Iуащхьэмахуэ

Iащхьэмахуэ псалъэр пкъыгъуитIу – Iуащхьэрэ махуэу – зэхэлъщ. Iуащхьэмахуэ (Эльбрус) пщIэ хуащIу ягъэлъапIэ, фIыгъуэ, насып къэзыхь Iуащхьэу, адыгэ лъэпкъым и зы дамыгъэу ялъытэ.

Алыджхэм я Олимпым ещхьу, Iуащхьэмахуэ и щыгум тхьэхэр щыпсэууэ мифым жеIэ. Абы нэмыщIу удхэм я хэщIапIэ нэхъыщхьэрэ я зэхуэсыпIэу къызыхэщ IуэрыIуати щыIэщ. Нэщэнэ зыкъомкIэ уафэм пэлъыта Iуащхьэмахуэ и щыгум щыпсэу тхьэхэм ящыщу эпосым къыхощ: Тхьэ, Псатхьэ, Тхьэгъэлэдж, Лъэпщ, Амыщ, Мэзытхьэ, Созырэш сымэ. Тхьэхэм, Псатхьэ я тхьэмадэу, Iуащхьэмахуэ и щыгум илъэс къэс зэ санэхуафэ щащI.

Санэ жылэри, санэхури япэ щIыкIэ Iуащхьэмахуэ щыIащ, санэхуафэри япэу къыщежьар аращ (тхьэхэм я санэхуафэу). ЩIылъэм щыщу тхьэхэм я санэхуафэм зы нарт нэхъ ираджэртэкъым. Ираджэри нэхъ лIыгъэ зыхэлърат, зрагъафэри зы санэхубжьэт.

Тхьэхэм я закъуэ мыхъуу, нартхэми санэ яIэ зэрыхъуар, санэхуафэ ящIу къызэраублар Сосрыкъуэ и фIыщIэщ. Тхьэхэм я санэхуафэм ираджауэ, Сосрыкъуэ санэр зэрыт кIадэр Iуащхьэмахуэ къридзыхри, щIылъэм къытридзащ. КIадэр зэгуэуду санэхум хэлъ жылэхэр щIым зэрылъэIэсу къыхэкIыкIащ. Сэтэней санэр кIадэм ирилъхьэу, абрэмывэ триIубэжу илъэс дэкIа нэужь, санэху хъуащ. Санэхур зыхуэдэмрэ и щIыкIэмрэ къащIа нэужь, нартхэми, тхьэхэм ещхьу, къаублащ илъэс къэс зэ санэхуафэ ящIу.

Iуащхьэмахуэ далъагъурт нэгъуэщI фIыгъуэ куэди. Апхуэдэу, IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Iуащхьэмахуэ и щыгум псы итщ, абы уефамэ дунейр къутэжыху упсэуну къафIэщIырт. ХъугъуэфIыгъуэм и зы хэкIыпIэу зэрыщытым къинэмыщIа, Iуащхьэмахуэ дыболъагъу нэгъуэщIхэри. Псалъэм папщIэ, дунейм и къэхъукъащIэ гуэрхэр къызыхэкIыр. Ахэр епхащ Тхьэм лIыхъужьыр Iуащхьэмахуэ зэрыриIулI сюжетым. Пасэрей алыдж мифологиеми Зевс Прометей зыкIэриIулIэр Кавказым ит бгышхуэу къокIуэ. Тхьэм жиIэр имыгъэзэщIа, Тхьэр здэпсэу Iуащхьэмахуэ щыгум кIуэну хуежьа – сытми, Тхьэм зэрыпэувам къыхэкIыу, Нэсрэн-ЖьакIэ Iуащхьэмахуэ кIэреIулIэ.

Дунейм и къэхъукъащIэ гуэрхэр къытехъукIыу къалъытэ Iуащхьэмахуэ IэхъулъэхъукIэ епхам гуIэу зызэрихъунщIэм. ЩIыгур сысрэ – бэлыхь зытелъым зеухь, уафэр хъуэпскIыу гъуагъуэрэ – Iэхъулъэхъухэр зоуалIэ, жьапщэ хъурэ – лIыжьыр хьэлъэу мэбауэ, Iуащхьэмахуэ псынэ къыщIэжрэ – абы и нэпсщ.

Мы мифым и вариантым зэрыжиIэмкIэ, Iуащхьэмахуэ и щыгур щIэдыкъуакъуэр бгым кIэрыIулIа Нэсрэн-ЖьакIэ и нэпсым дихащи аращ. Адыгэм муслъымэн диныр къащта нэужь, Iуащхьэмахуэ щIэдыкъуакъуэр нэгъуэщIу къаIуатэ мэхъу.

Тхьэм мелыIыч жыхьэнмэм егъакIуэри мафIэ дэп кърегъэхь; ар Iуащхьэмахуэ и щыгум щытрилъхьэкIэ, пхесыкIри и щхьэр дыкъуакъуэ мэхъу.

Iуащхьэмахуэ и щхьэр дыкъуакъуэ хъуныр епхауэ къокIуэ ислъам сэфэт къэзыщта библие мифми – Ной (Нухь) и кхъухьым и сюжетым. Дунейр хыдзэ-псыдзэ щыхъум, Нухь бегъымбарым и кхъухьыр Iуащхьэмахуэ и щыгум фIэнэри дитхъуащ – аращ ар щIэдыкъуакъуэр. Мы сюжетым епхащ Iуащхьэмахуэ ехьэлIа нэгъуэщI гуэри.

Iуащхьэмахуэ Тхьэм (Алыхьым) и жыIэм емыдаIуэу Нухь и кхъухьыр блимыгъэкIыну поув. Ар игу темыхуэу Нухь бегъымбарым Iуащхьэмахуэ нэлат ирех. Абы къыхэкIыу тхьэм и IэмыркIэ дунейр уэлбанэ, уэсукхъуэ мэхъури, Iуащхьэмахуэ игъащIэкIэ уэс-мыл джанэ Iув щетIагъэ.

Аращ Iуащхьэмахуэ сыт щыгъуи уэсрэ мылрэ щIытелъыр. Iуащхьэмахуэ Хэкужьым, Кавказым, псэукIэ дахэм, насыпым я дамыгъэщ. Апхуэдэу ар къыхощ IуэрыIуатэми, литературэми, гъуазджэми.

«Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым къитхыжащ.
Поделиться: