкъыр дунейм нэхъ къыщацIыхухэм, хыхьэхэкI зиIэхэм, я псэукIэкIи, я IуэхущIафэкIи, я зыужьыкIэкIи япэ ищахэм зэращыщыр, ди лъахэр жэнэт щIыналъэу къызэралъытэр.
 Шы гъэхъуным адыгэхэм я гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэшым и ныбжьыр илъэс минищым ноблагъэ. Нартхэм я лъэхъэнэм дунейм къытехьэри, апхуэдиз гъуэгуанэ къызэпичащ, шы цIэрыIуэхэм ящыщ хъун папщIэ. Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ шы зэрызэрахуэм щыхьэт тохъуэ археологхэм щIы щIагъым къыщагъуэт пасэрей хьэпшыпхэмрэ а лъэхъэнэм къыщIэна тхыгъэхэмрэ. 
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пасэрей дзэпщ цIэрыIуэ, ди эрэм и пэкIэ еплIанэ лIэщIыгъуэм псэуа Македонскэ Александр и адэ пащтыхь Филипп ЕтIуанэм Псыжьрэ Тэнрэ шы мин тIощI къыщищэхугъащ. Пасэ дыдэу хэIущIыIу хъури, адыгэшым и пщIэмрэ и уасэмрэ зэи ехуэхыжакъым, и лIэужьыр жыжьэ нэсащ. Мы зэманым дунейм щыцIэрыIуэ шы лъэпкъ куэдым абы илъ хэтщ.
Адыгэ хабзэхэр, адыгагъэр, ди фащэр, ди Iэщэхэр, нарт эпосыр, ди мэкъумэш щIэкIэр, адыгэшхэр, Iэщ зехьэкIэр, нэгъуэщI куэдри лъэпкъ гъунэгъухэм къащтащ. ФIыуэ яIэмкIэ адрейхэм ядэгуашэу илъэс мин бжыгъэкIэ адыгэхэр къэгъуэгурыкIуащ. ГъащIэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр хэзылъхьэ къэхъукъащIэхэр дэтхэнэ лъэпкъми и тхыдэм мымащIэу хэтщ. 
ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм зэрыгухьар мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ лъэбакъуэт. А къэралым хэту IуэхугъуэшхуэхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ кIыхь ди щIыналъэм къикIуащ, лъэпкъыбэм я зэкъуэтыныгъэмрэ я зэпыщIэныгъэ быдэмрэ я фIыщIэкIэ, лъэпощхьэпо куэд къызэринэкIыфащ. 
Урысей империем хыхьа нэужь, адыгэхэр социально-экономикэ щытыкIэщIэм хэзэгъащ, мамыр псэукIэр зэтраухуащ, лъэныкъуитIри нэхъ гъунэгъу зэхуэхъуащ. 
ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэмрэ къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм Урысейм хуэфащэ увыпIэ щигъуэтат, жылагъуэ гъащIэм и сыт хуэдэ IэнатIэми я Iуэхухэр щыдагъэкIыф хъуат. Совет властыр ува нэужьи къыхахар Урысейрщ.

 

Поделиться:

Читать также: