ЗэIущIэ нэхъыщхьэ

Хасэр жылэм, лъэпкъым я зэIущIэ нэхъыщхьэщ, хэку, жылагъуэ Iуэхухэр щызэфIахыу; лIакъуэ псэукIэм и щIэинщ. Иужьрей зэманым хэкурыс, хэхэс адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, КIахэм (Адыгей Республикэм) и Парламентым я фIэщыгъэцIэу къокIуэ.

Хасэ IуэхукIэ нарт эпосым къыхэщыр зы жыпхъэм иткъым: зэм жеIэ хасэм зи лъэ вакъэ изылъхьэр екIуалIэу, зэм цIыхубз мыкIуэу. Ар, дауи, хасэм къикIуа гъуэгуанэм и лъэхъэнэ щхьэхуэхэу арагъэнщ. ЭпосымкIэ уIэбэмэ, Хасэм тхьэхэри хэту къокIуэ – Тхьэгъэлэдж, Лъэпщ, Амыщ, Мэзытхьэ сымэ. Ауэ эпосым нэхъыбэу къыхэщыр нартылIхэр щытепщэ хасэращ, абы фыз хэмыту, уеблэмэ хасэм фыз щIэупщIэнкIэ емыкIуу къыщыхэщ щыIэщ.

Ар гурыIуэгъуэщ: патриархатыр здытепщэ эпосым и шыфэлIыфэ къещтэ хасэ институтми. Нарт хасэм и тхьэмадэри пщIэшхуэ зиIэ нартылIщ – зэм Нэсрэн-ЖьакIэу, зэм Уэзырмэсу, зэм Бадыну, Алыджу, зэм нэгъуэщIу къокIуэ.

Нарт хасэм мыхьэнэшхуэ иIэт Нарт Хэкур зэпэщу псэунымкIэ. ПIалъэкIэ ящI Нарт хасэм къыщаIэтырт хэкум, нарт лъэпкъым я Iуэху куэд: хэкур бийм щыхъумэнри, гъавэ щIэнри, Iэщхъунри, тхьэмыщкIагъуэ къалъысам зэрыпэщIэтынри, къащIэхъуэ щIэблэр гъэсэнри, къ.

Пэкъуэ бзаджащIэм нартхэм я тхьэмадэ Нэсрэн-ЖьакIэ ихьу бгым щыкIэриIулIэкIэ, нартхэм хасэ зэхуашэс, Нэсрэн-ЖьакIэ Батрэзыр кIэлъагъэкIуэну траубыдэ. Абы ещхьу Нарт хасэм унафэ ещI Тхьэгъэлэдж къарита ху жылэр хъума зэрыхъунымкIэ. Жылагъуэ Iуэхум къыдэкIуэу, Нарт хасэм щаухэс дэтхэнэ зы нартми цIыхугъэу, нэмысу, щэн-зекIуэкIэу хэлъын хуейр.

Хасэ унафэр псоми я унафэт. Хасэ унафэр умыгъэзэщIа - емыкIуэшхуэт, бгъэзэщIа – щIыхь, пщIэ къыпэкIуэрт.

Хасэр лъэхъэнэ жыжьэ дыдэ къызэрыщежьэм и щыхьэту нарт эпосым нэгъуэщIи къыхощ. Нартхэм хасэ щхьэхуэ траухуэрт жьыр зэраукIыжу щыта пасэрей хабзэжьым. Нарт хасэм джэгу, санэхуафэ щащIт, я зэш щытрагъэурт, шурылъэс щыджэгурт.

«Нартхэм я хасэм сытхэр щыхъыбар?» жиIэу Сэтэней щыщIэупщIэкIэ, Сосрыкъуэ жеIэ:

Нартхэ я хасэм сыкIуащ,

«Шурылъэс къэджэгу», – къыщызжаIэм,

Шурылъэс сыджэгуащ,

Щыблэ уэкIэу сыгъуахъуэри

Батырыбжьи къысхуахьащ,

Си лIыхъужьыбжьэми сыкъефэри,

Сэри сыкъэкIуэжащ.

Нарт эпосым къызэрыхэщымкIэ, хасэр лъэхъэнэ жыжьэ дыдэм къыщожьэ. Хуэбгъэфащэ хъунущ лIакъуэр цIыхубзымкIэ (анэмкIэ) къыщалъытэу щытам щыIауэ. Ар нэсу пхуэмыгъэбыдэми, абы и лъэужь къыхощ кIахэ текст гуэрхэм – ныуэ хасэ, ныхас (нэуэжь, фыз хасэ) жэуэ яхэт псалъэхэм, абыхэм ятеухуа IуэрыIуатэхэм.  Ныуэ хасэм и гуащэу щытар Алыджхэ я гуащэрауэ жеIэ.

Эпосым нэхъыбэу къыхэщыр Нарт хасэращ. Ныхаси Нарт хаси зы зэман зэдыщыIауэ пхутеубыдэркъым. Нэхъ тыбогъэчыныхь япэ щIыкIэ ныхасэ щыIарэ иужькIэ, цIыхухъум бжьыпэр иубыда нэужь, абы и пIэ лIы хасэ - Нарт хасэ – къиувауэ.

«Хасэм» нэмыщIу, эпосым ущыхуозэ «зэхуэс» мыхьэнэр иIэу иджыри зы псалъэм – пэкIу. «УзытекIуэм пэкIум ухегъэн» жыхуиIэ псалъэжьми языныкъуэхэм мыхьэнэуэ кърагъэкIымкIэ, «узыщымысхьу махуэ къэс щыптIагъэ щыгъыным цIыху зэхуэсышхуэм урихыхьэжыфынкъым» жыхуиIэу аращ.

 

 

 

Мыжей Мадинэ.
Поделиться:

Читать также: