ГъадэщIыдэм щыщ уадэ

КъызэралъытэмкIэ, япэу уадэ щащIар мывэ лъэхъэнэрщ. Ауэ, зэт! Илъэс мелуани 100 и ныбжьу хуагъэфащэу щыIэщ зы уадэ. Нэхъ пэжу жыпIэмэ, мывэм хэкIа уадэ. 1934 гъэм Хан зэщхьэгъусэхэм США-м и Техас штатым и Iэгъуэблагъуэхэм зыщагъэпсэхуну кIуауэ, бзылъхугъэр мывэ къыгуэуда гуэрым елъэпэуащ. КъиIэтмэ, мывэм и кIуэцIкIэ уадэ къута хэжыхьат. Уадэр къызэрыгуэкIым ещхьт, сантиметр I5 и кIыхьагъыу. И къум щыщу къэнэжар тIорысэ дыдэт. ГъэщIэгъуэнрати, мывэм хэкIэну хунэсат уадэр. Ар щыхьэт техъуэрт егъэлеяуэ ныбжьышхуэ зэриIэм. Ауэ дапщэ? Зэщхьэгъусэхэм уадэр щIэныгъэлIхэм ирагъэлъэгъуащ. Ауэ мыхьэнэ щIагъуэ къратакъым, къэхутэнгъэ щIебгъэкIуэкIын щхьэусыгъуэ щымыIэу къалъытэри. Ауэ щыхъукIи, пасэрей уадэм теухуа хъыбарыр къызэщIэрыуэжащ 1980 гъэхэм. Креатионист Боуг Карл ар къищэхужауэ щытащ. Баттелевскэ лабораторэм къыщахутащ ар сэху мывэ щабэм (мелым) и лъэхъэнэм щыщу. Уадащхьэр процент 96,6-кIэ гъущI къабзэщ. Гъуэзгъуэжьу проценти 2,6-рэ, тхъуэбзащхъуэу процент 0,74-рэ хэлъу аращ. ГъадэщIыдэм къыхэкIа уадэр щахъумэ Техас штатым Пасэрей хьэпшыпхэмкIэ и музейм. Абы нэхъ гъущI къабзэ тхыдэм зэи хэтакъым. ГъущIыкIэхэм халъхьэ хабзэщ джыщIяе, кобальт, гъуху, вольфрам, ванадий, молибден. Абыхэм языхэзи къыхагъуэтакъым. Адрей гъущIхэм къащхьэщыкIыу, уадэр къызыхэщIыкIар икIи улъийркъым.

Уадэр зыхэжыхьа мывэм и ныбжьыр илъэс мелуан 400-м щIигъуу къызэрахутамкIэ щIэныгъэлIхэр зэдэарэзыщ. Ауэ, языныкъуэхэм мывэр жьы дыдэ пэтми, езы уадэр нэхъ щIалэу трагъэчыныхь. NCSE-м и щIэныгъэлI Джон Коул жеIэ пасэрей мывэжьым нэхъ мащIэ зи ныбжь гъущIыр хэжыхьагъэнкIэ зэрыхъунур. Языныкъуэ пкъыщпцIэжахэр (минералхэр) тыншу мэщащэ, ещхьыркъэпсуи мэж. Уадэр зыхэжыхьар апхуэдэ лIэужьыгъуэщ. Коул уадэр иригъэщхьащ XIX-нэ лIэщIыгъуэм шахтэм къыщагъэсэбэпу щытахэм.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: