Тхыдэ

«Шордакъыжь» бгы лъапэм

Тхыдэм и напэкIуэцIхэр

Картэм и тхыдэр

Сыт хуэдэ зэманми цIыхухэм дунейр къызэхакIухь. ЦIыхум и лъэ нэхъапэкIэ щимыгъэува щIыпIэ къыщыхутэIа хъужыкъуэмэ, а щIыпIэм и щхьэхуэныгъэхэр, и гъуэгур дамыгъэ гуэрхэмкIэ къызэрагъэлъэгъуэным и ужь итхэт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къежьащ щIыпIэ къэзыгъэлъагъуэ япэ картэхэр. 

Кавказ Псы Хущхъуэхэмрэ къэбэрдей адыгэхэмрэ

Кавказ Псы Хущхъуэхэр илъэс 225-рэ щрикъу махуэм ирихьэлIэу, къэбэрдей адыгэхэр къызыхэщ дэфтэр гъэщIэгъуэн утыку къыщрахьащ «КоммерсантЪ» газетым. Петуховэ Аннэ дигу къегъэкIыж Урысейм япэ зыгъэпсэхупIэхэр къыщызэIуахауэ зэрыщытар.

Къэбэрдей уэркъхэр - Польшэм

XVI лIэщIыгъуэм Польшэм къэбэрдей уэркъитху зэрыкIуэгъамрэ иужькIэ абыхэм я щхьэ кърикIуамрэ теухуа лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр лыхь (поляк) тхыдэтх Крушнински Мартинщ. А псалъэмакъым къыпещэ Германием къикIыжа, Мейкъуапэ щыпсэу еджагъэшхуэ Едыдж Батырай.

Дэ жытIэркъым мыбы къыщыхьа Iуэхугъуэхэр, цIэ-унэцIэхэр, лъэхъэнэр, нэгъуэщIхэри тэмэм дыдэу къэгъэлъэгъуа хъуауэ. Ахэр зэхэзыгъэкIыпхъэр тхыдэтххэрщ. Ауэ тхыгъэр лъэпкъ тхыдэм ехьэлIауэ зэрыщытри, абы лыхь щIэныгъэлI зэрытетхыхьари гъэщIэгъуэнщ, ди гугъэщ ди щIэджыкIакIуэхэми ар щIэщыгъуэ ящыхъуну.

Тхыдэ щIэныгъэм гъуэгу къыщытехьа бгъэдыхьэкIэщIэхэр

         Аулъэ Мэлыч Мухьэммэд-Iэмин илъэс 180-рэ щрикъум игъэхьэзыра тхыгъэм («Кавказ зауэр: Iуэху еплъык1э зэтемыхуэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ») къыпыдощэ.

      Мухьэммэд-Iэмин илъэс куэдкIэ дин щIэныгъэ зэригъэгъуэтыным иужь итащ, хьэрыпыбзэми, шэрихьэт хабзэми фIыуэ хищIыкIыу. ЩIалэ дыдэу ар XIX  лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм я кум Щамил и унафэм щIэту екIуэкI щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм хыхьащ. Илъэс 13 фIэкIа имыныбжьу   зэхэуэхэм хэтащ. Адыгэ Хэкум щагъэкIуа 1848 гъэм ар илъэс щэщI ирикъуа    щIалэ губзыгъэт. 

Дэжыгыр яблэри, зэрыблэр къахь…

ГуэщIын - зы Iуэху хьэлъэ гуэрым пэлъэщын, зэфIэгъэкIын, жыхуиIэщ.
Гунабдзэ - гулъытэ зиIэ, набдзэгубдзаплъэ.
Дэжыг - дэкIэ ябла жыг къудамэ. «Дэжыгыр яблэри, зэрыблэр къахь», жаIэ адыгэхэм.
ДзэщыкIуэ // дзэщакIуэ - зэуэкIэ хабзэ.
Жьгъыр - къурш дзакIэ.
Зэгъалъэ - бостей.
Зэлэн - зэгурыIуэн.
КIэсахъуэ - IэщIэвыщIахъуэ.

Адыгэ мифологием дунейр зэриухуэр

Дунейр ухуа зэрыхъум теухуауэ адыгэ мифологием сюжет укъуэдия иIэкъым. 

Ди IуэрыIуатэхэм дыхэплъэмэ…

«Зевс къызэралъхуар» пасэрей алыдж IуэрыIуатэмрэ «Бэдынокъуэ и сабиигъуэр» нарт хъыбарымрэ зэдгъэпщэнщ.

Зевс и адэ Крон езым и бынхэм ящышынэрт къызэрыIэту, къулыкъур трахынкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и адэ Уран зэгуэр иращIар къращIэжынкIэ. Абы къыхуалъху бын псори гущIэгъуншэу ишхырт. И щхьэгъусэ Рее хуеякъым иужьрей сабийр фIэкIуэдыну икIи и адэ-анэм я чэнджэщкIэ Крит хытIыгум кIуэри, абы и бгъуэнщIагъ куухэм ящыщ зым и къуэ нэхъыщIэ Зевс къыщилъхуащ. Рее, и къуэр и лIым щибзыщIащ икIи абы и пIэкIэ хъыдан жэрумэм кIуэцIышыхьа мывэ кIыхь ишхыну иритащ.

Хьэ­тIохъущокъуэхэ зэрагъэкIуэдам теухуауэ

 Илъэсищэм нэскIэ щыпсэуащ ХьэтIохъущокъуэхэ иджырей ХьэтIохъущыкъуейм. Иужьым, 1925 гъэм Нартсанэ къалэм Iэпхъуэжауэ щытахэщ. Абы икIри, борэным ирихьэжьа жьуджалэхэм хуэдэу, ахэр хэт Азербайджаным, хэти Куржым, хэти Тыркумэным, хэти нэ­гъуэщI щIыпIэхэм Iэпхъуауэ щы­тащ, я щхьэм щышы­нэжу, я псэм тегузэ­выхьыжу.

Я гъащIэр гугъу-тыншми, Iей-фIыми, хьэлъэ-псынщIэми ХьэтIохъущокъуэхэ псэурт. Лажьэрт. Еджэрт. Шхэжырт. Ауэ…

Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я къуэпсхэр

Тхыдэ гъуэгухэмкIэ

Ардзинбэ Вячеслав: Дэ сыт щыгъуи дызэгъусэнущ

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ