Тхыдэ

Къэбэрдейм и хуитыныгъэм папщIэ

ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэлъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт - бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэкIэт.

Хьэжыкъуэ

Къармэхьэблэдэсхэм къаIуэтэж

ХьэжыкъуэкIэ зэджэ лIым Лыхь лъэпкъым и нэхъыбапIэр къытехъукIащ, я тхыдэр къыщежьэри абы и дежщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, абы зы къуэш иIащ - Бакъджэрий. Ар Абхъазым щыпсэуащ, Хьэжыкъуэ мызэ-мытIэу абы дэIэпыкъуащ, бийхэм ящихъумэу. 

Кавказ зауэмрэ тхыдэм и дерсхэмрэ

 Мы гъэм илъэси 158-рэ мэхъу Кавказ зауэр зэриухрэ. Император Александр ЕтIуанэр Кавказым и тет пщышхуэ Михаил Николаевич къехъуэхъуауэ щытащ «лIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ и пэкIэ зэхаубла зауэр и кIэм нигъэсу КъухьэпIэ Кавказыр Урысейм и IэмыщIэ къызэрырилъхьам щхьэкIэ».

ТIур зэтехуащ

Тхыдэмрэ щIыуэпсымрэ къыщыхъуа зэщымыщхъуныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу тIум я къэкIуэкIэр зэтехуащ. Адыгэхэр КъухьэпIэ Кавказым щрагъэIэпхъукIым, абдежым щыIэ бгылъэ-мэзылъэхэм щIэса домбейхэри зэхэзехуэн ящIащ.

Кавказ зауэр щиухым

 е 1864 гъэм накъыгъэм и 21-р

 
…1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убыххэм я лъахэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут.

ГъадэщIыдэм щыщ уадэ

КъызэралъытэмкIэ, япэу уадэ щащIар мывэ лъэхъэнэрщ. Ауэ, зэт! Илъэс мелуани 100 и ныбжьу хуагъэфащэу щыIэщ зы уадэ.

Зэхэтык1эм и хабзэжьхэр

Ди лъэпкъым ищI тхьэлъэIухэр лIэужьыгъуэ куэд хъууэ щытащ нэхъапэм. Жылэ, къуажэ псор щызэхыхьэ тхьэлъэIуи щыIэт, зы лIакъуэм (лъэпкъым), зы унагъуэм и тхьэлъэIуи щыIэт. ТхьэлъэIу зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыкIуэрт нысашэхэми, псом хуэмыдэу кIахэ нысашэм – гуащэ тхьэлъэIу, нысэ къыщIэш тхьэлъэIу, нысэ тхьэлъэIу, н. къ.

Унагъуэ тхьэлъэIур гъатхэм ящIырт гъэфI техьэн, зыхуэныкъуэншэу, узыншэу псэун папщIэ. Шапсыгъым, псалъэм папщIэ, унагъуэ тхьэлъэIур мыпхуэдэу ящIырт.

Хъуэрыбзэхэр щызэпадзыжу щытар

Адыгэхэм щIалэгъуалэр зэи дэкъузауэ яIыгъакъым, ауэ хуагъасэрт емыкIу ямылэжььным, лей зэрамыхьэным. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хуиту щызэрыцIыхурт икIи щызэдэгушыIэрт хьэгъуэлIыгъуэхэм, гуфIэгъуэхэм, тхьэлъэIухэм. ИкIи гухэлъ щызэхуащIкIэ а гурыщIэр зэрызэхуаIуатэм щхьэхуэныгъэ хэлът, хъуэрыбзэрэ щIагъыбзэкIэ а тIур зэпсалъэрт.

Адыгэхэр Кърымым

Нобэ Кърыму тцIыху щIыналъэм VIII лIэщIыгъуэм къыщызэрагъэ­пэщауэ щытащ Константинополь ­патриархатым и зы къудамэу Гъуэт епархиер. Феодоро зыфIаща щIы- н­алъэм и члисэ лэжьакIуэхэм яIу­рылъыр пасэрей герман лъэп­къыжьхэр зэрыпсалъэу щыта бзэрт. ИужьыIуэкIэ, IX лIэщIыгъуэхэм алыджыбзэр къызэдащтащ. ХытIы­-гуныкъуэм лъэпкъ куэд щызэхэст, сондэджэр бжыгъэншэхэр къекIуа­лIэрт, ауэ  щыхъукIи, зэгурыIуэну зы бзэ ­яIапхъэти, гъуэтыбзэр къыхахауэ, псоми яIурылът. Арами, а зэман жы­жьэм абы щыIурт адыгэбзэри!

Уэсмэн къэралыгъуэм и адыгэ анэхэр

ЕпщыкIутхуанэ-епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Уэсмэн къэралыгъуэмрэ адыгэхэмрэ  Iуэху куэдкIэ зэпыщIауэ щытащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ