Тхыдэ

Челеби Эвлиярэ адыгэхэмрэ

Тхыдэ гъуэгуанэхэм илъэс куэдкIэ ирикIуэу, Кавказымрэ абы щыпсэу лъэпкъхэмрэ я къекIуэкIыкIам икъукIэ убгъуауэ тепсэлъыхьахэм ящыщщ зек1уэл1 Челеби Эвлия. Абы илъэс 40-кIэ къызэхикIухьащ Уэсмэн къэралыгъуэмрэ абы къыпэщылъ щIыналъэхэмрэ. Куэдрэ здэщыIа щIыналъэхэм ящыщщ Адыгэ Хэкур.

Пхъэлъантхъуэ

 Адыгэ пщIантIэхэм иджыри къэс ущрохьэлIэ къудамэ цIыкIу куэд зытет пхъэ джафэхэм. ПхъэлъантхъуэкIэ йоджэ абыхэм. Лы, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып фIадзэу щытащ пхъэлъантхъуэм нэхъапэм. Нэхъ узэIэбэкIыжыIуэмэ, пхъэлъантхъуэм тхыдэ хьэлэмэт иIауэ къыщIокI...

Лъэхъэнэ жыжьэм къыщожьэ

Зи IуэхущIафэ дахэхэмкIэ дуней псом зи цIэ щызыгъэIуа IэщIагъэлIхэр ди мащIэкъым лъэпкъым. Пасэ зэманым уIэбэжмэ, дыщэкI, гъукIэ, дэрбзэр IэщIагъэхэр зи Iэпэгъуу щытахэрщ япэ дыдэу утыкушхуэ дизышауэ къэлъытапхъэр. Лъэпкъ тхыдэм уриплъэжмэ, абыхэм ящыщ дэтхэнэм и къежьапIэри къикIуа гъуэгуанэри зэхэхауэ къыщыгъэлъэгъуэжащ. Къэтщтэнщ гъукIэ IэщIагъэри, адыгэм и гъащIэм абы увыпIэшхуэ щиубыду къекIуэкIащ.

Ридание зауэзэрылIыр илъэс 505-рэ ирикъуащ

 Мысыр  къэралыгъуэм  щыIа  адыгэ  мамлюк тепщэгъуэм (I382-I5I7)  и  тхыдэм   къыхэлыдыкI  къэхъукъащIэщ  нобэ  дигу къэдгъэкIыж,  щIышылэм и 22-м илъэс 505-рэ ирикъуа  Ридание зауэзэрылIыр.

ЗэIущIэ нэхъыщхьэ

Хасэр жылэм, лъэпкъым я зэIущIэ нэхъыщхьэщ, хэку, жылагъуэ Iуэхухэр щызэфIахыу; лIакъуэ псэукIэм и щIэинщ. Иужьрей зэманым хэкурыс, хэхэс адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, КIахэм (Адыгей Республикэм) и Парламентым я фIэщыгъэцIэу къокIуэ.

Хасэм мыхьэнэшхуэ иIэт

Адыгэм я гъащIэми щIыпIэшхуэ щиубыду щытащ хасэм. Адыгэ хасэхэр зы гъэпсыкIэм тетрэ адыгэ лIакъуэ псоми щызэхуэдэу щытакъым. Лъэхъэнэ, хэку, щIыпIэ сытхэм елъытауэ хасэхэм я гъэпсыкIэр зэтехуэртэкъым.

Мэт Джунэтыкъуэ Исуф Изэт-пэщэ зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ адыгэ лъэпкъ лIакъуэри Iыхьэ-Iыхьэу, IуэхущIапIэ щхьэхуэу гуэшауэ дэтхэнэ зыми лIыщхьэ иIэжт (лIакъуэлIэшу е уэркъыу). Апхуэдэ лIыщхьэхэм хахырт ЛIыщхьэ Хасэ.

Iуащхьэмахуэ

Iащхьэмахуэ псалъэр пкъыгъуитIу – Iуащхьэрэ махуэу – зэхэлъщ. Iуащхьэмахуэ (Эльбрус) пщIэ хуащIу ягъэлъапIэ, фIыгъуэ, насып къэзыхь Iуащхьэу, адыгэ лъэпкъым и зы дамыгъэу ялъытэ.

ХамэщI къикIахэм жаIащ

Шэрджэсхэр я хъыджэбзхэм хуабжьу хуосакъ, ахэр ягъэукIытэркъым. Абыхэм я Iэхэр яубыдыркъым, нэкIэ зэрощIэ. Щауэм и хъыджэбзыр къыдихьэхын папщIэ, и зэфIэкI къигъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, шы тесынкIэ, нэщанэ еуэнкIэ, бэнэнкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ адрейхэм закъыхигъэщын хуейщ. Шэрджэсхэм, и нэхъыбапIэкIэ, япхъухэм зыхуейр къыхахыну хуитщ, ауэ малъхъэ яхуэхъунур езыхэми къыщагъуэт щыIэщ, псом хуэмыдэу ар и дуней тетыкIэкIэ, и псэукIэкIэ ягу ирихьамэ.
КЛАПРОТ Генрих, 
востоковед, академик, 1808 гъэ.

*    *    *

Нартыхур къыщежьар

Зи IэщIагъэкIэ дыщэкI, Париж щыщ Жан Шарден (1643-1713 гъэ) 1672 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ фокIадэм и I0-м нэс Тэн (Дон) псым къыщыщIидзэри, хы ФIыцIэ Iуфэр иIыгъыурэ зэпиупщIыгъащ Нарткъуажэхэм я хэгъэгур, Шапсыгъыр, Убыхыр, Абхъазыр, Ингур псым еуалIэу Мингрелым нэсыху. Шарден мазэрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ яхэтыну къыхудэхуащ хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу адыгэхэм, абхъазхэм, мингрелхэм икIи и акъылрэ щIэныгъэрэ къызэрихьу ятетхыхьыжауэ щытащ. Абы гу лъитащ а лъэпкъ псоми нартыхур къызэрагъэкIым, а гъавэхэкIым шхыныгъуэу къыхащIыкIым: «Ар гъатхэм прунжым хуэдэу халъхьэ.

Япэу къежьа Iэщэ лIэужьыгъуэхэр

Нартыр гъуэгу техьэн, зекIуэ ежьэн и пэ Iэщэ-фащэкIэ зызэщIеузадэ - зекIуэ ежьа нартым нэхъыбэрэ дэплъагъур шабзэрэ джатэрэщ; бжы е бжыщхьэ дыкъуакъуи зэрехьэ нартым. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ шабзэри, джатэри, бжыри япэ дыдэ къежьа Iэщэхэм зэращыщым. Джатэ ящI щыхъуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, гъущIыр дунейм къытехьа нэужьщ, абы и пэ ящIащ шабзэмрэ бжымрэ, ауэ а тIури Iэщэ шынагъуэ щыхъуар гъущIыр къежьа нэужьщ: щIы щIагъым куэдыкIейуэ къыщIокIыж шабзэшэмрэ бжымрэ палъхьэу щыта гъущI папцIэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ