Тхыдэ

Жыхьэнмэм зэ щыIа лъэпкъыр игъащIэкIэ псэунущ

1944 гъэм и гъатхэпэм и 8-р балъкъэр лъэпкъым и махуэ мыгъуэщ. А махуэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и унафэкIэ балъкъэрхэр залымыгъэкIэ хэкум ирашри, Къыргъызым, Къэзахъстаным яшауэ щытащ. Апхуэдэ Iуэху гуауэр зэфIэгъэкIыным къыхашат генералитху, къэрал шыныгъуэншагъэм и комиссаритI, цIыху мин 21-рэ зыхэт НКВД-НКГБ-м и гупышхуэ. Ар зраутIыпщар ягъэIэпхъуэ цIыху мин 38-рт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы сэлэт е зы офицер цIыхубзитIым е сабиитIым хуэзэт. А сэлэтхэм я нэхъыбэр хэтат къэрэшейхэр, къалмыкъхэр, шэшэнхэр, ингушхэр щыдашми.

АдрыщI шу

… Мыпхуэдэ хъыбар яIуатэу зэхэсхащ, пцIыи пэжи, тхьэм ещIэ. Зэрызэхэсхам хуэдэу вжызоIэж. Хуейми ирепэж, хуейми ирепцI – ара-тIэ, нэхъыщхьэр? Аракъым. Ящыгъупщэркъым – аращ нэхъыщхьэр…

Шы псори зэхуэдэкъым

Мэртазэ и къуэр зекIуэ къикIыжу Къуэгъулъкъуей къыдыхьащ. Уэрамым къыздрикIуэм сабий гуп джэгуу ирохьэлIэ икIи мурад ещI зы щIалэ цIыкIу къидыгъуу къану ипIыну. Сабийхэм къащыхыхьэм, абы и къамышыр зыIэпигъэхуащ, зы щIалэ цIыкIум ар къыщыхуишиижым, къипхъуатэри ирихьэжьащ. Сабийр Къуэгъулъкъуэхэ яйт.

Адыгэхэмрэ нартыхумрэ

Нартыхур Америкэ континентым кърашу XV лIэщIыгъуэм и кIэм, XVI  лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Евразием къахьэса пэтми, ар лъэпкъ къэкIыгъэ зыхуэхъуар куэдкъым. Ар къызыхэкIам езым и щхьэусыгъуэ иIэжщ. ЗэрытщIэщи, гъавэхэкIыщIэхэр, хадэхэкIыщIэхэр, жыгIэрысэ лIэужьыгъуэщIэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми къабыл ищIын щхьэкIэ, ахэр езым къыдекIуэкI къэкIыгъэ гуэрым ещхьын хуейщ. ЕтIуанэу, ахэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ (бэвагъкIэ, фIагъкIэ, къыщагъэкI щIыгум зэрезэгъымкIэ, цIыхум дежкIэ сэбэп зэрыхъумкIэ) ефIэкIын хуейщ «къэкIыгъэжьхэм».

Испыхэмрэ абыхэм я унэхэмрэ

Испыхэр Нарт эпосым хэт цIыху цIыкIужьей лъэпкъыгъуэщ. Я цIыкIуагъым емылъытауэ испыхэр хуабжьу къарууфIэт, губзыгъэт, акъылышхуэ ябгъэдэлът, лIыгъэшхуэ яхэлът, пагэхэт. Щхьэхуитыныгъэр я нэрыгъыу, къызыфIэщIыж хьэл яхэмылъу эпосым къыхощыж.

Исмел Псыгъуэ

1763 гъэм урыс дзэпщхэм Къэбэрдейр мафIэлыгъейм хадзащ. Дзэпщ къанлыхэм къагурыIуэрт: Къэбэрдейр Iэрыубыд умыщIмэ, Кавказыр уи лъэгу щIэбгъэувэфынутэкъым. Зыми и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым къэбэрдейхэм: игъащIэ лъандэрэ щхьэхуитт, я хуитыныгъэм папщIэ я псэ еблэжынукъым – ар я тхьэлъанэт ди лъэпкъым и нэхъыбапIэм. Черкасскэ унэцIэр къыфIащауэ урыс къалащхьэм дэс епцIыжакIуэхэр зэщэр нэгъуэщIт: урысыдзэр къагъэсэбэпурэ, Къэбэрдейр я IэмыщIэ зэрыраубыдэжынырт.

Инал

«Тхьэр акъылрэ IущыгъэкIэ зыхуэупса пщышхуэт Инал. Абы и унафэ ткIийм щIэхуэри, адыгэхэм зэныкъуэкъуныр зыханащ.

Ридадэ

Урыс тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Тмутэрэкъан дзэпщыр, Мстислав, касогхэм я деж зэуакIуэ къэкIуэгъащ (урыс тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, 1022 гъэм). ДзитIыр зэпэува нэужь, щыхьэт тохъуэ урыс тхыдэр, касог дзэпщым, Ридадэ, Мстислав жриIащ: «ДзитIыр щхьэ зэрыдгъэукIрэ: уэрэ сэрэ дызэгъэбэни, укъыстекIуэмэ, си лъапсэри, си бынри, си мылъкури ууейщ. СыптекIуэмэ, уи лъапсэри уи бынри сысейщ».

Хьэлэ хьэлъэт

Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и зы Iыхьэщ пащтыхь къэралыгъуэм адыгэ щIыналъэхэр зэкъуичын щыщIидза лъэхъэнэр. Абы и пэщIэдзэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кучук-Кайнарджий мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэрщ.

Гуужьымрэ выжьитIымрэ къезыгъэла лIыжь губзыгъэ

Мазих нэблагъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыфыщIа нэмыцэдзэр Зеикъуэ къуажэм щыдахужым, абыхэм якIэлъежьащ ягъэдела, ядэлэжьа цIыху гуэрхэр. Полицайхэм я унафэщIу лэжьа Шидэ абыхэм я фIэщ ищIат бийр махуэ бжыгъэкIэ икIуэтыжу къигъэзэжыну.
Къуажэр нэмыцэдзэм яубыда иужь колхозыр якъутэжри, бригадэхэм я пIэкIэ унагъуэхэр пщIырыпщIу зэгуагъэхьэурэ мылъкур трагуэшат. Ди унагъуэр зыхэт гупым и тхьэмадэр, къытлъыса зы выгу зэщIэщIар зэгъэбыдылIар Хьэжы Батырбэчт. Абы и пщэм иралъхьат къуажэм къахуэна гуужь закъуэри ихъумэну.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ