Дыжьын лIэщIыгъуэми и мывэ…

«СердроликкIэ» зэджэр мывэ цIугъэнэщ. Нэтемыгъахуэу къагъэсэбэпу зэрыщытам, узыншагъэмкIэ зэрысэбэпым куэд тетхыхьащ. Мывэм и цIэр къытекIащ Сардис алыдж къалэм и цIэм. А щIыпIэхэм, тенджыз Iуфэм апхуэдэ мывэхэр куэдрэ къыщагъуэтырт. Сердоликым плъыфэ зэмыщхь иIэщ: гъуабжэ, гъуабжафэ-плъыжьыфэ, плъыжь, плъыжьыфэ - гъуэжьыфэ, тхьэмбылыфэ. УрихьэлIэнкIи хъунущ зи къэухьхэр хужьхэми. Апхуэдэхэр псом хуэмыдэу ягъэлъапIэ. И плъыфэр и зэхэлъыкIэм елъытащ. Абы нэмыщI, ар елъытауэ хуагъэфащэ къэбэкъауэ (вулкан) къэушам къикI лавэм и зэхэлъыкIэм. Лавэм къихьа мывэхэр куэдрэ дыгъэр къатепсэу зэрыщылъым тращIыхь. Езы щIым и хуабэри зэрызыщIишэри хэтщ. ДыщэкIхэм яIэрыхьа нэужь, мывэхэр нэхъри ягъэцIу. Абы къыхащIыкI Iэпщэхъухэр, лэрыпсхэр, тхьэгъухэр. Сердолик мыщIэхэр ирагъэтIысхьэн яфIэфIщ Iэлъынхэм, псом хуэмыдэу цIыхухъухэм зыIэратIагъэхэм. 
Археологхэм къалъытэ сердоликыр цIыхухэм пасэ дыдэу къагъэунэхуауэ. Пщэрылъ, Iэпщэхъу, тхьэгъухэр, нэтемыгъахуэхэр къыхащIыкIыу щытащ неолит лъэхъэнэ лъандэрэ. Пасэрей Мысырым (Егопет) мывэм щэнхабзэ мыхьэнэ щратырт. Зи гуащIэгъуэ дыгъэм и фэ ираплъырт, Исидэ тхьэпэлъытэм и мывэу ябжырт, мылъкурэ щIыхьрэ къыдэкIуэу къалъытэрт. ЖыпIэнурамэ, я щэнхабзэм и курыкупсэм итт дыгъэмрэ сердоликымрэ.
Пасэ зэман лъандэрэ яцIыху икIи къагъэсэбэп мывэр къыщыщIах дунейм и плIанэпэ куэдым. Нэхъыбэу щыIэщ Урысейм, Индием, Мадагаскарым, Бразилием, Уругвайм. Сердолик лIэужьыгъуэ лъапIэ щыIэщ Сыбырым, Якутием, Чукоткэм, Чита. Зи къуапэхэр хужь сердоликхэм хуэдэ щыIэщ Кърымым, Карадаг къэбэкъауэ деж. 
Сердоликым тетхыхьащ урыс тхакIуэхэмрэ усакIэхэмрэ.
«Сыхъумэ, си нэтемыгъахуэ, 
Сыхъумэ, си псэр щыпIейтейм,
СыщыгуитIщхьитIи, сигу щыпсэхуми…
Узигъусэну сэ сыхуейщ.
Мыпхуэдэ сатырхэр урыс усакIуэшхуэ Пушкин Александр сердолик мыщIэ зэрыс и Iэлъыным триусыхьауэ щытащ. Iэлъыныр хуэсакъыу зэрихьащ и гъащIэр иухыху. 1824 гъэм Iэлъыныр Пушкиным къритауэ щытащ графиня Воронцовэ Елизаветэ. Хъыбар зэрыщыIамкIэ, Iэлъыныр Пушкиным къыхуигъэнащ усакIуэ Жуковский Василий. Жуковскэм Тургенев Иван иритащ. 
- Пушкин и Iэлъыным срогушхуэ, къару къысхилъхьи хуэдэщ. Сэ сылIэмэ, ар къыхуэнэжыну сыхуейт Толстой Лев. Езы Толстойми, зыхуэфащэу къилъытэм ирырет. Пушкин и Iэлъын зэрызэIэпах хабзэр дымыгъэкIуэдамэ арат, - жиIауэ щытащ Тургеневым. Ауэ щыхъукIи, Тургеневыр дунейм ехыжа нэужь, Iэлъыныр лъэужьыншэу кIуэдауэ жаIэ. 
Цветаевэ Маринэ и гъащIэми хэтащ сердоликым и хъыбар. Эфрон Ариаднэ и гукъэкIыжхэр щызэхуэхьэса тхылъым и анэр и япэ лъагъуныгъэм – Эфрон Сергей зэрыIущIауэ щытам - щытотхыхь мыпхуэдэу: « Щызэхуэзащ ахэр - илъэс 17 хъу щIалэмрэ I8 зи ныбжь хъыджэбзымрэ - 1911 гъэм накъыгъэм и 5-м Коктебель и Iуфэм. Хъыджэбзым мывэ къищыпырт. ДэIэпыкъуну бгъэдыхьащ щIалэ нэ пIащэ екIур. Маринэ абы и нэм щIэплъэри, и гум ириубыдащ: «Сердолик мыбдеж къыщысхуигъуэтмэ, сыдэкIуэнущ…» Къигъуэтащ сердоликыр – мывэ тхьэмбылыфэ пIащэр хъыджэбзым и Iэгум ирилъхьащ. Маринэ мывэр ихъумащ псэуху. Уеблэмэ ар ди зэман къэсащ!» 
Сердоликым хуэфащэу ираплъ дыжьын лIэщIыгъуэм и фэ. Литературэхутэхэр, макъамэтххэр, сурэтыщIхэр, уэрыджыIакIуэхэр куэдрэ щыхьэщIэрт сурэтыщI, усакIуэ Волошин Максимилиан Коктебель щиIа и хьэщIэщым. Дэтхэнэми фэеплъу здихьырт Iуфэм къыщигъуэта сердолик. 
Сердолик мыщIэ зэрыс Iэлъын Iэрыгъыу щытащ нэмыцэ усакIуэ Гёте Иоганн Вольфганг. Ар насып къызыдэкIуэ мывэу къилъытэрт. 
Мывэр игъэлъапIэрт инджылыз усакIуэ Байрон Джорджи. Абы и унэм щихъумэрт и анэшхуэм къыхуигъэнауэ щыта сердоликхэр. Абыхэм яхэлът и ныбжьэгъум кърита зыи: зэгуэр псым итхьэлэу къригъэлауэ щытати, фIыщIэ ищIу ар къыхуигъэфэщат. Ар теусыхьащ зэгуэр цыджан хъыджэбзым сердолик мыщIэ зэрыс Iэлъын къритауэ зэрыщытами. 
 

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: