Пасэрей алыдж кхъуэщынхэм тет тхыгъэхэм адыгэбзэкIэ укъоджэ

Ди эрэм и пэкIэ 6-5-нэ лIэщIыгъуэхэм ящIауэ зыхуагъэфащэ кхъуэщынхэм тетым иджыри къэс зыри къеджэфыртэкъым. Ауэ иужьрей къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ахэр адыгэбзэрэ абазэбзэкIэщ зэрытхар.
Стэнфорд университетым и лэжьакIуэ Мэйр Эдриэнрэ Гетти Пол и цIэр зезыхьэ музейм и лэжьакIуэ Сондерс Дэвидрэ а кхъуэщынхэр илъэс зыбжанэкIэ яджащ. Кумбыгъэхэр 12 хъурт, дэтхэнэми пасэрей нэрыбгейхэр (амазонкэхэр) щакIуэ щыIэу е зауэм хэту къыщыгъэлъэгъуат, тхыгъэ гуэрхэри тедзат. Ахэр Канадэм щыщ щIэныгъэлI Коларуссэ Джон ирагъэлъэгъуащ. Абы зэрыжиIамкIэ, тхыгъэхэм къыщыIуэтат нэрыбгейхэм я цIэхэр икIи ахэр зэрытхар илъэс 2500-кIэ узэIэбэкIыжмэ, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэуа лъэпкъхэм (скифхэм) я бзэмкIэщ. Ауэ тхыгъэхэр абыхэм тезыдзар езы скифхэракъым, атIэ адыгэбзэр, амазонкэхэм я цIэр къэзыIуэтэну яужь ита алыджхэращ.
Къыхэгъэщыпхъэщи, нэрыбгейхэр зэрыщыIам щыхьэт техъуэн зэрамыгъуэтым зыри къыхэкIыу, шыпсэу къалъытэрт, ауэ алыдж кхъуэщынхэм тет тхыгъэхэм я фIыгъэкIэ амазонкэхэр зэрыщыIар наIуэ мэхъу. Кхъуэщынхэм ятет нэрыбгейхэм Iэщэ яIэщIэлъым елъытащ я цIэхэри. Псалъэм папщIэ, шабзауэм - Къыхуеджэ, фызшум - Афэгуащэ, кхъуэщыным къыщыгъэлъэгъуа бзылъхугъэхэм нэхъ дахэ дыдэу хэтым - IэкIуэцIыбг.
Зы кхъуэщыным къыщыгъэлъэгъуат нэрыбгеитI, хьэ ящIыгъуу щакIуэ щыIэу. Абы тедза тхыгъэр алыджыбзэкIэт зэрытхар, ауэ укъеджэмэ мыхьэнэ гуэри имыIэу я гугъэт. Тхыгъэр абазэбзэм къибгъэтIасэмэ, «хьэхэр еуштын» жиIэу, икIи нэрыбгеитIым язым Хьэеушт и цIэу арат. «Дауи, мыхэр бзылъхугъэхэм я цIэ дыдэкъым, атIэ апхуэдэу еджэу арат зауэм е щакIуэ щыщыIэм деж. Дэтхэнэри зыгуэрым хуэIэижьт, хуэIэзэти, ар кърагъэлъагъуэу фIэщыгъэцIэ къыхуагупсысурат», - жеIэ Коларуссо.
НэгъуэщI щIэныгъэлI гупым къахутащ Гераклрэ Ахилессрэ я сурэт зытет кхъуэщынхэр. Ахэм тет тхыгъэхэми къеджэфыркъым бзэм ирилажьэ щIэныгъэлIхэр. АдыгэбзэкIэ къеджэну хэтагъэнукъым. Къеджэфынри хэлът. Абыи и щапхъэ щыIэщ. Ди эрэм и пэкIэ 400 гъэм ящIауэ зыхуагъэфащэ кхъуэщын гуэрым хабзэм ирилажьэ цIыхухъум чы матэ иIыгъыу, матэм хьэмбылу илъу и сурэт тетт, тхыгъэ кIэщIи кIэщIэтт. Илъэс бжыгъэкIэ а тхыгъэм къикIыр къахуэмыщIэу гугъу ехьащ щIэныгъэлIхэр, абы адыгэбзэкIэ къеджэну я щхьэр нэсыху. Тхыгъэм «щIалэжь цIыкIур мобы йодыгъуэ» жиIэу арат къикIыр. Къыхэгъэщыпхъэщи, тхыгъэр зридзэкIыну зрата, бзэм ирилажьэ щIэныгъэлIым кхъуэщыным тет сурэтыр ирагъэлъэгъуатэкъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, а зэман жыжьэм Афинхэм я бэзэрхэм скиф хабзэхъумэхэр кIэлъыплъу щытащ, икIи абыхэм ящыщ зым адыгэбзэкIэ жиIар кхъуэщыныр зыгъэжым алыдж алфавиткIэ итхыжауэ арат.
ЩIэныгъэлIхэм мы къэхутэныгъэр нэхъ куууэ яджыну я мурадщ, а зэманым алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэмрэ адыгэ-абазэ лъэпкъхэм пасэрейм щаубыду щыта увыпIэмрэ джынымкIэ сэбэп хъунущи.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: