Хасэм мыхьэнэшхуэ иIэт

Адыгэм я гъащIэми щIыпIэшхуэ щиубыду щытащ хасэм. Адыгэ хасэхэр зы гъэпсыкIэм тетрэ адыгэ лIакъуэ псоми щызэхуэдэу щытакъым. Лъэхъэнэ, хэку, щIыпIэ сытхэм елъытауэ хасэхэм я гъэпсыкIэр зэтехуэртэкъым.

Мэт Джунэтыкъуэ Исуф Изэт-пэщэ зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ адыгэ лъэпкъ лIакъуэри Iыхьэ-Iыхьэу, IуэхущIапIэ щхьэхуэу гуэшауэ дэтхэнэ зыми лIыщхьэ иIэжт (лIакъуэлIэшу е уэркъыу). Апхуэдэ лIыщхьэхэм хахырт ЛIыщхьэ Хасэ.

Жылэхэм лIыкIуэ ящIти хахт нэхъыщхьэж – Хасэшхуэр. Абы хихт Хэкум и лIыщхьэ пщышхуэр (пщы тхьэмадэр, пщы уэлийр). Щхьэхуэу щыIащ ХеящIэ (хеищIэ, хеижьэ, хеежьэ) хасикI.

Я гъэпсыкIэкIэ хасэхэр зэхуэмыдэу щытами, псоми демократыгъэ ин яхэлът. Хасэшхуэм парламент къалэныр игъэзащIэт. Хасэхэм нэхъыбэу зэрахуэр цIыхубэ, лъэпкъ Iуэхут. Ауэ зэдауэ, щхьэзакъуэ Iуэхуи зэфIагъэкIырт. Апхуэдэ къалэн игъэзащIэт, псалъэм папщIэ, ХеящIэ Хасэм.

Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, Псыжьыщхьэ (Псыжьрэ Тебэрдырэ я зэхуаку) щыIащ мывэ къалэ (жор сурэту щIауэ чырбыш унэ) ХасэмывэкIэ еджэу. Мывэм ящыщ зым къыхэщт шы лъакъуапIэрэ хьэ лъакъуапIэрэ. Мывэ гъуанэмкIэ хеймрэ мысэмрэ зэхагъэкIырт. Мысэр псыгъуэ гъурми гъуанэм икIыфтэкъым, хейр гугъу ехьми икIырт. Хасэхэр щызэхашэкIэ къаIэт Iуэхум фэрыщIыгъэкIэ ирипсалъэртэкъым, зы нэрыбгэм и акъыл закъуэкIэ унафэ ящIтэкъым. Дэтхэнэ зы цIыхуми и Iуэху еплъыкIэр яубзыхун, псори арэзы зытехъуэн Iуэхум и кIуэрабгъу нэхъыфI дыдэр унафэу яIэн папщIэ, хасэм къыщаIэта Iуэхум куэдрэ ирипсалъэрт (тхыдэм ещIэ илъэс псокIэ екIуэкIа хасэ

зэIущIэ).

Хасэм я шэсыпIэу щытащ лъэпкъ, жылэ Iуэхур псом япэ изыгъэщ адыгэ хабзэр. КъызэрыкIуэ хасэлIхэм къыщыщIэдзауэ пщы-тхьэмадэм щыщIэкIыжу быдэу тетын хуейт адыгэ хабзэм. ЩIэуэ хаха пщы-тхьэмадэм Хасэшхуэм (парламентым) и пащхьэм тхьэ щиIуэрт адыгэ хабзэм тету Iуэху ищIэну, жылэм хуэпэжыну, захуэу щытыну, Хасэм и унафэр пхигъэкIыну. Зи пщэрылъ зымыгъэзащIэу адыгэ хабзэм, адыгэ нэмысым ебакъуэ хасэ тхьэмадэ, хэт щыщми трахурт. Псалъэм папщIэ, жылэм и Iуэху пщым зэримыгъэкIуэфу далъэгъуамэ е и нэмысыр къригъэубжьыгуамэ, адыгэ хабзэм нэсу темытамэ, пщытеху ящIти трахут, пщыцIэри къытрахт.

Урыс-Кавказ зауэр иухыу Кавказым къина адыгэхэр Урысей къэралым щыщ хъуа нэужь, адыгэ лъэпкъпсо хасэхэр кIуэдыжащ. Абыхэм я пщэм дэлъа къалэн гуэрхэр къэрал къулыкъущIапIэхэм ягъэзащIэ хъуащ. ЕгъэзыгъэкIэ адэжь хэкур зыбгынэу нэгъуэщI къэралхэм къыщыхута адыгэхэм къызэрагъэпэща адыгэ хасэхэм парламент къалэн яIэжакъым. Абыхэм зэрахуэ хъуащ жылагъуэ, фIыщIэ Iуэхухэр: адыгэбзэр, адыгэ хабзэр хъумэн, тхыдэр, щэнхабзэр щIэблэм егъэщIэн, дэхуэхам дэIэпыкъун, н.

Демократием зиужьын щыщIидзэм, 1980 гъэхэм и кIэхэм адыгэ хасэхэр къыщыунэхужащ Кавказми. Абыхэм яхэтщ адыгэ хэгъэгу хасэхэри, Дунейпсо Адыгэ Хасэри. Бзэ, хабзэ, тхыдэ, щэнхабзэ сытхэм къыщымынэу, абыхэм къэрал (жылагъуэ-политикэ) Iуэхуи зэрахуэ хъуащ.

 

Мыжей Мадинэ.
Поделиться:

Читать также: