Уэсмэн къэралыгъуэм и адыгэ анэхэр

ЕпщыкIутхуанэ-епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Уэсмэн къэралыгъуэмрэ адыгэхэмрэ  Iуэху куэдкIэ зэпыщIауэ щытащ. ГъэрыпIэ ихуахэм я бэзэрым къыщащэхуа пщащэхэр тырку сулътIаным и хьэрэмым къызэрыщыхутэу щытам я закъуэ мыхъуу, зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэхэр зэрыщIагъэбыдэ Iэмалу адыгэ пщащэхэм ящыщхэр сулътIаным щхьэгъусэу щишэм и щапхъэ куэд къыхощыж ди блэкIам. Псалъэм папщIэ, Сулеймэн Гъуэзэджэм и анэ, Сэлим Шынагъуэм и щхьэгъусэ Хьэфсэ сулътIан гуащэр адыгэ щылъхут. Пэжщ, языныкъуэ тхылъхэм Менгли-Джэрий ипхъу Хьэфсэ тэтэру щытауэ ятхыж, ауэ абы и анэр адыгэт. А зэман жыжьэм псэуа тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, "тэтэру жыхуаIэ гуащэм адыгэ теплъэт иIэр".
Сэлим сулътIаным и унафэр Къафэ (Феодосие) щызыгъэзащIэ, абы и къуэ Сулеймэн адыгэ мамлюкхэр игъэныбжьэгъурт икIи адыгэхэм я тхыдэр куууэ иджу щытауэ жаIэж. Сулеймэн и жагъуэт Сэлим адыгэ мамлюкхэр игъэкIуэдыну зэрыхущIэкъур, и адэм пэщIэмыувэфми. Къыхэгъэщыпхъэщ Мысырым щыпсэу адыгэхэр игъэбийми, Адыгэ Хэкум щыIэ адыгэхэр Сэлим игъэныбжьэгъуу зэрыщытар.
И адэм хуэдэу, Сулеймэн Гъуэзэджэм и япэ щхьэгъусэу щытар адыгэщ - беслъэней пщы лIакъуэ Къанокъуэхэ ящыщ пщащэ. ЦIыхубзым и адыгэцIэр зыщIыпIи къыщыхэщыжыркъым, ауэ ар Къанокъуэ Мэхъуэщокъуэ и шыпхъу нэхъыщIэу щытащ икIи илъэс I5-м иту Сулеймэным иратри Махъидевран (Гюлбахар) цIэ дахэр къыхуагъэфэщат. ЗэратхыжымкIэ, дахагъэкIэ Махъидевран къефIэкIын бзылъхугъэ а лъэхъэнэм щыпсэуакъым дуней псом. Махъидевран сулътIаным хуигъуэта Мустэфа гъэсауэ, щэныфIэу, цIыху Iущу, зэтету, хьэл дахэ хэлъу щытауэ ятхыж икIи тетыгъуэр зыхуагъэтIыгъуэри арат. Ауэ Сулеймэн и етIуанэ щхьэгъусэ, урыс цIыхубз Хуррем (Роксоланэ) бзаджэу къыщIэкIри, Мустэфа и адэм къыпэщIэува хуэдэу ар и фIэщ ищIри, I553 гъэм сулътIаным и унафэкIэ щIалэр яукIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ а зэманым къекIуэкIыу щыта хабзэмкIэ, тетыгъуэр къызылъыса шахзадем къыдалъхуа и къуэшхэр хьэрхуэрэгъу къыхуэмыхъун папщIэ, ахэр иригъэукIыжу зэрыщытар. Хуррем къуиплI иIэт, Мустэфа тетыгъуэр къылъысмэ, и щIалэхэр яукIынкIэ шынэрти, япэ зригъэщри, Мустэфа и адэм иригъэукIыжыну ирихулIауэ арат.
Махъидевран Сулеймэн фIыщэу къилъагъуу, и щхьэгъусэхэм къахигъэщхьэхукIыу, и къуэ Мустэфа зыпищIыни щымыIэу псэуащ, Хуррем я зэхуаку дыхьэху. Урыс пщащэр хьэрэмым къыщыхута нэужьщ зэлIзэфызым я Iуэхур щызэIыхьар. Ар Махъидевран игу техуакъым икIи зэрыхуа щытыкIэр Хуррем хуимыгъэгъуфу, псэуху зэбийуэ, зэмызэгъыу, зыр зым зэран хуэхъуу я гъащIэр яхьащ.
Хьэфсэ сулътIаным и хьэрэмым и унафэщIу щытащ псэуху. Абы и щхьэм лъы дэуейри, зэман кIэщIкIэ ирисымэджауэ дунейм ехыжа нэужь, хьэрэмым и унафэр Махъидевран къылъысащ. Хьэрэмым щIэс бзылъхугъэхэр зыхуей хуэзэу, зыщыщIэ щымыIэу, тырку сулътIаным и фызхэр зэрыкъулеймрэ зэрыдахэмрэ я хъыбар дуней псом щигъэIуу адыгэ цIыхубзым зэрихьэрт и Iуэхур. Абдежми Хуррем зэран хъуащ. И тIуанэм хьэрэмыр къигъэщIэрэщIэн IуэхукIэ щIыхуэшхуэ къызэрытехуар, и къалэнхэм зэрыпэмылъэщыр сулътIаным деж нигъэсыжри, Сулеймэн Махъидевран и къулыкъум тригъэкIащ икIи и къуэр щIыгъуу Манисэм игъэкIуауэ щытащ. Абы иужькIэ езы Хуррем къылъысащ хьэрэмым и унафэр.
Махъидевран и къуэри, и къуэрылъху закъуэри яукIа нэужь, гуауэр хуэмыхьыжу и нысэми зиукIыжри, зы унэIут закъуэ фIэкIа имыIэжу, щIыхуэшхуэ къытехуауэ, и быдапIэхэри мылъкури трахыжауэ утыку къинауэ щытащ. ПщIэи щхьэи имыIэжу псэуащ адыгэ цIыхубзыр илъэс куэдкIэ. Ауэ, Хуррем и къуэ Селим ЕтIуанэм тетыгъуэр къылъыса нэужь, Махъидевран и щIыхуэхэр зэрыщыту хуипшынщ, быдапIэрэ зыхуэныкъуэм хуэдиз унэIутрэ иритри, псэуху зыхуей хуигъазэу и нэIэ тетащ. Махъидевран дунейм щехыжам илъэс 8I-рэ хъурт икIи Сулеймэни, Хурреми, абыхэм я бынхэми я нэхъыбэрэ псэуащ.
Адыгэ бзылъхугъэхэр узыншэт, дахэт, гъэсат, пагагъэмрэ щIыхьымрэ я лъым хэтти, апхуэдэхэм бын узыншэ къащIэхъуэу къалъытэрт. Абыхэм щIалэ цIыкIухэр хахуэу, хъыджэбзхэр щэныфIэу ягъасэрт. КIэщIу жыпIэмэ, сулътIаным и лъэпкъыр езыгъэфIэкIуэн щIэблэ узыншэ къащIэхъуэрт. Арат пщIэшхуэ къыщIыхуащIри.
СулътIан Ахьмэд Езанэм (I603-I6I7 гъэхэм тетащ) и япэ щхьэгъусэри - Махъфируз - адыгэт. А тIум зэдагъуэта щIалэр - Уэсмэн ЕтIуанэр - I6I8-I622 гъэхэм Уэсмэн сулътIану щытащ. Ахьмэд сулътIаныр зекIуэ щыIэу яукIауэ ягъэIущ. Абы и къуэш, акъылкIэ мыузыншэ шахзаде Мустэфа Езанэм тетыгъуэр иратын мурадкIэ хьэрэмым зэрыхьзэрий къыщыхъейри, Махъфируз абы хэкIуэдауэ щытащ. Уэсмэн сабий цIынэу и бгъафэм щIэкъузауэ зызыгъэпщкIуа цIыхубзыр къагъуэтри, яукIауэ, лIыукIым щIалэ цIыкIуми зытришэщIауэ кърагъэлат. Ахьмэд сулътIаныр узыншэу, бэIутIэIуншэу зекIуэм къикIыжри, хьэрэмыр бэлыхь хэзыдзахэм я щхьэр пиупщIащ, Уэсмэни сулътIаным и фыз етIуанэ Кесем ипIыжащ. Къыхэгъэщыпхъэщ Ахьмэд и пIэкIэ трагъэувэну я гугъа шахзаде Мустэфа и анэ Хьэлимэ абазэу зэрыщытари.
Уэсмэн къэралыгъуэм и 32-нэ сулътIан Абдул-Азиз (I86I-I876) и анэр (Мыхьмуд ЕтIуанэм и фызабэр) къэбэрдейт. "Бгырыс депутатхэм сулътIаным и уардэунэм лъагъуэ къыхуащIащ, хьэрэмым щыIэ адыгэ пщащэхэм я фIыгъэкIи Абдул-Азиз и анэри я телъхьэ ящIыфащ. Гуащэм и лъэпкъэгъухэр фIы дыдэу елъагъу икIи дэтхэнэ зыми зыщIигъэкъуэну и къалэну къелъытэ", - етх а зэманым Урысейм и лIыкIуэу Истамбыл щыIам. Езы Абдул-Азиз и щхьэгъусэр шапсыгът, и гуащэм хуэдэу, и лъэпкъэгъухэм я телъхьэти, а зэманым ирихьэлIэу Уэсмэн къэралыгъуэм адыгэхэр щыкуэд хъуат.
Мыхьмуд сулътIан (I838-I86I) и къуэ нэхъыжь Абдул-Мэжид къэзылъхуар адыгэ бзылъхугъэт. Абдул-Мэжид къухьэпIэ щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ иратати, франджыбзэкIэ тха газетхэр тыркубзэкIэ хузридзэкIыурэ и анэм къыхуеджэу щытауэ ятхыж тхыдэтххэм. Бэсмы-Аллэм зи цIэу щыта адыгэ гуащэм и къуэхэм я хьэрэмыр адыгэ пщащэ защIэкIэ къызэригъэпэщу щытауэ жаIэ.

Поделиться:

Читать также: