Хуэфэщэн зэман трагъэкIуадэ

         Урысейми Европэми къикIыурэ XVIIXIX лIэщIыгъуэхэм Адыгэ Хэкур зрагъэлъэгъуну къакIуэу щыта щIэныгъэлIхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ гу лъамытэу къэнакъым адыгэ бзылъхугъэхэм я къабзагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ, шхыныгъуэ гъэхьэзырынымрэ дэрбзэрынымкIэ абыхэм яхуэдэ зэрыщымыIэм.

         Абыхэм ящыщ зым адыгэ бзылъхугъэхэм я IэщIагъэм пщIэшхуэ хуищIу нэгъуэщI лъэпкъхэм яригъэщIэн щхьэкIэ, мыпхуэдэу итхыгъат: «Адыгэ бзылъхугъэхэр адрейхэм къащхьэщокI зэрыIэкIуэлъакIуэмкIэ, IэщIагъэ дахэ зэраIэмкIэ. Абыхэм IэкIэ зэгуадар мытIэпIыжурэ езы щыгъыныр мэлажьэ. Адыгэ бзылъхугъэхэм я дыщэидэр хуабжьу быдэщ, къызэрымыкIуэу дахэщ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ ахэм ямыгъэзащIэми, уолъагъу я IэпэIэсагъыр, сыт хуэдэ Iуэхуми зэрыхуэIэрыхуэр».

         Эдмонд Спенсер Инджылызым къикIыу XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Адыгэ къэралыгъуэм куэдрэ щыхьэщIа нэужь итхыжа «Путешествия в Черкесию» тхылъым адыгэ бзылъхугъэхэм ятеухуауэ  мыпхуэдэу щыжеIэ: «Сэ слъагъу зэпытт гуащэм ипхъухэр и гъусэу дыщэидэ ящIу. Мы IэщIагъэ хэхам хуэфэщэн зэман трагъэкIуадэ бзылъхугъэхэм. СызихьэщIэ унагъуэм ис бзылъхугъэ псоми, пасэрей гуащэхэм ещхьу, цы, чэтэн хуэдэхэр зэIуащэрт. Адыгэ бзылъхугъэхэм я Iэдакъэ къыщIэкI хьэпшыпхэр езым я унагъуэ закъуэртэкъым щIащIыр. Абыхэм  махъшэцымрэ бжэныцымрэ зэIуащэрт пIэтепхъуэ хъарзынэу, дахэ дыдэу ящIыр уанэгу щхьэнтэхэмрэ шы Iэпслъэпсхэмрэ, къамалъэхэмрэ сэшхуалъэхэмрэ. Шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэ гъэхьэзырынымрэ тхъу еуэнымрэ щыхуэкIуэкIэ, абдежи адыгэ бзылъхугъэхэм къалъэщIыхьэн щыIэкъым.

         Илъэс минкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа хьэрып географ, зекIуэлI Абул-Хьэсэн Али аль-Масуди Адыгэ Хэкум къыщыкIуам адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ гу лъитэри, и тхылъым иритхэгъат: «Абыхэм я бзылъхугъэхэр цIэрыIуэщ гъэсэныгъэ дахэ зэрахэлъымкIэ. Ахэр хуэпащ данэмрэ шылэмрэ къыхэщIыкIа, дыщэкIэ хэдыкIа щыгъын хужь дахэкIэ. Абы я хэкум дежщ «тал» зи цIэ щэкIыр щызэIуащэр. Ар «дибаки» щэкIым нэхърэ нэхъ пIащIэщ, ауэ IэджэкIэ нэхъ быдэщ».

 

ХЬЭКЪУН Барэсбий.
Поделиться:

Читать также: