УэшхеджэУэшхым хьэрычэт ирыращIэртXIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм, XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Штат Зэгуэтхэм уэшхым хьэрычэт иращIэныр къэунэхуауэ щытащ. Уэшхыр ящэхурт фермерхэм, мэкъумэш зыщIэхэм. ЩэхуакIуэхэр щыIэху, зыщэну и ужь итхэри нэхъыбэ хъурт. КъипIуэ хъунущ цIэ зыбжанэ. Джуэл Клейтон хьэуа зригъэубыда шар абрагъуэкIэ уафэм динамит дрихьейрти, абдеж къыщигъауэрт. Австралием щыщ Мельбурн Фрэнк барометркIэ жьым и къепщэкIэм кIэлъыплъырти, уэшхыр къигъэIэсэу жиIэрт. Ауэ абыхэм уэшх уасэ хах пэтми, ар къешхынымкIэ шэсыпIэ ихьэртэкъым, атIэ къешхмэ, езыхэм я фIыгъэу, къемышхми, уафэм зыгуэрхэм щызэблэуауэ жаIэрт. Ауэ, шэсыпIи ихьэу, уэшхри къриджэфу, ищэфу зы къэунэхуащ… Хэтфилд Чарльз
Канзасс инджылыз квакерхэм я унагъуэм 1875 гъэм къыщалъхуащ. БалигъыпIэ иувэри, ахъшэ къилэжьу щIидзащ, зэрыдэ машинэхэр ищэурэ. ЩIалэм хъуэпсапIэ иIэт - уэшх къригъэшхыфу зригъэсэну хуейт. И хъуэпсапIэми телажьэрт: метеорологием и щэхухэр иджырт, физикэмрэ химиемрэ уэшхым теухуауэ хэтыр къанэ щымыIэу зэригъащIэрт. 1902 гъэм илъэс куэдкIэ зэлэжьа зы щIэныгъэ къэхутэныгъэ къехъулIащ. Сытыт абы уэшх къригъэшхынымкIэ иIэ щэху нэхъыщхьэр? Химиемрэ физикэмрэ я хабзэм тету ткIуаткIуэ лIэужьыгъуэ гуэр зэхилъхьэрт, езыр абы «псыIагъэ къэзышэкIэ» («ускоритель влаги») еджэрт. Япэу и ткIуаткIуэмкIэ иригъэкIуэкIа уэшхеджэр къехъулIауэ щытащ - баз зыпехьахэм къафIихьэхуат. «Хэтфилд и псыдзэ»
Къэхъуащ уэшхеджэм щIэщхъу къыщыщыщIаи. 1906 гъэм Канадэм и правительтсвэм ирищIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэр лъэлъэжат: Юкон и щхьэщыгум пшэ фIыцIэхэр къытрихьакъым, абы и ткIуаткIуэр уафэм щигъэсами. Абыи удэкIуэтэнт… Кинои уэрэдиГъуазджэм и цIыхухэм Хэтфилд Чарльз и IуэхущIафэри и цIэри яфIэгъэщIэгъуэнт. Уэшх зыщэм и образыр къыщихьащ Нэш Ричард и пьесэм. А пьесэр лъабжьэ хуэхъуащ «110 в тени» мюзиклыми, 1956 гъэм ягъэлъэгъуа «Уэшх зыщэ» («Продавец дождя») фильмыми. Хэтфилд Чарльз къыхощыж Паркер Джефферсон «Борэным къыщызыжыхьхэр» и романым (2007). Абы теухуа теплъэгъуэ къыщыхьащ 2016 гъэм къыдэкIа «ТхьэкIумэкIыхь хужь» серие куэд хъу фильмым. I9I6 гъэм къэхъуауэ щыта псыдзэм траухуауэ щытащ «Хэтфилд» уэрэдыр. ТхакIуэ цIэрыIуэ Кинг Стивен псыдзэм теухуа теплъэгъуэмрэ уэшхыр къезыджам и улахуэм теухуа зэныкъуэкъумрэ хиухуэнащ 1979 гъэм итха «ЩIыпIэ псэншэ» триллерым хэт лIыхъужьым - Стилсон Грег - и образым.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
|