Нартыхур къыщежьар

Зи IэщIагъэкIэ дыщэкI, Париж щыщ Жан Шарден (1643-1713 гъэ) 1672 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ фокIадэм и I0-м нэс Тэн (Дон) псым къыщыщIидзэри, хы ФIыцIэ Iуфэр иIыгъыурэ зэпиупщIыгъащ Нарткъуажэхэм я хэгъэгур, Шапсыгъыр, Убыхыр, Абхъазыр, Ингур псым еуалIэу Мингрелым нэсыху. Шарден мазэрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ яхэтыну къыхудэхуащ хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу адыгэхэм, абхъазхэм, мингрелхэм икIи и акъылрэ щIэныгъэрэ къызэрихьу ятетхыхьыжауэ щытащ. Абы гу лъитащ а лъэпкъ псоми нартыхур къызэрагъэкIым, а гъавэхэкIым шхыныгъуэу къыхащIыкIым: «Ар гъатхэм прунжым хуэдэу халъхьэ. ЩIым IэкIэ кумб цIыкIу щащI, жылэр абы иралъхьэри, тратхъуэж. КъэкIыгъэр къыхэкIа нэужь Iэпхъуамбэшхуэм хуэдиз и гъумагъщ, цIыху лъагагъ хуэдизкIэ докIей, и щхьэмкIэ къыщищI сэмбым илъ нартыхущхьэм хьэдзэ 300 хуэдиз тетщ. Нартыхупкъыр къамылфом и пкъым ещхьщ. Жэпуэгъуэм ирихьэлIэу хъуа нэужь, паупщIри дыгъэм хуэгъэзауэ бжыхьхэм фIалъэ, нэхъ щIэхыу гъун щхьэкIэ. Махуэ тIощI хуэдиз дэкIа нэужь къыдачыж.
Нартыхур щагъэлъалъэр шхыныгъуэр щагъэхьэзырынум и пэ къихуэущ, икIи шхыныр къыщыхащIыкIыр шхыгъуэр къыщысым дежщ. Езыр псынщIэу мавэ, сыхьэт ныкъуэ нэхъыбэ ихькъым. Къызэрытевэу бэлагъкIэ мащIэурэ зэIащIэ, икIи хуэмурэ, къару щIагъуэ темыкIуадэу хупцIынэм ещхь мэхъу. ИужькIэ мафIэр нэхъ ягъэужьыхри, шыуаным илъыр хуэмурэ щIагъэжьыхь, быдэ хъуху.
Мы шхыныгъуэр къызэрымыкIуэу хужьщ, уэсым ещхьщ, ауэ мышущ икIи хьэлъагъ иIэщ. Ар пхъэбгъу кIэщI цIыкIухэу абы щхьэкIэ ящIхэм телъу къуат. Адыгэхэр а шхыныгъуэм зэреджэр пIастэщ, мингрелхэр – гъомщ. ПIастэр гугъу удемыхьу IэпхъуамбэхэмкIэ бопIытIыф… Адыгэхэри, мингрелхэри, тыркухэм я унафэм щIэт куржыхэри, абхъазхэри, жыпIэнуракъэ, хы ФIыцIэ Iуфэм, Мэуэт хым и Палус псыдэкIыпIэм (пролив) къыщегъэжьауэ Трапезунд нэсыху щыпсэу лъэпкъхэм а шхыныгъуэращ щIакхъуэм и пIэкIэ яшхыр икIи нэгъуэщI яIэкъым. Ахэр а шхыныгъуэм апхуэдизкIэ есащи, гуэдз хьэжыгъэм къыхэщIыкIа щIакхъуэм нэхърэ нэхъ къыхах. Сэ ар а хэгъэгум и нэхъыбэм деж нэрылъагъу щысхуэхъуащ. ИкIи апхуэдэу згъэщIагъуэркъым, сыту жыпIэмэ, инджылыз пудингкIэ сышхэн зэпыту къыщысхудэхуам щыгъуэ абы апхуэдизкIэ сесати, гугъуу къысщыхъурт ар къэзгъанэу къызэрыгуэкI щIакхъуэм зестыжыныр».
XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм ирихьэлIэу адыгэхэм нартыхур зэрыхасэ, зэрыIуахыж щIэныпхъэр (технологиер) жаIэу зэхихыу, абы пIастэ къызэрыхащIыкI щIыкIэр нэрылъагъу щыхъуу япэ дыдэу зытхыжар Шарденщ. Мыбы и тхыгъэращ япэу дэзыгъэлъагъур адыгэхэм, абхъазхэм, мингрелхэм, куржыхэм нартыхум пIастэ къыхащIыкIыу зэрыщытар. Шарден пIастэр зытралъхьэу жыхуиIэ пхъэбгъу кIэщ цIыкIухэр адыгэхэр пхъэбгъу IэнэкIэ дызэджэращ.
Нартыхур Америкэ континентым кърашу XV лIэщIыгъуэм и кIэм XVI лIэщIыгъуэм и пэм Евразием къахьэса пэтми, ар лъэпкъ къэкIыгъэ зыхуэхъуар куэдкъым. Ар къызыхэкIам езым и щхьэусыгъуэ иIэжщ. ЗэрытщIэщи, гъавэхэкIыщIэхэр, хадэхэкIыщIэхэр, жыгIэрысэ лIэужьыгъуэщIэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми къабыл ищIын щхьэкIэ, ахэр езым къыдекIуэкI къэкIыгъэ гуэрым ещхьын хуейщ. ЕтIуанэу, ахэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ (бэвагъкIэ, фIагъкIэ, къыщагъэкI щIыгум зэрезэгъымкIэ, цIыхум дежкIэ сэбэп зэрыхъумкIэ, н.къ.) ефIэкIын хуейщ «къэкIыгъэжьхэм». Агрономием къызэрилъытэмкIэ, хумрэ нартыхумрэ зэхуэдэ гъавэ къэкIыгъэу зы гупым хохьэ. Гуэдз, гъасэ, хьэпцIий, хьэ, зэнтхъ лIэужьыгъуэхэр нэгъуэщI гупщ. Хумрэ нартыхумрэ шхыныгъуэ къыхащIыкIхэмрэ ахэр къызэрыхащIыкI щIэныпхъэхэмрэ зыщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, нартыхур къыщежьэм, ар Европэми, Азиеми, Африкэми къабыл щызыщIар хур зи лъэпкъ гъавэхэкIыу щытахэращ. Иджыпстуи Европэмрэ Азиемрэ нартыхур щызыщIэ, щызышх лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ хум елэжьу, зышхыу щытахэращ. Адрейхэм нартыхур къащтакъым. Пасэрей адыгэхэу хур куэду къэзыгъэкIыу щытахэм нартыхур къазэрыIэрыхьэу псынщIэу яфIэфI, яфIэкъабыл хъуащ. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, хум къыхащIыкIыу щыта шхыныгъуэ псори нартыхум къыхащIыкIыфырт. ЕтIуанэу, нартыхум и бэвагъыр хум ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инт, щIыпIэм фIы дыдэу езэгъырт. Ещанэу, нартыхур блэжьынкIэ, IупхыжынкIэ, зепхьэнкIэ куэдкIэ нэхъ псынщIагъуэт. Хум хуэдэу бгъэкъэбзэн, бужьгъэн, бгун хуейтэкъым. ЕплIанэу, нартыхур а зы щIыпIэм илъэс бжыгъэкIэ тепсэми, и бэвагъым кIэричтэкъым, узхэр къеуалIэртэкъым. Етхуанэу, нартыху жэпкъыр мэкъум къыкIэрымыхуу Iэщым яшхырт. А псор къэплъытэмэ, щIыр зи мащIэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я дежкIэ нартыхур узыблэкI мыхъун гъавэу, мэкъумылэу къыщIэкIащ.

Хьэкъун Барэсбий.
Поделиться:

Читать также: