​Къэбэрдей пщы уэлий Темрыкъуэ

(1502-1571 гъгъ.)

«Адыгэ (шэрджэс) энциклопедием» зэрыщатхамкIэ, Темрыкъуэ е I6-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къалъхуащ. Абы и лIыкIуэхэр I557 гъэм Мэзкуу щигъэкIуам щыгъуэ, ар илъэс щэ ныкъуэм щхьэдэхауэ зэрыщытам -лIыку ныбжьым зэритам - шэч хэлъкъым: и къуэхэр балигъ хъуауэ, ипхъу нэхъыжьитIыр лIы дэкIуауэ щытащ абы щыгъуэ.
Темрыкъуэ и адэр, Идар, адыгэ лъэпкъхэр зэгуэзыгъэхьауэ щыта Инал пщышхуэм и къуэрылъху Иналмэс и къуэщ. Адыгэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщымкIэ, Идар и анэр бжьэдыгъупщ Хъымыщ Елджэр ипхъущ. И ныбжь нэса нэужь, Къэбэрдейм и унафэр иубыдын мурад ищIри, Идар пщыхэм (Жэнхъуэтхэ, минболэтхэ) зауэ ярищIылIащ-Къызбрун зауэкIэ зэджэр. Абы и ужькIэ Идар Къэбэрдейм и гупсэ пщыгъуэ къыщыIэрыхьащ-ИдарейкIэ зэджэр, абы пщышхуэ щыхъуащ. Темрыкъуэ къыщалъхуар аращ-Идарейрщ. И адэр лIа нэужь, Темрыкъуэ Идарейм пщышхуэ IэнатIэр къыщылъысащ. Абы щыгъуэ ар зи ныбжь нэса, къаруушхуэ зыбгъэдэлъ пщы лъэрызехьэт.
Идарейм пщышхуэ щыхъуами, Темрыкъуэ жагъуэгъумрэ ныкъуэкъуэгъумрэ и куэдт, пщыхэр псори зригъэувэлIэн хузэфIэкIатэкъыми. Нэхъ Iеижрати, Къэбэрдейм псэугъуэ къратыртэкъым зэрыпхъуакIуэхэм - щIэх-щIэхыурэ къытеуэрт Тырку СулътIанымрэ Кърым хъанымрэ я дзэхэр.
Пщы губзыгъэм, Темрыкъуэ, къыгурыIуащ Къэбэрдейм и Iуэхур хэплъэгъуэ зэрыхъуар, зэрыпхъуакIуэхэм зэрамыгъэтыншынур, гува-щIэхами мафIэм хисхьэнкIэ, я хуитыныгъэр яфIэкIуэдынкIэ шынагъуэ къазэрыкIэщIэзэрыхьар.Тырку сулътIанми Кърым хъанми я IэмыщIэ зиплъхьэ зэрымыхъунур зыхищIыкIащ Темрыкъуэ - тIури зыщIэкъур Къэбэрдейр я лъэгу зэрыщIагъэувэнырт, Iэпхлъэпх зэращIынырт - абы щIэбэгтэкъым Къэбэрдейхэр.
Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Инал пщышхуэм и зэман лъандэрэ Къэбэрдейри Шэрджэсри зэрыпхъуакIуэхэм зэрамыгъэтыншам - зы илъэси дэкIакъым бийхэр ди хэкум къимызэрыгуауэ. Адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зэрыпхъуакIуэхэм яхуэфащэ удын яридзын хузэфIэкIащ Инал, ар дэнэ къэна, бийхэр зыфIэлIыкI къэралыгъуэ лъэщ иухуащ. Инали лIа нэужь, абы и бынхэр зэщыхьэжащ, Къэбэрдейри Шэрджэсри пщыгъуэ-пщыгъуэурэ зэхуагуэшыжащ - нэгъуэщIу жыпIэмэ, зэрыпхъуакIуэхэм я дежкIэ тегушхуэгъуафIэ хъуащ. Бийхэм къращIылIэ зауэхэм Къэбэрдейри Шэрджэсри къарууншэ хэхъухьауэ, пщыхэр зыр-зым еныкъуэкъуурэ лIыфIыгъэ зэримыгъэхуауэ - апхуэдэ зэманщ Темрыкъуэ утыкум къыщихьар.
Пщышхуэ IэнатIэр къылъыса нэужь, Темрыкъуэ, псом япэрауэ, зиужь ихьар Къэбэрдейр зы унафэм щIэгъэувэнырщ - абыкIэ щапхъэт Темрыкъуэ и адэшхуэм и адэ Инал Нэху. Ауэ ар Iуэху тынштэкъым: зэрыжытIащи, Къэбэрдейр бийхэм къатIысыхьат, пщыхэм я нэхъыбэри жагъуэгъу къыхуэхъуати, и мурадыр зэрызригъэхъулIэн Iэмалымрэ хэкIыпIэмрэ и мащIэт. Тыркуми Кърымми я IэмыщIэ зрилъхьэн мурад иIэтэкъым Темрыкъуэ, махуэ къэс къыхагъэзыхь пэтми. Абы и зэманым зы илъэси дэкIакъым тыркухэмрэ Кърым хъанымрэ я дзэхэр Къэбэрдейм къимызэрыгуауэ. Псэ зэпылъхьэпIэ щихуэм, зы хэкIыпIэ закъуэт яIэр, бийм  ящызыхъумэн къэрал лъэщ гуэрым гуэгъу хуэхъун хуейт.
I557 гъэм Темрыкъуэ и лIыкIуэхэр Мэзкуу кIуащ, урыс пщышхуэм епсэлъэн папщIэ. Урысейр лъэ быдэкIэ щыув зэмант ар, къаруушхуэ бгъэдэлъ хъуауэ, дэнэ лъэныкъуэкIи зыщиукъуэдийрт, бийхэр къыфIэлIыкIырт, тегушхуэгъуафIэ ящIыжыфынутэкъым. Урысейм хуэдэ къэрал лъэщт Къэбэрдейр бийхэм ящызыхъумэфынур - ар щIэх дыдэ къыгурыIуащ Темрыкъуэ. Аращ Урысейм гъусэ зыщIыхуищIар, абы щIыхыхьар.
Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, бийхэр махуэ къэси къызытегуплIэ Къэбэрдейм дзэ къигъакIуэурэ Темрыкъуэ куэдрэ къыдэIэпыкъуащ Урысейр.
Тэрч псым и Iуфэм абы и лъэIукIэ къалэ быдапIэ зыбжанэ къыIуащIыхьащ урысхэм. Ар ягу техуакъым зэрыпхъуакIуэхэм- урыс пащтыхьым къеныкъуэкъу зэпытащ Темрыкъуэ хуащIа къалэ быдапIэхэр якъутэжын хуейуэ.
Темрыкъуэ и хэкур Урысейм зэрыхыхьам, урысхэр дзей зэрищIам нэхъри къигъэгубжьащ Тырку СулътIанри Кърым Хъанри-Къэбэрдейм нэхъри къытракъузащ,  дзэ къраутIыпщурэ Iэджэрэ къытегуплIащ, ауэ Темрыкъуэ и зэмаными иужькIи зэрыпхъуакIуэхэм яхузэфIэкIакъым Къэбэрдейр я IэмыщIэ иралъхьэну, я лъэгу щIагъэувэну. Аращ Темрыкъуэ I557 гъэм ича лъэбакъуэр ди лъэпкъым дежкIэ щIэмахуэр - Къэбэрдейр абы лъандэрэ ящыхъума хъуащ бийхэм.
Къэбэрдейм и хуитыныгъэм и закъуэкъым Темрыкъуэ зыщIэзэуар. I570 гъэм Кърым Хъаным и дзэр Шэрджэсым къытеуащ. Бийм пежьащ Къэбэрдей пщышхуэм и дзэр. Афыпс деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм Темрыкъуэ уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. Бийр абдеж щызэхакъутащ, ауэ зауэм къыхиха уIэгъэм Темрыкъуэ I57I гъэм илIыкIащ.
Я адэм и гъэгум ирикIуащ Темрыкъуэ и къуэхэри и къуэрылъхухэри: ахэр Урысейм пэжкIэ бгъэдэтащ-Мамсырыкъуи, Думэныкъуи, СулътIани, адрейхэри.Урысей къэралым зиузэщIын, лъэ быдэкIэ увын папщIэ, куэд ялэжьащ Идар Темрыкъуэ и щIэблэхэм- зи къуэпсыр а пщышхуэм деж къыщежьэ пщы Черкасскэхэ.
И къуэхэм нэмыщI, Къэбэрдейм я пщышхуэ Идар Темрыкъуэ пхъуищ иIащ: Алътыншаш, Мэлхъурыб, Гуащэнэ. Я дэлъхухэм хуэдэу, зэшыпхъуищри щыцIэрыIуэщ Къэбэрдейми Урысейми я тхыдэм.

 

Поделиться:

Читать также: