Жыхьэнмэм зэ щыIа лъэпкъыр игъащIэкIэ псэунущ

1944 гъэм и гъатхэпэм и 8-р балъкъэр лъэпкъым и махуэ мыгъуэщ. А махуэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и унафэкIэ балъкъэрхэр залымыгъэкIэ хэкум ирашри, Къыргъызым, Къэзахъстаным яшауэ щытащ. Апхуэдэ Iуэху гуауэр зэфIэгъэкIыным къыхашат генералитху, къэрал шыныгъуэншагъэм и комиссаритI, цIыху мин 21-рэ зыхэт НКВД-НКГБ-м и гупышхуэ. Ар зраутIыпщар ягъэIэпхъуэ цIыху мин 38-рт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы сэлэт е зы офицер цIыхубзитIым е сабиитIым хуэзэт. А сэлэтхэм я нэхъыбэр хэтат къэрэшейхэр, къалмыкъхэр, шэшэнхэр, ингушхэр щыдашми. Балъкъэрхэр я хэкум игъэкIын Iуэхур и пщэ далъхьат генерал-майор Пияшев И., абы и къуэдзэт генерал-майор Сладкевич М., щIыпIэ наркомхэу Бзиавэ К., Филатов С. сымэ, а псоми я щхьэ къытетыжыр СССР-м къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ и нарком Берие Лаврентийт.
Хэкур ирагъэбгынэрт лъэпкъым щыщ псоми – Хэку зауэшхуэм хэтахэми, ныкъуэдыкъуэхэми, адэ-анэхэми, фронтым Iутхэм я щхьэгъусэхэми, сабийхэми, депутатхэми. Абыхэм къащтэну хуит ящIыр гъуэмылэ тIэкIурэ IэкIэ къахуэщтэ мылъкумрэт – ар тонн ныкъуэм щIигъу хъунутэкъым, загъэхьэзырынуи дакъикъэ 20-30 ирату арат.
Гъатхэпэм и 9-м Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэшат цIыху 377I3-рэ, нэхъыбэр сабий, цIыхубз, лIыжьхэрт. Къэралым и европей лъэныкъуэмкIэ ирашахэри хэтмэ, балъкъэр 38053-рэ я хэкум ирагъэIэпхъукIащ.
Кавказымрэ Кърымымрэ я цIыхухэр залымыгъэкIэ хэкум щIрагъэIэпхъукIам щхьэусыгъуэ хуэхъуар – СССР-м и ипщэ лъэныкъуэм зауэ щегъэкIуэкIыным властым зыхуигъэхьэзырынкIэ зэрыхъунурт. Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэ къыщихьмэ, Сталин и мурадт хы ФIыцIэ Iуфэм зэхъуэкIыныгъэхэр щригъэкIуэкIыну, 1921 гъэм Тыркум хуит хуищIа Армениемрэ Куржымрэ зыIэригъэхьэжыну. Абы ипкъ иткIэ, лъэпкъкIэ, динкIэ, бзэкIэ тыркухэм япэгъунэгъу лъэпкъхэр СССР-м и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щысыныр фейдэтэкъым.
Балъкъэрхэр я хэкум ирагъэIэпхъукIын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ парт IуэхущIапIэхэм, КъБАССР-м и НКВД-НКГБ IэнатIэхэм бгылъэ щIыпIэхэм щIэпхъаджащIэхэр щыетауэ жаIэу ягъэхьэзыра тхылъымпIэ нэпцIхэр. Ауэ щыхъукIи абыхэм ябзыщIащ балъкъэрхэр хахуэу Хэку зауэшхуэм зэрыхэтыр.
ЦIыхухэм я хэкур егъэбгынэныр, лъэпкъ псор и щIыналъэм ихуныр Сталин и Iизыныншэу екIуэкIыртэкъым. Автономиехэр ягъэмэщIэн мурадкIэ, балъкъэрхэр Къыргъызымрэ Къэзахъстанымрэ гъэIэпхъуэным теухуауэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэр къыщыдэкIар I944 гъэм мэлыжьыхьым и 8-рщ, лъэпкъыр хэкум ирашу зы илъэс дэкIа нэужькIэщ. А къэхъугъэ гуауэр щекIуэкIар балъкъэр минипщIым щIигъу фронтым щыIута лъэхъэнэрщ. Абыхэм ящыщ куэд Берлин нэсащ, зауэм хахуагъэ щызэрахьащ, тылым щыIахэми лIыгъэ яхэлъащ.
Хэкур зэрабгынэ гъуэгум балъкъэрхэм щафIэкIуэдащ мэжэщIалIагъэм, щIыIэм, уз зэрыцIалэхэм яхьа я Iыхьэ щанэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и райониплI – Шэрэдж, Хуламо-Безенги, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ – нэщI хъуащ. ПсэкIи, узыншагъэкIи, мылъкукIи хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ а лъэхъэнэм балъкъэр лъэпкъым. Унэхэр, лъапсэхэр, Iэщхэр, джэд-къазхэр, мылъкухэр, щыгъынхэр, унэлъащIэхэр – игъащIэ псокIэ зэхуахьэсахэр къэралым зэщIикъуащ. Жылэ 62-рэ ябгынащ абы щыгъуэ.
Зэрыщыту къапщтэмэ, лъэпкъым ираха лейм балъкъэрхэр къэралым и жылагъуэ-политикэ, щэнхабзэ гъащIэм хитхъыкIащ. НэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуахэм я литературэр, тхыдэр, бзэр зэрахьэнымкIэ, зрагъэужьынымкIэ Iэмал яIэжтэкъым. Театрхэр, творческэ гупхэр лэжьэжыртэкъым, щIэныгъэ лэжьыгъэри къэувыIат, уеблэмэ я анэдэлъхубзэкIэ зы тхылъи къыдагъэкIыну хуитыныгъэ яIэтэкъым. ЖыпIэнуракъэ, балъкъэрхэм уащрихьэлIэртэкъым къэралым, дуней псом ис лъэпкъхэр зэрыт тхылъым, щIэнгъуазэхэм. Ар лъэпкъ зэхэщIыкIми удынышхуэ езыдза Iуэхугъуэщ.
Балъкъэрхэм я щIыналъэм пэIэщIэу щыпсэуа лъэхъэнэм яфIэкIуэдащ IуэрыIуатэри мылъку щэнхабзэри. КъищынэмыщIауэ, властым ахэр къыхуриджэрт къуэншагъэр я деж къыщалъыхъуэжыну, ямыщIа щIэпхъаджагъэхэм щхьэкIэ жэуап яхьыжыну.
Хэкум зэрырашам кърикIуа мыгъуагъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъым и автономиер зэрыфIэкIуэдар – арат совет жылагъуэм, къэралым лъэпкъ статусыр дэзыгъэкIуэтейуэ иIэ пщалъэ нэхъыщхьэ дыдэр. 1944 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къыдигъэкIауэ щытащ балъкъэр лъэпкъым и автономиер гъэкIуэдыным теухуауэ. 1944 гъэм ныкъыгъэм и 29-м абы къыкIэлъыкIуащ балъкъэрхэр зэрыса куейхэр гъэмэщIэным теухуа унафэри. АдэкIэ яхъуэжащ жылэхэм я цIэхэри. Апхуэдэу Яныкъуей - Ново-Каменкэ, Къэщкъэтау – Советскэ, Хьэсэней - Пригорнэ, ЛэшкIута – Заречнэ, Былым - Угольнэ хъуащ.
Балъкъэрхэр я хэкум зэрырахуар гулъэф хуэхъуащ республикэм и экономикэ зыужьыныгъэми, абыхэм къащIэна щIыхэр къэнахэм хуей-хуэмейми зэрахьэну къалэн щащIащ. Адыгэ урыс жылагъуэхэм, гъунэгъу хэгъуэгухэм щыпсэухэр балъкъэрхэр здэщыса щIыпIэхэм ирагъэтIысхьэрт.
Лъэпкъым и егугъуныгъэмрэ къэрал политикэ убзыхуамрэ я фIыгъэкIэ илъэс бжыгъэ куэд дэкIа нэужь, зэтеувэжащ зэгуэрым гущIэгъуншэу зэтракъутауэ щытар. Ауэ къуэншагъэ лъэпкъ ябгъэдэмылъу кIуэдахэм къыпхуегъэгъэзэжынукъым.

Сабанчиев Хьэжы-Мурат, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
Поделиться:

Читать также: